Сдам Сам

ПОЛЕЗНОЕ


КАТЕГОРИИ







ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ И ЛЪЭХЪЭНЭМ КЪЕЖЬА ГЪЫБЗЭХЭР





 

Уэрэдыр яусын, къежьэн щхьэкIэ, Iэмал имыIэу Iуэхугъуэ гуэр щхьэусыгъуэ мэхъу, апхуэдэуи къожьэ уэрэдыр.

ГъащIэм, зэманым къегъэщI уэрэдыр, абы щыгъуэми, ар щауса зэманымрэ, абы щыгъуэ а гъащIэр зыхуэдэу щытамрэ IупщIу къыхощ.

Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм къежьа уэрэдхэр куэд мэхъу, апхуэдэу щыт пэтми, ахэр гупиплIу дгуэш хъуну къыдолъытэ. Япэр - гъыбзэхэрщ, етIуанэр - лIыхъужьыгъэм, текIуэныгъэм къыхуезыджэхэрщ, ещанэр - ауаныщIхэрщ, гушыIэхэрщ, еплIанэр - лъагъуныгъэ уэрэдхэрщ.

Япэу дытепсэлъыхьынщ Хэку зауэшхуэм щыгъуэ къежьа гъыбзэхэм ящыщхэм. А илъэс хьэлъэхэм икъукIэ гъыбзэ куэд яусауэ щытащ, цIыхухэм къатепсыха гузэвэгъуэм къыхэкIыу.

Мы уэрэдхэр зауэм иужь илъэсхэм магнитофонкIэ ттхыжауэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щIэлъщ. Нэхъыбэу ахэр дэзыгъэтхыжар а зэманым зи щIалэгъуэ дыдэу щыта хъыджэбз цIыкIухэрт. Абы лъандэрэ илъэс 30 нэс блэкIащ. Мы уэрэдхэр радиокIэ куэдрэ къэттащ. Абы щыгъуэ жаIа уэрэдхэм едэIуэжыну, я макъыр зэхахыжыну езыхэм я дежкIи гуапэщ, гъэщIэгъуэнщ.

Япэу зи гугъу тщIынур «ТхьэкIумащIэм и гъыбзэ» жыхуаIэрщ. Куба къуажэм щыщ ТхьэкIумащIэ Амдулыхь Фин зауэм летчикыу щызэуат, «Красная Знамя» орден абы къыщихьащ. Хэку зауэшхуэр щыщIидза ипэ махуэхэм бийм пэщIэувауэ и кхъухьлъатэмкIэ Ленинград и фронтым щызэуащ. Абы кърагъэкIри бийр Кавказым къыщыблагъэм, тенджыз ФIыцIэм и Iуфэхэр бийм ящихъумэну къагъэкIуэжащ. А лъэхъэнэм гушхуауэ къакIуэ фашист кхъухьлъатэхэм лIыхъужь мышынэу куэдрэ езэуащ ТхьэкIумащIэ Амдулыхь. 1943 гъэм и август мазэм куэд хъууэ къакIуэ фашист кхъухьлъатэхэм и закъуэ езауэурэ и кхъухьлъатэри къакъутащ, езыри уIэгъэ къащIащ. Амдулыхь уIэгъей пэтми, и кхъухьлъатэ ныкъуэкъутэр Iэрыхуэу къигъэтIысыжащ, езыри Сочэ къалэм и сымаджэщым етIуанэ махуэм щылIащ. ЛIыхъужьым и хьэдэр ягъэлъапIэу Сочэ щыщIалъхьауэ щытащ, ауэ и шыпхъухэмрэ и щхьэгъусэмрэ и кхъащхьэм еплъыну щыкIуам, Амдулыхь зыхэта частым апхуэдизкIэ пщIэшхуэ щиIати, кхъухьлъатитI къратри хьэдэр кърагъэшэжащ, къыщалъхуа Куба къуажэми щыщIалъхьэжащ. ТхьэкIумащIэм зэрихьа лIыхъужьагъыр къегъэлъагъуэ, абы «Ленин ордену» зырэ «Красная знамя» ордену щырэ къратауэ зэрыщытам.

Уэрэдым и псалъэхэр а зэманым зэхэзылъхьауэ щытар Щомахуэ Амырхъанщ. Ауэ псалъэхэр цIыхум зэрахыхьэу, езыхэм зэрыхуейм хуэдэу уэрэду жаIащ. Макъамэр цIыхубэм ейщ. Абы хэтщ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Ей, тенджыз, емыкIу сыкъомыщI, фIыуэ слъагъу мы си псэр уи Iуфэм щыстащ! Сэ къыслъыхъуэ плъагъумэ, пэжыр схужеIэж икIи сэ си хьэдэр уэ щIыпIэм ихыж! ФIыуэ слъагъу си хэкум сэлам уэ схуехыж, сыщымыгъупщэну абы схужеIэж!»

Апхуэдэ лIыхъужьыр зыми щыгъупщэркъым. ТхьэкIумащIэм и фэеплъу мы гъыбзэр зэхалъхьащ. Уэрэдыр къыджезыIар Дал ФатIимэтщ. А зэманым абы илъэс 17-т и ныбжьыр, Куба къуажэм щыпсэурт.

1. ТхьэкIумащIэр хуабжьурэ

Бийхэм езэуай,

Самолет зэрыс мыгъуэр

ЩIэуэ ягъэвай.

2. Езыр мыхъужынурэ

Дыркъуэ къытехуащ,

ИкIи Тенджыз ФIыцIэм

Ар къыщехуэхащ.

3. Ей тенджыз, тенджыз, жи!

Сэ узифэеплъщ,

ФIыуэ слъагъуу си псэр

Уи Iуфэм щыстай.

4. Сэ къыслъыхъуэ плъагъу мыгъуэм

Уэсят схужеIэж,

ИкIи сэ си хьэдэр

Уэ щIыпIэм ихыж.

5. ФIыуэ слъагъу си хэкум

Сэ сэлам схуефхыж,

Сыщымыгъупщэнурэ

Абы схужефIэж.

Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм, фоч зыIыгъыу зауапIэм Iут зауэлIым и лэжьыгъэм пэбгъэув хъун лэжьыгъэшхуэ ищIащ ХьэхъупащIэ Амырхъан. А зэманым абы иусащ цIыхухэм гушхуэныгъэ къезыт, текIуэныгъэм къыхуезыджэ лIыхъужьхэм ятеухуауэ уэрэд куэд: «Къардэн Къубатий», «Жамборэ Щэуал», «Наурыз Мамышэ», «Партизан уэрэд». Абыхэм ящыщщ «ГъущIынэ Гъузер» гъыбзэр. Щалъхуа и Хэкум и хуитыныгъэм, и насыпым щIэзэууэрэ зи псэр зыта ГъущIынэ Гъузер и фэеплъ мыкIуэдыжыну мы гъыбзэр ХьэхъупащIэм зэхилъхьащ.

1. Гъузерым уи нэ дахитIыр

Хышхуэмэ зэпырогъэплъыр,

А зи гъащIэр джатэ гъэплъати,

Ди Гъузерыр епсыхыжат.

 

2. «Пэцану» шы гъуабжэ кIэхур

Хышхуэми зэпрогъэзыр,

КъэралитIым я дзэр щызэхыхьэкIэ,

Ди Хъузерыр шыщхьэмыгъазэт.

 

3. Гъэмахуэм уи пщэдджыжьым

Къуалэбзухэр къыздобзэрабзэр,

Гитлерыжьу зи бзэр иубыдыным

Ди Гъузерым дыпигъэкIай!

Хужьокъуэ ФатIимэт къыхидзэу, Джамырзейхэ Кулмэ, Темрокъуэхэ Лъостэ, ЩэджэхьэщIэхэ Жансурэт, Хужьокъуэхэ Хьэзизэт сымэ ежьууэ «ГъущIынэ Гъузер и уэрэдыр» дагъэтхыжащ. Уэрэдыр щыттха зэманым абыхэм я ныбжьыр илъэс 16-17-т, Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыпсэурт.

Зауэм кIуахэм хэти и письмо къакIуэрт, зэрыпсэумкIэ хъыбар къаригъащIэрт и Iыхьлыхэм. Зи письмо къакIуэ зауэлIхэм я Iыхьлыхэр я щIалэр зэрыпсэум иригуфIэрт, ауэ зи письмои къэмыкIуэ, зи хъыбари щымыIэ зауэлIхэри куэдт, абыхэм я Iыхьлыхэм гузэвэгъуэр ятелът, щымыIэжу зи тхылъ къахьам и Iыхьлыхэм я гузэвэгъуэшхуэт. Апхуэдэщ щымыIэжу зи тхылъ къахьа Туаршы Пакъэ. И фызым Пакъэ мы гъыбзэр хуиусащ.

1.Уэ си костюм цIыкIу мыгъуэр

ЗэрыIэщхьэ къуаншэ мыгъуэт,

Хьэдэ щIыIэ къуаншэурэ

Фронтым къагъэнауэ пIэрэ,

Пакъэ дуней нэху.

2. ИщхъэрэкIэ къокI мыгъуэри

Сэ письмо къысхуокIуэ мыгъуэ,

«КъэкIуэжынущ», - жысIэурэ,

ЩыIэм я нэхъ дыджымкIэ

Уи письмор къэкIуай! - жиIэурэ мэтхьэусыхэ мыдэкIэ къэна и щхьэгъусэр.

Гъыбзэр дэзыгъэтхыжар Шэрджэсым, Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыщхэу Джатээ Пагуэ, Хъуэпсырокъуэ Ленэ, Фаризэт, Гуэщокъуэ Пагуэ, Бан Зурьят, Гъуэзджэш Розэ сымэщ. Уэрэдыр щыттха зэманым абыхэм я ныбжьыр илъэс 16-17-м итащ.

ЗауэлIым и фызым иусауэ иджыри зы шэрджэс гъыбзэ щапхъэ къэтхьынщ. Шэрджэсым, Инжыдж цIыкIу къуажэм щыпсэу ЩакIуэхэ Хъызыр зауэм щыIэу и хъыбар къэмыкIуэжу щызэпыум, и щхьэгъусэ Мэрян мы гъыбзэр иусащ.

1. Колхоз цIыху мыгъуэхэр дызэхуэди,

Къэрал псо мыгъуэм сэ сыхуэдэтэкъэ?!

Гум дэмыхуэ мыгъуэр хъыбарыншэщ.

Уэр, собампIэр, бампIэм сехь!

2. Пхъуантэ кIыхь мыгъуэри стIолым тетщ,

Дунеижьым псэууэ тетмэ,

Хъыбарыншэми, тхьэ мыIуэхут,

Уэр собампIэр, бампIэм сехь!

3. Сэмэлёт мыгъуэр пшэм ирокIуэр,

Япэм къэкIуами къахэкIакъым,

Иджы гуэрым хъыбарыншэ мыгъуэщ.

Уэ Даду мыгъуэр хъыбарыншэщ, - жиIэурэ зауэлIым и фызыр мэтхьэусыхэ. Уэрэдыр къыджезыIар езыр зыуса Мэрянщ.

Мэрян гъыбзэр иуса нэужь, Хъызыр и письмо къакIуэу щIидзэжащ. Зауэри щиухым, Хъызыри къэкIуэжри, яIуэтэжащ, абыхэм я деж сыщыхьэщIащ, уэрэдри абы щыстхауэ щытащ.

ЗауэлIым и кIуэдыкIам теухуауэ и щхьэм хуиусыжа гъыбзэщ «Толэ цIыкIу и гъыбзэр». Мы гъыбзэм «Толэ цIыкIу и гъыбзэ», «Къуэдзокъуэхэ Толэ цIыкIу и гъыбзэ», «КъуэщIысокъуэхэ Толэ цIыкIу и гъыбзэ» хужаIэ. Мы гъыбзэр зэтемыхуэу зыбжанэу тхауэ щIэлъщ институтым, ауэ зыми нэгъэсауэ и кIэм нэс жаIэу хэлъкъым, абы къыхэкIкIэ а зэманым зэрыжаIэу зэрызэхэсхам хуэдэу сэ жысIэн хуей хъуащ. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Толэ зыпIар анэнэпIэст. Аращ «Шэ шынакъыр щискIутам, шэр къыптихуэ! – къызжепIат», - щIыжиIэр гъыбзэм.

Зи гугъу тщIы зэманым къежьахэм ящыщщ «Зауэм хэкIуэдам и гъыбзэри»:

1. «Пхъуантэ цIыкIу мыгъуэр щхьэ тегъауэщ,

Уэ уи бампIэр къыщыстеуэкIэ,

СыныщIокIри къызокIухь мыгъуэ!

Ах, собампIэр, бампIэм сехь мыгъуэ!

2. Данэ шарф мыгъуэри жьыбгъэм ехь,

Уи письмо мыгъуэ къебгъэхьыну,

Уи псэр пыт тфIэщIу ныдогъэтх мыгъуэ!

3. Уилъэгъуа мыгъуэу цIыху щымыIэ,

ЩымыIэж мыгъуэр уи письмощ, - жиIэурэ мэтхьэусыхэ зауэлIым къигъэна хъыджэбзыр.

Гъыбзэр жызыIар Шэрджэсым, Инжыджышхуэ къуажэм щыщ Хьэунэж КIуцинэщ.

Бийр гущIэгъуншэт, хьэщхьэрыIуэт и гъуэгум зыхуэзэр зэтриукIэу, зэтригъасхьэу къакIуэрт. Фашистхэр Зэрыгъыж къуажэм щынэсам, бзэгукIэ партизанхэр, гупышхуэ хъууэ, къаувыхьри зэтраукIауэ щытащ. Зэрыгъыж партизан гупым яхэту яукIа Къулхэ Барэсбий мы гъыбзэр хуаусащ.

1. Фашистыжьхэр Хэкум къохьэ,

Партизанурэ Барэсбийр

УкIыкIейуэрэ яукIа мыгъуэщ, уей!

2. Барэсбий мыгъуэм щхьэц игъэкIырт.

ГукъэкI Iей мыгъуэр къыпхуащIаурэ,

УкIыкIейуэрэ уаукIа мыгъуэщ!

3. Iэлъын цIыкIури мыщIэ закъуэщ,

Барэсбий мыгъуэм имызакъуэу,

Ядэр щIыгъуурэ яукIа мыгъуэщ, - жиIэурэ мэгузасэ и шыпхъу цIыкIур. «Къул Барэсбий и гъыбзэр» зыусари къыджезыIари Барэсбий и шыпхъум ипхъу Журт Луцэщ, Псыгуэнсу хъыджэбз цIыкIуищ и гъусэу.

ИкъукIэ гъыбзэ дахэщ, гущIыхьэщ партизану ежьэжауэ фашистхэм къаубыду яукIа Къущхьэбий ТытIэ и гъыбзэр. Мис абы хэт псалъэхэр:

1. Налшык псыхъуэм сыныдоплъэ,

Мы си Iуэхум хэмыплъэж мыгъуэмэ,

Сэ укIыпIэ мыгъуэм сыкъинащ.

 

2. Си анэкъилъхуу си Алешэ,

Дянэр къаши сыгъэлъагъу мыгъуэ,

Сыхьэт пIалъэ мыгъуэщ къысхуащIар!

3. Си щхьэгъусэурэ ар Асият мыгъуэ,

Сэ къэслъхуауэрэ си бын закъуэр

Уэ пхъумэнурэ сынолъэIу мыгъуэ!

 

4. Полицейхэр кIапсэм къоуэ,

Комендантыр бжэм къыщеуэкIэ,

Си гур бзаджэ мыгъуэу къысфIолъэт!

 

5. Шинел цIыкIур си пкъым йокIу,

Сэ емыкIу сыкъэвмыщI мыгъуэ.

Сабий закъуэ мыгъуэм сегъэдзыхэ!

Гъыбзэр жызыIахэр Плановскэ къуажэм щыщхэу Быкъышхэ Юлэ, Линэ, Болэхэ Розэ, Лизэ сымэщ.

А гъыбзэм и дахагъкIи гущIыхьэкIи къыкIэрыхуркъым нэмыцэ офицерым залымыгъэкIэ Берлин иша адыгэ хъыджэбзым и тхьэусыхэ гъыбзэр - «Сыту Iейуэ сунэхъуа» жыхуиIэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи мы уэрэдыр жызыIахэм и кIэм нэсу жаIакъым. Мис уэрэдым хэт псалъэхэр:

1. КъуанщIэ фIыцIэхэр зэрызохьэ,

Си адэ-си анэр си гум къихьэм,

Город Берлин сыщопыхьэ мыгъуэ!

Сыту Iейуэ сунэхъуа мыгъуэ!

 

2. Комендантыр наджэ-пхъаджэщ,

Илъэс минкIэ себгъэджами,

Нэмыцэбзэ сымыщIэну мыгъуэ!

Сыту Iейуэ сунэхъуа мыгъуэ!

 

3. Сэ пэш цIыкIу мыгъуэ сыныщIадзэ,

Эмодиным сынырадзэ,

Нэмыцэжьхэм сыжьэхадзэ мыгъуэ!

Сыту Iейуэ сунэхъуа мыгъуэ!

Гъыбзэр дэзыгъэтхыжар Къамылыкъуэ къуажэм щыщ Кърымхэ Ямыдэрэ Шыбзыхъуэхэ Хужьпагуэрэщ. Ар щыттха зэманым абыхэм илъэс 17 я ныбжьт.

Хэку зауэшхуэм къежьа гъыбзэхэр куэд мэхъу, дэ ттхыжыну къыдэмыхъулIауэ куэди кIуэдыжагъэнщ, дызытепсэлъыхьар а ттхыжа куэдым щыщу нэхъ кIэрэ пэрэ зиIэу гъэпсауэ ттхыжыфахэрщ.

* * *

Иджы зи гугъу тщIынур а илъэс хьэлъэхэм къежьауэ щыта лъагъуныгъэ уэрэдхэрщ. Ахэр магнитофонкIэ ттхащ зауэ нэужь илъэсхэм, дэзыгъэтхыжари а уэрэдхэр зыусу, жызыIэу щыта хъыджэбзхэрщ. Абы лъандэрэ илъэс 30-м щIигъу блэкIащ, езыхэми я ныбжьыр хэкIуэтащ.

ИкъукIэ куэд ттхащ а зэманым лъагъуныгъэ уэрэду, ауэ ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ куэдыр и кIэм нэсу жаIакъым, абы къыхэкIыу ди тхыгъэм уэрэд ныкъуэ зытIущ хэтынущ.

Япэу уэрэдыр «Си нэ дахэ» жыхуаIэ лъагъуныгъэ уэрэдырщ. Мис абы хэт псалъэхэр:

1. Си щхьэцыгъуэри зэгузохырэ,

ЩIалэм и дахапIэри трамэ щIалэрати,

УспыкIакъэ, иджы, си нэ дахэ, уей.

2. Iэлъын цIыкIури Iэпэм покIырэ,

ФIыурэ слъагъу щIалэми

Сэ сыщыпагъэкIакIэ, щхьэгъусэншэуэрэ сыкъыренэ сэ!

Уэрэдыр къыджезыIар Ислъэмей щыщ Хьэщыкъуейхэ Аружанрэ Къарэжанрэщ.

А зэманым яуса лъагъуныгъэ уэрэдхэм я нэхъыбэр зытраусыхьар зыпылъ щIалэхэр армэм, зауэм зэрыкIуар арт. Абыхэм ящыщ зыщ «Лъагъуныгъэм делэ уещI!» жыхуаIэу а зэманым жаIэу щыта уэрэдыр. Мис абы хэт псалъэхэр:

Унэм сыкъыщIокI мыгъуэри

ПщIантIэм сыкъыдокIырэ,

Уэрамым сыроплъэри

Мурэ дэзмылъагъуэ.

Лъагъуныгъэм делэ уещI!

 

2. Си дарий шхыIэн мыгъуэри

Мамэ къысщIеупщIэрэ,

Мурэ къысщIэупщIэмэ,

СызэрыткIур жефIэ!

Лъагъуныгъэм делэ уещI!

Ди жагъуэ зэрыхъущи, мы уэрэдри и кIэм нэсу дагъэтхакъым. Мы уэрэдыр дагъэтхыжащ Уэщро Нащхъуэ къыхидзэу, Варий Ксенэ, Жэмкъураз Марие, Абрэдж Цацэ, Къашыргъэ Нюрэ сымэ ежьууэ. Ахэр псори абы щыгъуэ Арик къуажэм щыпсэуащ.

Лъагъуныгъэ уэрэдхэр гупитIу бгуэш хъунущ - хъыджэбзхэм яуса гупыр щхьэхуэу, щIалэхэм яуса гупри щхьэхуэу. Псалъэм папщIэ, «Катя и уэрэд» жыхуаIэ лъагъуныгъэ уэрэдыр зыусар щIалэщ.

СтIолым тетурэ си патифоным

Уэрэдхэр дахэу жызогъыIэ,

Уэ къызжепIа псалъэхэмкIэрэ уигу умыгъэныкъуэ,

Си псэр пытым ар сэ згъэзэщIэнщ.

Ежьу: А си Катя дахэ,

Иман уиIэмэ, дызэпумыгъэкI!







Живите по правилу: МАЛО ЛИ ЧТО НА СВЕТЕ СУЩЕСТВУЕТ? Я неслучайно подчеркиваю, что место в голове ограничено, а информации вокруг много, и что ваше право...

ЧТО И КАК ПИСАЛИ О МОДЕ В ЖУРНАЛАХ НАЧАЛА XX ВЕКА Первый номер журнала «Аполлон» за 1909 г. начинался, по сути, с программного заявления редакции журнала...

ЧТО ТАКОЕ УВЕРЕННОЕ ПОВЕДЕНИЕ В МЕЖЛИЧНОСТНЫХ ОТНОШЕНИЯХ? Исторически существует три основных модели различий, существующих между...

Что делать, если нет взаимности? А теперь спустимся с небес на землю. Приземлились? Продолжаем разговор...





Не нашли то, что искали? Воспользуйтесь поиском гугл на сайте:


©2015- 2024 zdamsam.ru Размещенные материалы защищены законодательством РФ.