Сдам Сам

ПОЛЕЗНОЕ


КАТЕГОРИИ







ЦIЫХУБЗЫМ ЩIЫХЬ ХУЭЩIЫНЫР, ЦIЫХУХЪУМРЭ





ЕХАНЭ IЫХЬЭ

АДЫГЭ ЛЪЭПКЪ ЩIЭНЫГЪЭР

 

 

ИЛЪЭСЫЩХЬЭМ И ЛЪЫТЭКIЭ*

 

ЦIыхум и псэукIэр иубзыхун, дунейм и зэхъуэкIыкIэм елъытауэ ар игъэпсын щхьэкIэ, зэманыр къилъытэн хуей хъуащ. Дыгъэм, мазэм, вагъуэхэм, планетэхэм я зэхущытыкIэм, я зекIуэкIэм, я зэблэкIыкIэм кIэлъыплъурэ, цIыхум гу лъитащ гъэмрэ щIымрэ я зэ къекIуэкIыгъуэм хуэзэу дыгъэмрэ щIыгумрэ, вагъуэхэмрэ щIыгумрэ я зэхущытыкIэми зихъуэжурэ къызэрытригъэзэжым. Апхуэдэу дунейм и зэ къекIуэкIыгъуэр - илъэсыр - зэманым и щапхъэу цIыхум къищтащ.

АдэкIэ, илъэсым и кIуэцIкIэ мазэр пщыкIутIрэ къэунэхумэ кIуэдыжу зэрыщытри цIыхум белджылы щыхъуащ, абы ипкъ иткIэ цIыхум илъэсыр мазэ пщыкIутIу игуэшащ, илъэсым къыкIэлъыкIуэ нэхъ щапхъэ цIыкIуу мазэр къищтащ.

Ауэ, дыгъэм тещIыхьа илъэс хъуреймрэ мазэр пщыкIутIрэ къэунэхуу кIуэдыжыным теухуа илъэсымрэ зэтехуэркъым, зэщхьэщокI. Мазэм теухуа илъэсыр махуэ пщыкIуз хуэдизкIэ нэхъ кIэщIщ, сыту жыпIэмэ, уафэгум ит мазэм и къэунэхуныгъэмрэ и кIуэдыжыгъуэмрэ махуэ 29-рэ фIэкI хъуркъым, апхуэдэ мазэ пщыкIутIыр зэрыхъур махуэ 354-рэщ; дыгъэм теухуа илъэсыр махуэ 365-рэ плIанэрэ мэхъу. Апхуэдэу мазэм теухуа илъэсыр гъэ къэс махуэ пщыкIузкIэ япэкIэ кIуатэурэ, ар илъэс 33-рэ щрикъум деж, дыгъэм теухуа илъэсыр 32-рэ хъу къудейщ.

Апхуэдэ щIыкIэкIэ, илъэс лъытэкIэу тIу щыIэщ: зыр - дыгъэм къыдекIуэкI илъэсщ, адрейр - мазэм къыдекIуэкI илъэсщ. Дыгъэ илъэсымкIэ мабжэ къэралыгъуэу щыIэм я нэхъыбэр. Мазэм теухуа илъэс бжыкIэм нэхъ тету щытахэр муслъымэн къэралхэр арт. А къэралхэми, къанэ щIагъуэ щымыIэу, дыгъэ илъэсым теухуа зэман къэлъытэкIэр къащтащ, ауэ абыхэм къыщыдэкI тхылъхэм, газетхэм, календархэм ящыщ куэдым нобэ къыздэсым илъэс бжыкIитIри иратхэ. Илъэс бжынми къыщIэдзапIэу ягъэувымрэ илъэсыщIэр къыщихьэ зэману къалъытэмрэ зэтемыхуэу ижь-ижьыж лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ. Псалъэм папщIэ, пасэрей журтхэм гъэр бжыныр ди эрэм и пэкIэ илъэс 3.761-рэкIэ Iэбэу къыщыщIадзэу щытащ, илъэсыщхьэу (илъэсыщIэр къыщихьэ махуэу) ягъэувари октябрым и 7-рт. Вавилоным илъэсыщIэр къыщихьэ зэману ялъытэр гъатхэм жэщымрэ махуэмрэ зэхуэдиз щыхъу махуэр арт. Пасэрей алыджхэм я илъэсыщIэр къыщихьэр гъэмахуэм махуэр нэхъ кIыхь дыдэ щыхъур арт, илъэс бжыныр къыщрагъэжьари ди эрэм и пэкIэ 776-нэ гъэрт: япэ дыдэ Олимп джэгур къыщежьар а гъэрауэ къаIуэтэжти, абы и хьэтыркIэ а илъэсыр бжыгъэ ублапIэ ящIауэ щытащ. Урымхэри ди эрэм и пэкIэ илъэс 753-рэкIэ Iэбэрэ Рим къалэр щытIыса гъэм илъэс бжыныр къыщыщIадзэу щытащ. Петр Езанэр пащтыхьу увыным и пэкIэ, Урысейм илъэсыщIэр къыщихьэу щытар сентябрым и 1-рщ, абы ипэжкIэ илъэсыщIэр къыщихьэу щытар мартым и 1-рт; илъэс бжыныр къыщыщIадзэр ди эрэм и пэкIэ илъэс 5509-рэкIэ уIэбэжмэт. Иджы дызытет илъэс бжыкIэри, илъэсыщхьэу диIэри 1699-рэ гъэм и декабрым деж Петр Езанэм и унафэкIэ Урысейм щигъэуващ.

Иджы къэралу щыIэм я нэхъыбэри ди къэралри зытет илъэс бжыкIэр илъэс 1966 и пэкIэ къыщыщIадзащ. Ар - чристан диным ирилажьэхэр Исус ХристоскIэ зэджэу, муслъымэн диным ирилажьэхэм Хьисэ бегъымбар жыхуаIэр, къыщалъхуа зэману диным къилъытэр арщ, абы къыщыщIадзэу къабжурэ къэгъуэгурыкIуати, илъэс бжыным и ублапIэу къэнащ. Муслъымэн диныр щытепщэ къэралхэм илъэс бжыным и ублапIэ ящIар Мухьэмэд бегъымбар жыхуаIэр Мэчэ къалэм икIыу МэдинэкIэ зэджэ къалэм щыIэпхъуа зэманырщ. Мазэм теухуа илъэсымкIэ къэббжмэ, абы къыщыщIэдзауэ илъэс 1385-рэ, дыгъэм теухуа илъэсымкIэ къэббжмэ - илъэс 1344-рэ мэхъу.

1925 гъэм и пэкIэ Ираныр мазэм теухуа илъэс бжыкIэм тету щытащ, илъэс бжыныр къыщыщIадзауэ щытари Мухьэмэд щыIэпхъуа гъэрт, илъэсым и ублапIэу къалъытэри, ар Iэпхъуа нэужь япэ дыдэ къэунэхуа мазэм (мухьэррэм мазэм) и япэрей махуэрт. АрщхьэкIэ, 1925 гъэм Иран парламентым закон къищтащ дыгъэм теухуа илъэс бжыкIэм техьэну. А законым ипкъ иткIэ Ираныр дыгъэ илъэсым тету мабжэ, илъэсыр махуэ 365 - мэхъу, илъэсыщIэр къыщихьэ махуэу ягъэувар гъатхэм деж махуэмрэ жэщымрэ зэхуэдиз щыхъу махуэрщ, дэ дызэрыбжэмкIэ мартым и 21-рщ, езым я дежкIэ ар илъэсым и япэрей мазэу къалъытэ.

Пасэ зэманым къыщежьауэ а махуэр (жэщымрэ махуэмрэ зэхуэдиз щыхъур) Ираным ис цIыхухэм ягъэмахуэшхуэу къогъуэгурыкIуэ, а махуэшхуэм «НоурузкIэ» йоджэ. «Ноуруз» жиIэмэ, къикIыр илъэсыщIэщ. Ар дунейр къыщызэщIэушэ, къыщызэщIэущкъулэ зэманым хуозэ. Адыгэхэми ижькIэ а махуэр гъащхьэу, илъэсыщIэм и къежьапIэу къалъытэу щытащ, абы гъэрэ щIырэ (гъэмахуэрэ щIымахуэрэ) щызэхэкI махуэкIэ еджэу щытащ.

Иджы дэ диIэ мазэцIэхэр зей пасэрей урымхэми илъэсыщIэр къыщихьэу къалъытэу щытар мартыращ, ауэ ди эрэм и пэкIэ гъэр 46-м Юлий Цезарь илъэсыщIэр январым ихьащ. Аращ Ираным я илъэс бжыкIэмрэ ди бжыкIэмрэ щIызэтемыхуэр, Ираным я илъэсыщIэри нэхъ кIасэу къыщIихьэр.

 

«Ленин гъуэгу», 1966 гъэм мартым и 13.

 

 

Илъэсыр плIыуэ зэпыудащ: гъатхэ, гъэмахуэ, бжьыхьэ, щIымахуэ.

Мартым и 22-м щIымахуэр еухри, гъатхэр къохьэ. А махуэр аращ гъэрэ щIырэ щызэхэкIри. Июным и 22-м гъатхэр еухри, гъэмахур къохьэ. Сентябрым и 22-м гъэмахуэр еухри, бжьыхьэр къохьэ. Декабрым и 22-м бжьыхьэр еухри, щIымахуэр къохьэ.

ЩIымахуэ шылэр январым и 17-м къыщыщIэдзауэ февралым и 25-м нэсщ (40).

Гъэмахуэ шылэр июлым и 18-м щыщIэдзауэ августым и 26-м нэсщ.

Гъатхэр махуэ 92 мэхъу. Гъэмахуэри абы хуэдизщ. Бжьыхьэри махуэ 91 мэхъу. ЩIымахуэр махуэ 90 мэхъу. Ар илъэсищ дэкIмэ, 91 мэхъу.

Февралыр мэзэхъуанэ жыхуаIэр аращ.

Мартым и 10-м щыщIэдзауэ, и 18-м нэсыху пIэтIрэжузщ (бэрдулхьэджузщ).

Ар хьэрып псалъэщ. КъикIыр «фызыжь уае» - жиIэу аращ.

«Гъэрэ щIырэ зэхокI» жыхуаIэр гъэмахуэмрэ щIымахуэмрэ зэрутIыпщу аращ. А махуэр аращ «мафIащхьэтыхь» жаIэу джэд щаукIри. Ар гъатхэпэ тхьэлъэIущ.

 

«Ленин гъуэгу», 1969 гъэм февралым и 22.

 

 

НЭХЪЫЖЬХЭМ ЩIЫХЬ ХУАЩIЫНЫР

 

Адыгэхэм нэхъыжьым и пщIэр къалъытэ, абы йодаIуэ, нэхъыжьым и унафэр нэхъыщIэхэм я дежкIэ хабзэщ икIи бзыпхъэщ. Иджыри къэс адыгэхэм яхэлъщ псалъэжьу «псыр щхьэтепIэншэмэ, псори хощащэ» е «нэхъыжь здэщымыIэм нэхъыщIэфI щыIэкъым» жаIэу.

Нэхъыжьым щIыхь зэрыхуащI хабзэу ижь лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэм ипкъ иткIэ жьантIэм, нэхъ щIыхь зыпылъ тIысыпIэ тыншым сыт щыгъуи ягъэтIыс. Нэхъыжьыр щыту нэхъыщIэр тIыс хабзэкъым е нэхъыжьым хуит имыщIауэ нэхъыщIэр тIысыркъым. Тутын ефэу е аркъэ ефэу нэхъыжьым ирагъэлъагъуркъым. Нэхъыжь здэщыIэ щIыпIэм къемыкIу псалъэ нэхъыщIэхэм щыжаIэркъым – ар нэхъыжьым и нэмысыр зэрахъумэм и щыхьэтщ. А хабзэм къыпкърыкIащ «нэмыс здэщымыIэм насыпи щыIэкъым» зэрыжаIэр.

ЦIыхуитI зэгъусэу гъуэгум щрикIуэкIэ, нэхъыжьыр ижьрабгъумкIэ щытщ, абы щIыхь нэхъыбэ зэрыхуэфащэр, пщIэ зэрыхуищIыр къигъэнахуэу. ЦIыхуищ щызэгъусэм деж нэхъыжьыр яку дэтщ, ныбжькIэ абы къыкIэлъыкIуэр сэмэгумкIэ, нэхъыщIэ дыдэр ижьрабгъумкIэ щытщ. Нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ зэIущIамэ, нэхъыщIэм дедзыхри нэхъыжьым гъуэгу ирет. Сэламыр япэ зытын хуейр нэхъыщIэрщ.

Iэнэ бгъэдэсмэ, гуп яхэтмэ е лэжьакIуэ щыIэмэ, абы яхэт нэхъыжьым и унафэр псоми я зэхуэдэ къалэнщ, ар зыхэт гупым мыхъумыщIагъэ къыщыхъуамэ, зыдалъагъури емыкIу зыхуащIри нэхъыжьырщ.

А псор зытеухуауэ щытар нэхъыжьыр гъэлъэпIэнырщ. Абы гъащIэм нэхъыбэ щилъэгъуауэ, куэд и нэгу щIэкIауэ, а и нэгу щIэкIахэм ар нэхъ Iущ ящIауэ зэрыщытым къыхэкIыу абы пщIэ нэхъыбэ хуэщIын хуейуэ, а нэхъыжьым жиIэм едаIуэу губзыгъагъэ гуэр къыхахын хуейуэ арат.

Нэхъыжьым нэхърэ нэхъ ягъэлъапIэ зэрыщымыIэр къегъэлъагъуэ «жьыщхьэ махуэ ухъу!» жыхуаIэ псалъэми.

Ди зэманым а хабзэми нэгъуэщI щытыкIэ иIэ хъуащ. Нэхъыжьыр зи лэжьыгъэкIэ, зи зэфIэкIкIэ, зи акъылкIэ, зи щIэныгъэкIэ щапхъэу щытхэрщ. Ныбжьым емылъытауэ, псори йодаIуэ апхуэдэхэм.

 

«Адыгэ псалъэ», 1986 гъэм декабрым и 27.

 

 

НЭХЪЫЖЬЫМ И ПЩIЭР

 

Ныш хуаукIыныр хьэщIэм пщIэ зэрыхуащI, зэрагъэлъапIэ хабзэщ. Ар куэд щIауэ адыгэхэм зэрахэлъыр хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ къыхощыж. «БланэшкIэхэр зи хьэщIэныш, бланэшэхэр зи Iэпэ шыпс», - жеIэ «Хьэтх Мыхьэмэт и уэрэдым».

Нышыр зыхуэдэм и щыхьэту, яукIам и щхьэр Iэнэм къытралъхьэ. Ауэ къыщытралъхьэ пIалъэмкIэ Кавказым ис лъэпкъхэр зэтехуэркъым. Языныкъуэхэми нышым и лым фIэкIа щхьэр къытралъхьэххэркъым. Шэшэнхэмрэ асэтинхэмрэ нышым и щхьэр псом япэу къахь. А щхьэм щыщ хуейм ишхыну аращ, ахъумэ къэбэрдейхэм я хабзэр абыхэм я деж щыщыIэкъым. Шэрджэсхэм щхьэр нэхъыжьым и пащхьэ кърагъэувэри, езыр зэрыфIэфIу ещI. Хуеймэ, къыгуиупщIыкIыурэ зытIущым ярет, езыми зыIуегъахуэ, ахъумэ щхьэр икъутэркъым. Бжьэдыгъухэмрэ шапсыгъхэмрэ Iэнэм щхьэр къытралъхьэххэркъым. Нышым и щхьэм и ижьырабгъу лъэныкъуэр гупым и тэджыжыгъуэм Iэнэм дэ щытетлъхьэкIэ, «Фэ зил фэдгъэшхар мыращ. Мыр иужьрей къытелъхьэгъуэщи, фытэджыжыну хуит фыдощI!» - жыхуэтIэщ. Аращ Къэбэрдейм хьэщIэм и егъэжьэжыныр бысымым елъытауэ къыщIыщалъытэр. ХьэщIэм епщэфIэкIыурэ, хуащIэн хуей хабзэр зэфIэмыкIауэ яутIыпщыжынукъым. Абы щыгъуэми, щхьэр якъутэу, ягуэшу, абы щыщ яIумыхуауэ гупыр тэджыжу ди деж щыхабзэкъым.

Куэдрэ къохъу щхьэр зыкъутэн хуейм щхьэкIэ зэныкъуэкъуу. АтIэ, гупым ящыщу хэт ар зи пщэ къыдэхуэр? Ар зэлъытар гуп зэхуэсар зыхуэдэрщ. ГуфIэгъуэ гуэр щхьэкIэ зэхуэса гупым, псалъэм папщIэ, зыгуэрым къуэ къыхуалъхуащ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ ищIащ, нэхъыжьхэр игъэхъуэхъуэну къызэхуишэсащ, ныш хуаукIам и щхьэр хутралъхьащ. Ар зи пащхьэ ирагъэувэни зыкъутэни хуейр нэхъыжьырщ. Мыдрейуэ, хьэщIэ къыщыхуэкIуам деж. Абы ябгъэдигъэсыну хэгъэрейхэр къызэхуашэсащ. ХьэщIэм и хьэтыркIэ бысымым ныш иукIащ. Хэгъэрейхэм нэхърэ хьэщIэр нэхъыжьмэ, нышым и щхьэр хьэщIэм и пащхьэм ирагъэувэн хуейщ, зыкъутэнури аращ. Ауэ хьэщIэм нэхърэ нэхъыжь хэгъэрей щысмэ, зратынури зыкъутэн хуейри аращ. Ар хьэщIэм и жагъуэ ищIын хуейкъым. Арыншами нэрылъагъущ ныш зыхуаукIар, пщIэ зыхуащIар. ЩыIэщ, хьэщIэр нэхъыщIэми, щыуагъэкIэ щхьэр абы и пащхьэ щрагъэувэ. «ХьэщIэ щIалэ щыIэкъым» жыхуаIэу аращ. Абы щыгъуэми, езы хьэщIэм а щхьэр хэгъэрей нэхъыжьым дежкIэ иригъэкIуэтэкIыжын хуейщ.

ТIысыгъуэм дежи аращ. Хэгъэрей нэхъыжьым ипщэкIэ, нэмысым къыхихыу, уигъакIуэ щхьэкIэ, умытIысмэ, нэхъ екIущ. Сыт щыгъуи нышым и щхьэр зыкъутэн хуейр нэхъыжьырщ. Хэгъэрейр нэхъыжьмэ – хэгъэрейм, хьэщIэр нэхъыжьмэ - хьэщIэм.

ХьэщIэнышым и щхьэр зыкъутэн хуеймрэ тIысыпIэм и тэмэмымрэ теухуауэ IуэрыIуатэм хъыбар гъэщIэгъуэн къеIуэтэж: Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэм асэтин алдар Къэбан хьэщIэу иригъэблагъат. Къэбан илъэсищэм щIигъуа лIыжьт, асэтинхэм япщт. Аслъэнбэчи Къэбэрдейм япщт, асэтинхэм я гъунапкъэм Iулъ щIыхэр и IэмыщIэ илът. Iэнэ узэдам пэригъэтIысхьэну, и ижьырабгъумкIэ игъэтIысыну къелъэIуа щхьэкIэ, адыгэ хабзэм фIыуэ щыгъуазэ Аслъэнбэч езыр хьэщIэу, пщыгъэкIи лъагэу щыт пэтми, илъэсищэм щIигъуа лIыжьым и пщэкIэ тIысын идакъым. Ар лIыжьым и гуапэ хъуащ.

Къэбан Аслъэнбэчым выгъашхэ къыхуиукIати, выщхьэ гъэвар и пащхьэм кърагъэуващ. «Iэу, уэ ущысу сэ щхьэ дауэ скъутэн!» - жиIэри Аслъэнбэч щхьэр лIыжьым и дежкIэ иригъэкIуэтэкIыжащ. Ари лIыжьым игу ирихьащ. Выщхьэр IэпщэкIэ пхуэкъутэнт, сэ щхьэкIэ зыщиплъыхьым, Аслъэнбэч и пщафIэ гъусэу кIуа Мамхэгъхэ я щIалэм къызэкъуипхъуэтри абы сэ иритащ. ЛIыжьым тхьэкIумэр къытригъэжу къыщыхуишийм, къыIимыхыу и Iэгум кърыригъэлъхьащ. Аслъэнбэч ар игу ирихьри къэкIуэжа нэужь щIалэр уэркъ ищIауэ щытащ. Мис апхуэдэу къэбэрдейхэр дэнэ кIуэми, хабзэрэ лIыгъэрэ щагъэлъагъуэу щытащ.

Иджы щхьэр зыкъутэн хуейр щыдубзыхуакIэ, ар зэракъутэну щIыкIэм и гугъу тщIынщ. Нэхъыбэм ар зэращI щIыкIэр ящIэркъыми, ямыкъутэн щхьэкIэ зэныкъуэкъу къыщIэхъур аращ. «ЗэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зыкъым» жыхуаIэращи, щхьэ къутэкIэри къуажэ-къуажэхэм щызэтехуэркъым. Хэти щыуэ, хэти плIыуэ екъутэ. Ауэ нэхъыбэм зэращIри, нэхъ тэмэму къэлъытапхъэри щы ищIыкIынырщ. ЩхьэпхэтIыгур ижьымкIэ, пэнцIывыр сэмэгумкIэ щысхэм ети, нэщIащэр уэ езым къэгъанэ. Сэ къезыта нэхъыщIэм псом япэ тхьэкIумэр къытрагъэжри ират.

 

«Ленин гъуэгу», 1986 гъэм декабрым и 27.

 

 

IЭНЭМРЭ ГУПЫМРЭ

 

«Iэнэм упэрысыху гъащIэм щыщкъым», - жеIэ адыгэ псалъэжь гуэрым. Ар адыгэм жыхуиIэр и закъуэ Iэнэм пэрытIысхьэу шхэуэ щытэджыж дакъикъэр аркъым, атIэ гупым яхэсу, нэмыс зэхуащIу, зэрылъагъуу, зэрыгъэлъапIэу, зэрыгъатхъэу, я гум гъэпсэхупIэ игъуэту Iэнэм щыпэрыс зэманырщ. «Iэнэр зыхуаухуэр лъагъуныгъэрщ», - жеIэ етIуанэ псалъэжьым. Абы къегъэлъагъуэ адыгэм Iэнэм хуищI пщIэр зэрыиныр, Iэнэ къагъэувам хуэфэщэжын пщIэрэ нэмысрэ пэкIуэжын зэрыхуейр. Ар ижь зэман лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ хабзэщ.

Гупу зэгъусэу Iэнэм щыпэрытIысхьэкIэ, а гупым хабзэ гуэр яхэлъын хуейуэ адыгэ хабзэм къегъэув. Гупым щызекIуэ хабзэр адыгэ хабзэм щыщ зы Iыхьэщ. АтIэ, зы гупу ущытын щхьэкIэ, узэгурыIуэн хуейщ, узэгурыIуэн щхьэкIэ, гуп псоми я зэхуэдэу зы хабзэ пхэлъын хуейщ.

Япэ дыдэ хабзэу а гупым ирагъэкIуэкIыр, ар зы къуажэм щыщ гупми, абы нэгъуэщI къуажэ къикIа хьэщIэ яхэтми, нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ Iэнэм зэрыбгъэдэтIысхьэрщ. Адыгэ хабзэмкIэ абы Iуэхушхуэ пылъщ - щхьэж хуэфащэ тIысыпIэ тIысын хуейщ. А хабзэм къыхэкIащ «Хабзэ мыщIэ тIысыпIэ щIэкъущ», «ЖьантIакIуэ емыкIухьщ», «УзыгъэтIыс уиубыжыркъым» жыхуаIэ псалъэжьхэр.

ТIысыпIэр гъэтэмэмыным пыщIа хабзэр икъукIэ лъэхъэнэ жыжьэм къыщежьауэ къогъуэгурыкIуэ. Нэхъыщхьэу абы хэлъыр нэхъыжьыр жьантIэм дэгъэтIысхьэнырщ. Абы зэреджэр тхьэмадэщ. ХьэщIэ щымыIэмэ, нэхъыжьагъэкIэ къыкIэлъыкIуэр тхьэмадэм и ижьырабгъумкIи, сэмэгурабгъумкIи тIыс мэхъу, ауэ хьэщIэ щыIэу щытмэ, ар, хьэщIэр, тхьэмадэм и ижьырабгъумкIэ ягъэтIыс. Езы хьэщIэр хуитщ тхьэмадэм и ижьырабгъумкIэ мыкIуэу и сэмэгурабгъумкIэ тIысыну. Ар езы хьэщIэм зэрызыхуигъэфэщэжщ, тхьэмадэм пщIэ зэрыхуищIщ.

Куэдрэ щытIыс къохъу хьэщIитIым я кум тхьэмадэр дэсу. ХьэщIэ нэхъыжьыр ижьымкIэ, хьэщIэ нэхъыщIэр сэмэгумкIэ игъэтIысу. Ар хьэщIитIыр зэбгъэдимыгъэсын щхьэкIэщ, Тхьэмадэмрэ хьэщIэ нэхъыжьымрэ тIыса нэужь, мыдрейхэр - хьэщIэхэри хэгъэрейхэри - нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ мэтIыс. Ауэ а хабзэр, лIакъуэлIэш къахыхьэмэ, якъуэту щытащ. Пщы лъэпкъ е уэркъ лъэпкъ гупым къахыхьамэ, ар куэдкIэ нэхъыщIэми, жьантIэм дамыгъэтIысхьэу хъуртэкъым, зэрыфIэлIыкIым къыхэкIыу.

Ди зэманым Iэнэм щыпэрытIысхьэкIэ тIысыпIэм щхьэкIэ зоныкъуэкъу. Ауэ иджырей зэныкъуэкъур япэрейм зыкIи ещхькъым. Пасэ зэманым «сэ уи япщэкIэ сыщысын хуейщ», - жиIэу лъы ягъажэу щытамэ, иджы «хьэуэ, сэ схуэфащэкъым, сэ уи япщэкIэ дауэ сыкIуэн, зиунагъуэрэ!» - жаIэу зоныкъуэкъу, абдежым фIэфIыпсу тIысыну пэтми. «Адыгэм и IэнэтIысыныр зэфIэкIамэ, псори зэфIэкIащ» щIыжаIэр аращ иджыри.

Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ щхьэж хуэфащэ тIысыпIэ ягъуэтрэ Iэнэм тIыса нэужь, адыгэ хабзэмкIэ тхьэмадэм бжьэр къищтэу хъуэхъуэн хуейщ. «Хъуэхъум и пэри хъуэхъущ, хъуэхъум и кIэри хъуэхъущ», - жиIащ пасэрей псалъэжьым. Абы къикIращи, Iэнэр къыщызэIупхкIи щызэхуэпщIыжкIи ухъуэхъуэн хуейщ.

Пасэ зэманым адыгэхэр дахэу, шэрыуэу, жьакIуэу, губзыгъэу хъуахъуэу щытащ. Дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми - вакIуэ тхьэлъэIуми, нысашэми, щауэишэжми, кхъуейплъыжькIэрыщIэми ехьэлIауэ хъуэхъу щхьэхуэ хужаIэу щытащ. Абы и щыхьэтщ усэ защIэу ди нобэм къэса хъуэхъу дахэ куэдыр.

Аращи, тхьэмадэр мэхъуахъуэри бжьэм йофэ, итIанэ шхыным хоIэбэ. Абы иужькIэщ мыдрей гупыр ефэнуи шхыным хэIэбэнуи хуит щыхъур. А гупыр зэхэсыхукIэ, тхьэмадэм и унафэншэу зыми зыри ищIэркъым. Хъуэхъуэнумэ, тхьэмадэм хуит зыкърегъэщI, щIыбым щIэкIынуми аращ. ЩIыбым щIэкI хьэщIэм (хэгъэрейуэ щытми) хуит зыкърегъэщIри зы нэхъыщIэ дыщIокI. Ахэр къыщIыхьэжа нэужь, езы тхьэмадэм бжьэ ярити мэхъу, е нэгъуэщI зыгуэрым тхьэмадэм хуит зыкърегъэщIри бжьэ ирет. А къыщIыхьэжам а бжьэр ирифынуи хуитщ, зригъэзэкIыу «Хьэгъэбэнэбжьэр зыхуэфащэр уэращ», - жиIэу дыщIэкIа щIалэм иритынуи хуитщ. «Хьэуэ, апхуэдэукъым», - жаIэу къуажэ-къуажэкIэ щызэныкъуэкъуи къохъу.

Гупым емыкIу ящIырт Iэнэм тефыщIыхьыр, «Iэнэр зыухъуэнщIыр». Апхуэдэ емыкIу къимыхьын щхьэкIэ адыгэлIыр гунэщIу, мышхауэ зыщIыпIи кIуэртэкъым. МэжалIэу гупым яхэхуэми, зишыIэфырт. Гупым я нэмыс зэриIыгъыным, гупым я губгъэн къызэримыхьыным дэтхэнэ зыри хущIэкъурт. Зэпкърылэлу шэнтым темысу, Iэнэм тегъэщIауэ пэрымысу, зэщIэкъуауэ, тхьэмадэм «дотэдж» щыжиIэм къэтэджыжын хьэзыру щысхэт.

Гупым дежкIэ емыкIут чэф хъуа къахэкIыныр, абы папщIэ фадэм зэрызыдрамыгъэхьэхыным дэтхэнэ зыри хущIэкъурт. Аращ «хьэгъуэлIыгъуэ» псалъэри къызытекIар. «Гъуэм» зэманщ къикIыр, «хьэуэ» ущытынрэ «лIыуэ» ущытынрэ щызэхэкI зэман жыхуиIэщ. Абы къыхэкIащ «Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ», «Гупыр зыгъэукхъуэр кхъуэм хуэдэщ» жыхуаIэ псалъэжьхэр. Зимычэзу жызыIэр емыкIу ящIырт, тхьэмадэм и Iизыншэу псэлъэну зыри хуиттэкъым. Тхьэмадэм уэрэд къыхидзэрэ зы едзыгъуэ жиIа нэужь, уэрэд фIыуэ жызыIэм иридзрэ жригъэIэ хъурт. Армыруи, «жыIэ уэрэд», - жриIэрэ жригъэIэ хъурт. Уэрэд фIыуэ жызыIэ зытIущ щIэсмэ, абыхэм яридзурэ жримыгъэIэу и закъуэ уэрэдым и кIыхьагъкIэ жиIэныр емыкIут. ЖьакIуэу, губзыгъэу хъуахъуэхэм, дахэу уэрэд жызыIэхэм щхьэкIэ «гуп гъэбжьыфIэщ, гуп гъэдахэщ», - жаIэрт.

«ХьэщIэм и къэкIуэныр езым и Iуэхущ, егъэжьэжыныр бысымым и Iуэхущ», - жаIэ. Ар щIыжаIэр нышым и къытелъхьэгъуэ зэманым и унафэр зыщIыр бысымыр арауэ зэрыщытырщ. Адыгэ хабзэмкIэ, нышыр Iэнэм къытрамылъхьауэ хьэщIэр ежьэжыну емыкIущ. ХьэщIэр нэхъ псынщIэу иригъэжьэжынумэ, нышыр имыгъэгувэу къытрелъхьэ, хьэщIэр нэхъыбэIуэрэ щигъэсыну фIэфIмэ, нышыр къытримылъхьэурэ егъэгувэ.

Нышыр къытрилъхьа нэужь, нышым и гъусэу щхьэр къахь, итIанэ гупым загъэгувэжыркъым. «ХьэщIэпIэрынэр (хьэщIэм зигъэгувэмэ) емыкIущ», - жаIэри, тхьэмадэм щхьэр екъутэ, мэхъуахъуэ, шэсыжыбжьэм йофэри къотэджыжхэр.

 

«Ленин гъуэгу», 1970 гъэм январым и 20.

 

«МЫСОСТЕЙ БЖЬИЩ», «КЪЕТЫКЪУЕЙ БЖЬИЩ»

ЩIЫЖАIАМ И ХЪЫБАРЫР

 

«Мысостей бжьищ» щIыжаIар мыращ: Пщыапщокъуэ и къуэ Къазий (ар езыр Беслъэн ПцIапцIэ и къуэрылъхут, Беслъэн ПцIапцIэ и къуэ Къетыкъуэ и къуэт) къуитху иIащ: ХьэтIохъущыкъуэ (ХьэтIохъущокъуэ лъапсэр къызытепщIыкIар), Щолэхъу, Жамболэт, Мысост, Ислъам сымэ. Я ажалкIэ лIэжами, е къаукIами, сытми Щолэхъурэ Жэмболэтрэ пасэу дунейм ехыжащ.

Къазий щылIэм къыщIэна и къуищым Бахъсэн псыхъуэм и Iэшэлъашэ щIыхэр яхуигуэшащ, мамыру зэдэпсэуну уэсяти къахуищIащ. Къазий лIа нэужь, зэшхэр зэман заулкIэ мамыру зэдэпсэуащ, ауэ фыгъуэн-ижэныр яку къыдыхьэри пщыгъэмрэ мылъкумрэ яхузэрымыгъэгуэшу, зэрымыгъэпщ-зэрымыгъатхъэу зы анэ къилъхуа зэшищыр бий кIэуфIыцI зэхуэхъуащ.

Апхуэдэу зэлъимыхьэу куэдрэ зэбия нэужь, Мысост мурад ищIащ зэшхэр зэригъэкIужыну. И къуэшитIыр къригъэблэгъащ, фадэ Iэнэ къахуищтэри, езыри яхэтIысхьэжащ.

- Дэ зы анэ дыкъилъхуащ, зы быдзыжь дефащ. Ди адэм и уэсятыр ткъутауэ сыт щхьэкIэ дызэбий? Зэш-зэхуефэ дывгъэщIи дызэвгъэкIуж! – жиIэри, я пащхьэм бжьэ зырызыхэ иригъэуващ. Зэшищыр Iэнэм пэрысщ, я щхьэхъумэхэри Iэщэ-фащэкIэ зэщIэхуэпыкIауэ къащхьэщытщ.

ХьэтIохъущыкъуэ нэхъыжьти, хабзэкIэ япэ ефэн хуейр арат, ауэ и къуэшым щхъухь хидзауэ шэч ищIырти, ефэртэкъым. ХьэтIохъущыкъуэ емыфэу Мысост, абы кIэлъыкIуэрти, ефэ хъуртэкъым. Ислъам нэхъыщIэ дыдэти, и къуэш нэхъыжьитIыр емыфауэ ефэну хабзэтэкъым.

Зыкъомрэ зраIуэнтIыхьу щыса нэужь, Мысост къэгубжьащ:

- Уа ХьэтIохъущыкъуэ, ущIемыфэр щхъухь хэздза уи гугъэу аращ, ауэ сэ апхуэдэ напэ сиIэкъым. Нобэ щыщIэдзауэ си IэмыщIэ илъ си блыгущIэтхэм хабзэу яхузогъэув «Мысостей бжьищ» жаIэу гупым къыкIэрыхуар тезыру ирагъэфэну! - жиIэри, ХьэтIохъущыкъуэ и бжьэр къищтэри ирифащ, абы иужькIэ езым и бжьэри ирифащ, а тIуми яужькIэ Ислъам и бжьэри ирифащ.

Апхуэдэу къежьащ «Мысостей бжьищым» и хабзэр.

«Къетыкъуей бжьищым» и хабзэр къыщежьар иужькIэщ.

Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэ зэманым АргуданыщIым щыщIэдзауэ Елъхъуэт нэс, ипщэкIэ асэтинхэр зыщыпсэу къуршым и жьэгъум еуалIэу, а щIыпIэ псори IэщIэлъащ. Асэтинхэр къыдэкIамэ, къызытехьэр Аслъэнбэч ищIт. Абы щхьэкIэ асэтинхэр Аслъэнбэчым къеубзэн хуей хъурт.

Арати, зэгуэрым асэтин алдар Къэбан и къуэм Аслъэнбэчыр хьэщIэу иригъэблэгъащ. Аслъэнбэч Мамхэгъхэ ящыщ щIалэ и пщафIэ гъусэу кIуащ.

Къэбан и къуэр зи ныбжьыр илъэсищэм щIигъуа лIыжьт. Iэнэ къыхузэIуахри, Къэбан и къуэжьыр къэтIысащ. Аслъэнбэчыр хьэщIэти, и ижьрабгъумкIэ, жьантIэм дришейуэ игъэтIысыну, къелъэIуащ. Аслъэнбэч адыгэ хабзэм фIыуэ щыгъуазэт, езыри хьэщIэу, пщыгъэкIи нэхъ лъагэу щыт пэтми, илъэсищэм фIэкIа лIыжьым ипщэкIэ кIуэуэ тIысын имыдэу и сэмэгурабгъумкIэ щытIысащ. Асэтинхэр къыщхьэщыуващ.

- Си бжьэм къысхуефэ, Аслъэнбэч! - жиIэри лIыжьым Аслъэнбэчым бжьэ къыIэщIигъэуващ. Къущхьэ аркъэ гуащIэр зэрыт фалъэр къызэрыгуэкI бжьэтэкъым. Зы пхъэм къыхэщIыкIауэ фалъищу зэтетт. И щIагъым итым щефэкIэ, адрей тIури абы къилъадэрти, ирифын хуейт. Аслъэнбэч и лIыгъэр осетинхэм гъэунэхупIэ ирагъэуват: япэрауэ, Аслъэнбэч хьэщIэт, хьэщIапIэм зыщиIыгъын хуейт, емыкIу къимыхьу. ЕтIаунэу, Аслъэнбэч пщыт, къратам емыфэфмэ, ефэрэ чэф игъуэтмэ, и пщыгъэ напэм екIуртэкъым, и щIыхьыр асэтинхэм я пащхьэм щыкъутэнут. Апхуэдэ напэтех къыщымыщIын щхьэкIэ адыгэлIым зигъэлIэнут. Аслъэнбэч езыр лIышхуэт икIи къарууфIэт. Асэтинхэм къыIэщIагъэува бжьэр ирифри и пащIэр иIуантIэжащ. Фалъэр щахуишиижым, Къэбан и къуэм жиIащ:

- Уи хьэлэлщ, Аслъэнбэч, улIщ, лIыгъэ уиIэщ. А фалъэр си фэеплъу зепхьэну уэ пхуезгъэщIащ.

Аслъэнбэч лIыжьым фIыщIэ хуищIри, фалъэр къыщхьэщыт и пщафIэ щIалэм иритащ.

Аслъэнбэч выгъашхэ къыхуаукIати, выщхьэр гъэвауэ къахьри и пащхьэм кърагъэуващ.

-Уэ ущысу сэ щхьэр дауэ скъутэн! - жиIэри, щхьэр лIыжьым дежкIэ иригъэкIуэтэкIащ.

Ари лIыжьым игу ирихьащ.

Выгъашхэм и щхьэр IэкIэ пхуэкъутэнт?! Сэ щхьэкIэ лIыжьым зыщиплъыхьым, Аслъэнбэч и пщафIэ щIалэ Мамхэгъым и къамэщIэлъысэр кърипхъуэтри хуишиящ. ЛIыжьым сэр Iихри тхьэкIумэр къытригъэжри сапэм пылъу къыщыхуишийм, сэр къыIимыхыжу сапэм пылъ тхьэкIумэр и Iэгур иущIри кърыригъэлъхьащ. Щхьэр зэхиупщIэтэн щхьэкIэ лIыжьыр сэм хуеинут. Ар Аслъэнбэчым игу ирихьащ.

Аслъэнбэч апхуэдэу асэтинхэм къагъэлъапIэу къагъэхьэщIэри къэкIуэжащ, фалъэ къратари къыздихьри.

Мамхэгъыр, и зыIыгъыкIам и пщIэу, Аслъэнбэч уэркъ ищIащ. Тыгъэ къыхуащIа фалъэр щыуэ зэтету зэрыщытым и цIэкIэ «Къетыкъуей бжьищ» жаIэу, гупым къыкIэрыхуар тезыру ирагъэфэну хабзэу и цIыхухэм я деж щигъэуващ. Аращ «Къетыкъуей бжьищ» жыхуаIэр. Аслъэнбэч и адэр Къетыкъуэти, и адэм и цIэкIэ игъэуващ. Аращ хъыбарым жиIэр.

 

ЩХЬЭ ЩIЭЛЪЭНЫКЪУЭ

 

Адыгэ хабзэр зэхуэхьэсыжыным, джыным куэд хэзылэжьыхьа Щоджэн Хьэзешэ сэрэ щхьэ щIэлъэныкъуэм иращIэкIыу щыта хабзэхэр зэIубз зэрытщIар мыращ. Ар адыгэ хабзэхэм увыпIэшхуэ щызыIыгъхэм, хьэщIэ зэрагъэлъапIэм щыщщ.

А хабзэр зэман жыжьэм къыщежьащ, лIэщыгъуэ куэдкIэ зэхалъхьащ. ар тхауэ щымыIэми, адыгэ лъэпкъым псоми я эхуэдэу Iэмал имыIэу зэдагъэзэщIэн хуейуэ яубзыхуащ. Аращ «хабзэмыщIэ емыкIущ» щIыжаIар. Абы къикIыр хабзэр пщIэни бгъэзэщIэни хуейщ жиIэу аращ. «Хабзэр убзэ зыфIэщIым хуэпщIэнум и ныкъуэр къегъанэр», - «сыноубзэу аракъым щIыпхуэсщIэр, хабзэщи аращ, ар къыщыбгурымыIуэкIэ, пхуэсщIэн хуейм и ныкъуэрщ пхуэфащэр» жыхуаIэщ. «Хабзэр бзэгупэкIэ зэрахьэркъым», - хабзэр жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ гъэзэщIэн хуейщ, жыхуаIэщ. А псори иджыпсту щIыжытIэр дэ зи гугъу тщIыну хабзэм ахэр епхащи аращ.

Адыгэхэм я хабзэ дахэ куэдым щыщ зыщ гупыр Iэнэм щыпэрысым и деж щхьэ щIэлъэныкъуэм иращIэкI хабзэр. «Iэнэм упэрысу къэбгъащIэр гъащIэм щыщкъым», жаIэ адыгэхэм. Ар щIыжаIэр адыгэхэр Iэнэм щыпэрысым и деж дуней гугъуехьымрэ гукъеуэмрэ ящыгъупщауэ, хабзэ дахэ яхэлъу, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, зыми губгъэн имыщIу зы тхьэмадэм и унафэм щIэту, тхъэжу Iэнэм пэрысу зэрыщытарщ.

Адыгэхэм Iэнэм иращIэкI хабзэр гупыр щызэхэтIысхьэ дакъикъэм щIедзэ. Нэхъыжьыр тхьэмадэщ, ар мытIысауэ Iэнэм зыри бгъэдэтIысхьэркъым. А тхьэмадэр езыр хахыркъым – псоми нэхърэ нэхъыжьщ тхьэм хихауи, нэхъ щIыхь зыпылъ, нэхъ пщIэ къыщыхуащIын хуей тIысыпIэм мэтIыс. Езы «тхьэмадэ» псалъэр зэрыадыгэбзэм шэч лъэпкъ хэлъкъым. Ар ди бзэм къыхэкIыу, гуп щызэхэтIысхьэкIэ иреджэу, лъэпкъ куэдым къызэращтар «тамада» жаIэущ.

Тхьэмадэм Iэнэр къызэIуех. БгъуэщIэсым (щхьэгъэрытым) кхъуэщын IэлъэныкъуэшхуэкIэ иIыгъ махъсымэр пхъэ фалъэ ин кIы гъуанэ зиIэм изу иригъахъуэрти, тхьэмадэм хуишийрт. Тхьэмадэр ар иIыгъыу гупыр щIызэхэтIысхьа гуфIэгъуэм техъуэхъухьырти, и сэмэгурабгъумкIэ хьэщIэ къыщысмэ, «хъуэхъуэн си къалэнти, сыхъуэхъуащ, ефэн уи къалэнщи, къефэ», - жиIэрти, абы иритырт. ХьэщIэм зыри жимыIэу абы хэфырти тхьэмадэм къритыжырт. ИтIанэ езы тхьэмадэр «НокIуэ», - жиIэрти, и ижьырабгъумкIэ къыщысым еджэрт. Зэджам «КърекIуэ, гъуэгуфIщ», - къыжриIэжырт. Абы иужькIэт тхьэмадэр махъсымэбжьэм хэфу а зэджам щритыр.

Ди зэманым ираф фадэм елъытауэ хабзэми зихъуэжащ. Iэнэм пэрыс псоми я пащхьэм стэчан зырызыхэ итщи, щхьэгъэрытым псом япэу нэхъыжьым ейм ирегъахъуэ, итIанэ - къыкIэлъыкIуэхэм. Тхьэмадэм и стэчаныр къищта нэужь, мыдрейхэми къащтэ. ГуфIэгъуэр зытеухуам елъытауэ тхьэмадэр мэхъуахъуэри хуеймэ йофэ, хуэмеймэ, егъэувыж. Абы и ужькIэщ мыдрейхэм я бжьэр щаIэтыр.

Мы псоми дэ я гугъу щIэтщIар щхьэ щIэлъэныкъуэм и Iуэхум пыщIа хабзэхэм ахэр епхащи аращ.

Адыгэ Iэнэм, ар гуфIэгъуэ гуэрым хуаIэтами, тхьэлъэIуми, иужь дыдэу къытехьэр нышырщ. Нышу яукIыр щынэщ е мэлщ. Ар хабзэ щIэхъуар хьэщIэм и ежьэжыныр бысымым зыкъомкIэ тещIыхьауэ, и унафэу зэрыщытыр арауэ къыщIэкIынт. «КъэкIуэныр хьэщIэм и Iуэхущ, кIуэжыныр бысымым и Iуэхущ», щIыжаIар аращ. ХьэщIэр псынщIэу иригъэжьэжынуми, игъэгувэнуми хуитыр бысымырт. Бысымым и хьэщIэнышыр Iэнэм къытемыхьауэ хьэщIэм ежьэжын Iуэху зэрихуэ хъунутэкъым, хабзэтэкъым. ХьэщIэнышыр Iэнэм къызэрытехьэу, хьэщIэм ежьэжын Iуэху зэрихуэ хъунутэкъым, хабзэтэкъым. ХьэщIэнышыр Iэнэм къызэрытехьэу, хьэщIэм къыгурыIуэрт бысымым яхуищIэнур зэрахуищIар, абы и ужькIэ хьэщIэр ежьэжыну хуит зэрыхъуар. Ди зэманми аращ зэрыщытыр.

Ауэ нышыр Iэнэм къызэрытехьэу абыкIэ Iуэхур зэфIэкIыртэкъым. Щхьэ щIэлъэныкъуэр къахьын хуейт. Ар иджы лым и гъусэу къахь щхьэкIэ, ипэкIэ апхуэдэу щытакъым. Щхьэ щIэлъэныкъуэр лы гъэвам и гъусэу яхьу хабзэтэкъым. Лы гъэвам хашхыкIынур хашхыкIа нэужь, щхьэ щIэлъэныкъуэр нэгъуэщI дэщIымыгъуу тепщэчкIэ яхьырти, Iэнэр къызэIузыхам и пащхьэм хутрагъэувэрт. Абы къикIыр - Iэнэр къызэIузыхам ар зэхуищIыжын хуейт, гупыр ежьэжыну хуит ищIын папщIэ. Ауэ, абы щыгъуэми, а щхьэ щIэлъэныкъуэр ямыкъутэу зыри къэтэджыжыну хуиттэкъым, ар хабзэтэкъым.

Хэт иджы щхьэ щIэлъэныкъуэр зыкъутэн хуейр? Ар зи къалэныр Iэнэр къызэIузыхыу тхьэмадэу гупым яхэса нэхъыжьыфIырщ. Щхьэр нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащI Iыхьэщ. Ауэ мыри зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. Нышыр щIаукIар нысашэ е лъэпкъым и нэгъуэщI гуфIэгъуэу щытмэ, щхьэ щIэлъэныкъуэр гупым нэхъыжьу яхэсым хутрагъэувэ, ауэ нышыр зыхуаукIар хьэщIэу щытмэ, щхьэ щIэлъэныкъуэр зейр а зыхуаукIа хьэщIэрщ, абыкIэ хьэщIэм пщIэ хуащIу аращи, абы хутрагъэувэн хуейщ. АрщхьэкIэ езы хьэщIэм нэхърэ нэхъыжь тхьэмадэ гупым яхэсмэ, ар къеплъу щхьэ щIэлъэныкъуэр икъутэну емыкIути, а нэхъыжьым и пащхьэм иригъэувэжырт, нэхъыжьми ар зэрыхуэфащэр ищIэжырти, зыри жимыIэу икъутэрт. Ауэ хьэщIэр нэхъыжьмэ, езы хьэщIэм икъутэрт, имыкъутэнуми, зэрыхьэщIэм щхьэкIэ хуитти, нэгъуэщI гуэрым иритырти иригъэкъутэрт.

Iэнэм тралъхьэр щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьрабгъурат. Зы Iэнэм щхьэ щIэлъэныкъуитI тралъхьэртэкъым, зы унэми щхьэ щIэлъэныкъуитI щIахьэртэкъым. ЦIыхубз Iэнэми щхьэ щIэлъэныкъуэ тралъхьэртэкъым. Ар къызыхэкIыр «щхьэ щIэлъэныкъуэр лIыжь Iыхьэщ», - жаIэу арат, лIыжьым нэмыс ирихуащIу.

Адыгэ хабзэмкIэ щхьэ щIэлъэныкъуэм нэмысышхуэ иIэт, ар адэжьхэм я Iыхьэу зэрыщытым къыхэкIыу. Ар хэт къыпэщIэхуами зэхифыщIэу ежьэж хъунутэкъым. Икъутэн дэнэ къэна, нэхъыжь здэщыс Iэнэм нэхъыщIэр щхьэ щIэлъэныкъуэм еIусэртэкъым. Адэ зиIэм щхьэ ишхыхэртэкъым, и адэм и нэмысыр ихъумэу.

Щхьэр сыт хуэдизкIэ ягъэлъапIэми, лы Iыхьэу Iэнэм тралъхьэртэкъым. А щхьэ щIэлъэныкъуэр уэ узэрыфIэфIым хуэдэу пкъутэмэ, Iэнэм щысхэр къыпщыдыхьэшхынут. Абы хабзэ белджылы иIэщ. Щхьэ щIэлъэныкъуэр къыщахькIэ сэ щIыгъун хуейт, иджы апхуэдэу ямыщIыж щхьэкIэ. Сэри и гъусэу къахьамэ, щхьэ щIэлъэныкъуэр зыкъутэм тхьэкIумэр къытрегъэжри езыр зыфIэфIым ирет, нэхъыщIэхэм ящыщ гуэрым. И пэнцIывыр къыпещIыкIри, и бгъуитIымкIэ щысым нэхъыщIэм ирет. И щхьэпхэтIыгур нэхъыжьым хуеший, ауэ езым ишхынуми хуитщ. Iэнэгум иригъэувэу зыхуейм иригъэшхи хъунут.

Адыгэ хабзэмкIэ, пасэ зэманым щхьэр Iыхьитхуу ягуэшу щытащ. Ауэ иджы нэхъыбэм зэракъутэр Iыхьищущ – пэнцIывыр, нэщIащэр, щхьэпхэтIыгур.

Мыпхуэдэуи къохъу. Щхьэ щIэлъэныкъуэм дэщIыгъуу сэ къахьакъым, ар зыкъутэми сэ иIыгъкъым. Сыт пщIэнур? Япэхэм щыгъуэ щIалэхэм къамэ щIагъым сэ щIэлъу зэрахьэрт. Нэхъыжьым сэ щхьэкIэ зиплъыхьу гу лъатамэ, щIалэхэм ящыщ зым а сэр кърихырти тхьэмадэм иритырт. А сэмкIэ къытрагъэжа тхьэкIумэр сапэм фIэлъу ар къезытам хуишиижырт. Арат «сапэпылъкIэ» зэджэр. ЩIалэр пхъуэуэ ар къыпимычу и Iэгум кърыригъалъхьэрт. Нэхъыжьым тхьэкIумэр, сэр къезытар къигъанэу, нэгъуэщIым иритыну хабзэтэкъым. А щIалэм и сэмкIэ а тхьэкIумэр къилэжьат. Ар щIыхьт, армыхъумэ шхыныгъуэ бэлыхьу аратэкъым.

Дунейм ещхьу, хабзэми зихъуэжурэ къокIуэкI. Щхьэ щIэлъэныкъуэм ехьэлIа хабзэхэми зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтащ. «Къэбублэр хабзэщ», - жиIэгъащ Жэбагъы. Ауэ нэхъыфIыр ди нэхъыжьхэм зэращIу щытам теувэжамэт.

«Адыгэ псалъэ», 1991 гъэм мэлыжьыхьым и 2.

 

УНЭИШЭ ЦIЫКIУ

 

Унэишэшхуэр ящIа нэужь, унэишэ цIыкIур ящI. Гуащэр нысащIэм щытехьэр унэишэ цIыкIуращ.

Абы джэдкъаз куэду къагъэIэгъуэ, мэл яукIри, хьэблэ фызхэр къызэхуашэс. (Унэишэ цIыкIум лIым и Iуэху хэлъыжкъым).

Iэнэм тепщэч пщыкIуз е, сэ сщIэрэ, пщыкIубл трагъэувэ, зэмыбжэгъуу. Фызыжь къомыр къотIысэкIри, нысащIэр къыщIашэ, щхьэтепхъуэр дэхьеяуэ, и нэкIур плъагъуу. Фызыжьу хъуар абдеж нысащIэм тохьэ, IэплIэ хуащI, йохъуэхъу:

- Мыр уи гуащэм къыпхуищIа псалъапщIэщ, тIасэ. ДяпэкIэ упсэлъэну хуит ухъуащ. ФIыгъуэкIэ Тхьэм уригъэпсалъэ!

Гуащэр абдеж къэтэджу и нысэм бгъэдыхьэркъым, емыкIущ, ауэ щысу къопсалъэр. Техьэр я гъунэгъу, я благъэ, я Iыхьлы фызыжьхэращ. Абыхэми псэлъапщIэ Iыхьэ ят. КърахьэлIам щыщ щхьэхуэу хутрагъэувэу мыпхуэдэу щыжаIи къыхокI:

- Мыр уи гуащэ нысэгъум и псэлъапщIэщи, абыикI уепсэлъэну ухуитщ.

Ар зэфIэкIа нэужь, нысащIэр щIашыжри, фызыжьхэр зыкъомрэ къафэу, ефэ-ешхэу зэхэсхэщ.

Нысэр дыщасэ яшэжа нэужькIэ Iэмал имыIэу псэлъапщIэ къыхуэзыхьауэ хъуам - хамэми благъэми - Iыхьэ зырыз къахуихьын хуейщ. Абы зэреджэр псэлъапщIэ Iыхьэщ.

 

«Анзорей», 1991 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэ, №7.

 

 

ЩАУЭИШЭЖ ХЪУЭХЪУ

 

Пасэ зэманым адыгэхэм хъуэхъу дахэ куэд яIащ. Адыгэхэр сыт хуэдэ Iуэхугъуэми техъуэхъухьырт. Лэжьыгъэ гуэр ящIэну щыщIадзакIэ, «Iуэху пэублэ хъуэхъу» жаIэрт, унэ, псэуалъэ щащIкIэ, вакIуэ щыдэкIкIэ, унэщIэм щыщIэтIысхьэкIэ, мазэщIэ къэунэхуауэ щалъагъукIэ, нысэ къыщашэкIэ, щауэр щрашэжкIэ, сабий къыхуалъхуауэ гущэм щыхапхэкIэ... Куэд хъурт адыгэхэм я хъуэхъур. А хъуэхъухэм щIэблэр щIагъэдэIурт, абыхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ яIэт.

Хъуэхъу дахэр кIыхьу изышыфхэр цIыхухъухэми цIыхубзхэми къахэкIыу щыIэт. Ахэр ягъэхъуэхъуэн щхьэкIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, нысашэ хьэгъуэлIыгъуэхэм ираджэрт. Апхуэдэу ягъэхъуахъуэу щытащ дэ къэтщIэжхэу Агънокъуэ Лашэ, ПащIэ Бэчмырзэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Тамбий Хьэблацэ сымэ. Апхуэдэ цIыху зэчийхэр зэхуашэсурэ щызэпрагъауэ къэхъурт, текIуахэм саугъэтхэр ирату.

Зи гугъу тщIа адыгэ хъуэхъу куэдым ящыщ зыщ «щауэишэж хъуэхъур». Пасэм щыгъуэ нысэ къашамэ, къэзыша щIалэр щауапIэ кIуэрт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хьэгъуэлIыгъуэм и дауэдапщэр дэкIыху и ныбжьэгъу гуэрым деж екIуалIэрти, абы щыIэт. Нысашэ хьэгъуэлIыгъуэм иращIэкI Iуэхугъуэ псори зэфIэкIа нэужь, лIыжьхэр къызэхуэшэсыжырти, Iэнэ къыхуагъэувырт, ирагъафэрт, ирагъашхэрт. А лIыжь гупым кърагъэблэгъэжын хуейт «щтапIэ» кIуэжа щауэр.

Адрейуэ щауэр зэкIуэлIам фадэ-пIастэ Iэнэ къыхуигъэувырт, и ныбжьэгъухэр къызэхуишэсырти, яужь дыдэу абы щызэбгъэдигъэсырт. ИтIанэ, ар щауапIэм кърашыжырт, уэрэдхэр жаIэу, фочхэр ягъауэу, лIыжьхэр зыщIэс унэм щIамышэу бжэм деж ягъэувырт. И ныбжьэгъухэм махъсымэбжьэрэ абы хуэфэщэн ерыскъырэ яIыгът, къызыхыхьэ лIыжь гупым къыхуахьауэ. ЛIыжь гупым ящыщу нэхъ щIыхь зиIэу, нэхъ жьакIуэу зы къэтэджырти, махъсымэбжьэ иIыгъыу мы хъуэхъур жриIэрт:

- Уей, ди шынэхъыщIэу лIэщIыгъуэр зей!

Бажэ уещэм, щыхь къэбукIыу,

ХъыкIэ уещэм, дыщэ къихъуэу,

Уи ныбжьымрэ уи бжьыгъуэмрэ кIыхь ухъу!

Мыр лъэпкъ лъэужьым къыдежьа лъэгъущ.

Уи жьы хъугъуэм дамэгъу дэгызэщ.

Уи нузырым хъерыр хуэIэгъуэщ.

Уэ ныбжьэгъухэр уи «щтапIэ» гъусэщ.

ХамитIым я лъыр лъэпкъыр зейм хуогъагъэ.

Дунейм я фIыгъуэр гъуэрыгъуэ шэнтщ.

Пэрыт Iэдэмым и мылъку пэIущIэщ.

ГъащIэхэм я щIэрэщIапIэщ.

ЩIапIэхэм я дыгъэ-мазэщ.

Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ.

ГуфIэгъуэшхуэр лъэпкъым къыщихъуэкIэ

Хъуэхъушхуэр къызэхуашэс,

«Жумарт нэсым» къуита псэуэгъущ,

Тхьэшхуэм и саугъэтщ.

Уи ныхьмэт Iыхьэщ,

Псэ Iыхьэ лъапIэщ.

ХъуэхъупIэ махуэщ.

Махуищэ я уасэщ.

Псэхэр мэгуфIэ,

БлагъэфIхэр мэпэкIу.

ЛIыжь къэкIуахэр уэ къоджэ,

КъыпкIэлъыджэм уагъуэтыркъым.

Узыхэтыр къытхуэщIэркъым.

КъыдэпщIари догъэгъу.

Уи кIуэдэгъухэр мэтут,

Зи ярэтхэр уэ къожьэ.

Ди фадэбжьэр мэсыс,

Уи нэмыс дыпоплъэ!

ДыпIуплъэну дыножьэ,

Ди фадэбжьэр убыд!

Уи адэм и щIапIэр гъэдахэ,

Уи анэм дахэу епсалъэ!

Уи лъабжьэм дохъуэхъу,

Тхьэм и хъерым долъэIу,

КъолъэIу гупым къахыхьэ,

Уакъыхэмыхьэмэ,

Гъуэгу темыхьэр бэнакIуэщ,

ХьэуазапIэм укъыщыхэкIакIэ,

ДариикIэм щыжей,

«Сожей» жыпIэу ухэмыжае!

Абы иужькIэ щауэр и ныбжьэгъуитIым яку дэту щIыхьэрти, махъсымэбжьэр къаIихырт, ефэрт. И ныбжьэгъухэм къахьа махъсымэбжьэмрэ ерыскъымрэ лIыжьхэм я Iэнэм хутрагъэувэрти къыщIэкIыжырт, щауэри хуит хъужати, и пщIантIэм къыдэнэжырт.

 

«Ленин гъуэгу», 1984 гъэм августым и 11.

 

 

ТIОЛАКЪ

ЦIыхубзым бэлыхьрэ пудыгьэрэ зэрырахыу щыта Iуэхугъуэхэм я нэхъ Iей дыдэт «тIолакъ» жыхуаIэр. Ар зэрыщытри зищIысри иджырей ди цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым. «ТIолакъ» жыхуаIэр зищIысыр мырат: фызыр и лIым дэпсэу мыхъуу, лIым сыт хуэдиз мыхъумыщIагъэ кIэрылъми, ар цIыхубз дэпсэу мыхъунуми, лIы мыхъуми, и фызыр икIыжыну хуиту щытакъым, и лIым хуит имыщIу, ауэ лIым и фызыр иригъэкIыжыну хуитт, фызым. зы дагъуэ имыIэми.

Ауэ щхьэусыгъуэ гуэркIэ, гурыщхъуэпцIкIэ, бзэгукIэ зыгуэр яку дыхьэу, лIым и фызыр иригъэкIыж хъуамэ, и фызыр хьэрэм ищIын хуейт. Абы иужькIэ а тIур ауэ къудей зэIуплъэ хъужынутэкъым. Аурэ зэман зыкъом дэкIа нэужь, фызри лIы дэмыкIуэурэ лIыми фыз къимышэурэ «сэ нэхъыфI умыгъуэтмэ, сыкъэшэж», - жыхуиIам хуэдэу, лIыри фызри щIегъуэжрэ зэрышэжыну мурад ящIмэ, фызыр къыхуэхьэрэмщи, лIыр абы Iуплъэ хъунукъым, епсалъи хъунукъым. Ауэ фызыр зыгуэрым ишэрэ къригъэ-кIыжмэ, итIанэ Iуплъи, къишэжи хъунущ, хьэлэл къыхуэхъужащи.

А щIыкIэм тету лIымрэ фызымрэ езы тIур зэIуплъэ мыхъуу лIыкIуэкIэ зэрышэжыну зэгурыIуэмэ, шэрихьэткIэ зы щIалэжь гуэр нэчыхь хуатхырти, жэщым фызым и деж щIагъэхьэжт. Жэщым нэху къекIа нэужь, щIалэжьым шэрихьэткIэ хьэрэм ирагъэщIыжырти, фызыр къабзэ хъужат, хьэлэли хъужати, и лIым ишэжи дэкIуэжи хъунут.

Ауэ абы нэгъуэщI зы Iуэху пщхьэмыпэ къыщыхэкIи къэхъут: жэщым щIагъыхьэжа щIалэжьымрэ фызымрэ ягу зэрихьрэ, фIыуэ зэрылъагъурэ, и лIым дэкIуэж нэхърэ абы дэпсэум нэхъ къищтэу хъурэ къызэхуэнэу, и лIыр ауэ гъэпкIауэ къанэу. ШэрихьэткIэ я нэчыхь тхащ, зыри пхуещIэнукъым.

Ар адыгэ хабзэм шэрихьэтым къыхилъхьа хабзэт, армыхъумэ фыз игъэкIыжыр ди хабзэм хэлъакъым. Дэ ди хабзэу щытар: фызым къимылэжьын къилэжьарэ губгъэн хуащIамэ, и лъакъуитIыр шы мыгъаситIым кIэращIэрти, зэкIэщIатхът. Ауэ фыз игъэкIыжыныр ди адыгэм япэ ды дэ къыщызыублар Къэзэнокъуэ Жэбагъыуэ жеIэр IуэрыIуатэм.

Е щIалэжьым зыIэщIимыубыдэу къиутIыпщыжмэ, и лIу щытам ишэжыну хуит хъуати, щIэрыщIэу нэчыхь хуатхт, иратыжти, фызыр зеям къыхуэнэжт. Мис аращ «ТIолакъ» жыхуаIэу щытар.

Мыпхуэдэуи къэхъуу щытащ Iэджэрэ: щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрымыцIыхуу, я гъащIэми зэтемыплъауэ зэрагъашэрт. Апхуэдэ зэрымыцIыхуитIым я зэхуакум бзэгу Iэджэ къыдыхьэрт. Iэмал имыIэу зым зыр хуаубт. ЩIалэ зратар: «набгъэу, дэгуу, мэхыу, къытехьэ иIэу, абы къы-щытехьам щIиукIыхьынкIэ, щIитхьэлыхьынкIэ хъуну», - жраIэрти, хъыджэбзыр ягъэгужьейрт. «Ар зылъымыхъуа мы хэкум искъым, къыдэкIуэн игъуэтакъым. Уэ уагъэунэхъуащ, тхьэмыщкIэ», - жаIэурэ и фIэщ дыдэ ящIт.

Хъыджэбзыр зэрашауэ, щIагъэлъхуауэ, яшэну зэрамыпэсу къыдэнэжауэ, цIыхум зэрыдэпсэун акъыл имыIэу, къагъапцIэри къылърагуауэ, ягъэунэхъуауэ щIалэм жраIэрт.

Мис апхуэдэурэ хъыджэбзыр ягъэшынэрт, псэ къыхэмынауэ ягъэгужьейрт. А зэманым иджы хуэдэу, цIыхухэр зэрыцIыхутэкъым, зэнэсэIуасэтэкъым, уеблэмэ, къуажэкIэ, къуажапщэхэр щызэрымыцIыху щыIэт. ЖраIэхэр, кIэралъхьэхэр я фIэщ хъурт. Псом хуэмыдэу, зэрымыцIыхуу зэратаитIыр зэщышынэрт «сыт ху







Что делает отдел по эксплуатации и сопровождению ИС? Отвечает за сохранность данных (расписания копирования, копирование и пр.)...

Что будет с Землей, если ось ее сместится на 6666 км? Что будет с Землей? - задался я вопросом...

Конфликты в семейной жизни. Как это изменить? Редкий брак и взаимоотношения существуют без конфликтов и напряженности. Через это проходят все...

Система охраняемых территорий в США Изучение особо охраняемых природных территорий(ООПТ) США представляет особый интерес по многим причинам...





Не нашли то, что искали? Воспользуйтесь поиском гугл на сайте:


©2015- 2024 zdamsam.ru Размещенные материалы защищены законодательством РФ.