Сдам Сам

ПОЛЕЗНОЕ


КАТЕГОРИИ







ЩОЛЭХЪУПЩЫМРЭ ШЫ ЛЪЭПКЪ ЦIЭРЫIУЭМРЭ





 

Ещанэ, еплIанэ уэрэду Къэбэрдейм щаусауэ ди нэхъыжьхэм ди зэманым къахьэсар «Къэрэкъэщкъэтау зауэм и уэрэдымрэ», «Лэзэрокъуэ и уэрэдымрэщ». Бахъшысэрей зекIуэм щыгъуэм адыгэхэр Кърымым кIуауэ хьэмкIэшыгуищэ из щэкI къытрахауэ зэрыщытар гужьгъэжьу я гум илъти, кърым тэтэрхэр Къэбэрдейм къытеуащ. «Къарэкъэщкъэтау уэрэдым» зэрыжиIэмкIэ, тэтэрхэр Къэбэрдейм къэзышар Лэзэрокъуэрщ. «Мы хьэжь укIыдзэр ди Лэзэрокъуэм къытхуешэ», - жеIэ абы. Езы «Лэзэрокъуэ и уэрэдым» къызэрыхэщымкIэ, абыи леишхуэ къылъысат:

Уэ алъпыжьмэ урищхьэт,

Сэ лIыхъущхьэми срикъуэт.

Сэ мыщIыкъуэ гущэмэ сыдэхуэщ,

Схуэмыфащэри къысщыщIщ.

Шэч хэмылъу, Лэзэрокъуэм хуэмыфащэ лей лъысагъэнти, абы щхьэкIэ Кърымым кIуасэри, къращIар имыгъэгъун мурадкIэ, дзэ къишащ. Тэтэрхэми гужьгъэжь яIэу хьэзырт, ямыIэр гъуэгугъэлъагъуэти, хъарзынэу къагъуэтащ. Къэрэкъэщкъэтау зауэм щыгъуэм Беслъэн ПцIапцIи, Андемыркъани, ар езыгъэукIа Къамболэти псэужакъым. Пщы нэхъыжьу а зауэм хэтахэр Беслъэн и къуэрылъху Пщыапщокъуэ, Идар и къуэ нэхъыщIэ дыдэ Къыдырщокъуэ, Талъостэн и къуэ Тепсэрыкъуэ сымэщ. Къарэкъэщкъэтау зауэм и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ кIыхьу дытетхыхьауэ щытащи, абы и гугъу тщIынкъым. Дэ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыну дызыхуейр Къарэкъэщкъэтау зауэм хэта Тепсэрыкъуэ и къуэ, Талъостэныпщым и къуэрылъху Щолэхъупщщ.

Етхуанэ уэрэду ди нэхъыжьхэм ди зэманым къахьэсар «Щэджащэу Щолэхъупщ и уэрэдырщ». XVIII лIэщIыгъуэм къэс адыгэпщхэм Щолэхъу я цIэу плIы яхэтащ. Япэр - мы зи гугъу тщIы Талъостэнхэ Тепсэрыкъуэ и къуэ Щолэхъупщ. ЕтIуанэр - Пщыапщокъуэхэ Къазий и къуэ Щолэхъущ. Ещанэр - Къанкъылышхэ Щэнджэлей и къуэ Щолэхъущ; еплIанэр - Джылахъстэнхэ я лIакъуэ Алъхъуо и къуэ Щолэхъущ. «Щэджащэр» цIэ лейуэ абы щIыфIащар Щолэхъупщыр лIым я лейуэ ину зэрыщытарщ. Дуней псом щыцIэрыIуэ хъуа «Щолэхъу адыгэш» лъэпкъыр къэзыгъэхъуари аращ. «Жэрыбэр зи уэркъым езыт» щIыжиIэр аращ уэрэдым. Абы щыгъуэ ар Къэбэрдеишхуэм щыпсэуащ, асэтинхэр къуршым къызэрыдэкI-зэрыдыхьэж, Дарьял дыхьэпIэм еуалIэу, Урыхупсым и IуфитIыр IэщIэлъу.

Пщыгъэ нэхъыжьыгъэм щхьэкIэ зэпымыууэ зэныкъуэкъу екIуэкIым хэт зэпыту, пщы нэхъыжьу теувэн и мураду, 1589 гъэм езым къыбгъэдэкIыу Мэзкуу урыс пащтыхьым деж лIыкIуэ игъэкIуауэ щытащ. Абы щхьэкIэ Идар и лIакъуэхэмрэ Беслъэн ПцIапцIэ и къуэ Къетыкъуэ и лIакъуэхэмрэ зэгухьэри Щолэхъу и къуажэхэр зэрапхъууауэ щытащ, урысыдзэр здагъэIэпыкъури. Абы къыхэкIкIэ, Щолэхъупщыр адрей къэбэрдеипщхэм яхэкIын хуей хъуащ. «Щолэхъупщыр махуэм минрэ и жыр джатэмкIэ къродалъэр, Къазиипщыр къыпэдэлъэжурэ, ди щхьэхэр фIагъащIэ», - жеIэр «Къулъкъужын уэрэдым».

Пщыхэм я зэныкъуэкъу зэзауэм щхьэкIэ Нэгумэм итхыжыр мыращ: «Я лъэпкъым дежкIэ адыгэпщхэр зыр зым емыдаIуэу, щхьэж и щIапIэм езыр зэрыхуейм хуэдэу щытепщэу псэурт. Ахэр зэм езыр-езыру зэзэуэжхэрт, зэми гъунэгъу лъэпкъхэм езауэрт: татэрхэм, къалмыкъхэм. Апхуэдэу щыт пэтми, ахэр сыт щыгъуи пэжым и телъхьэу захуащIэхэт.

Пщыхэм ящыщу Талъостэн Щолэхъу и адэ къуэшым и къуэхэм яхэкIыну мурад ищIащ, ауэ ар зэрахэкIыну щIыкIэу яхуигъэувар адрейхэм къащтакъым. Абы и ужькIэ абы илъэс зыкъомкIэ гъунэгъу лъэпкъхэм къыщикIухьащ. ИкIэм-икIэжым, и мурадыр къызэремыхъулIам иризэгуэпри, гъунэгъу лъэпкъхэм ятеуэурэ, я шы табынхэмрэ я Iэщхэмрэ къатрихыу, ар дэнэ къэна, гъэру цIыхухэр къихуурэ и гупым хэт уэркъхэм пщылIу яхуигуэшу щIидзащ. А псом и щыIуIужкIэ зи пIэм имызэгъэж Щолэхъупщ пагэм къайгъэ къахилъхьэурэ куэдрэ цIыхухэр игъэпIейтеящ. Абы и IупIэфIэгъу уэркъхэм старшинэ зыкъомыр къагъэдэIуауэ Къэбэрдейр гуэшын хуейуэ къагъэувырт. АбыкIэ старшинэ зыкъом арэзы хъури зыми емыупщIыжу, зэIэщIэлъхэми емыупщIыжу, зэIэщIэлъхэми я арэзынгъэ хэмылъу, я къуажэхэр я гъусэу Талъостэнхэ я лIакъуэхэм я лъэныкъуэ защIащ. Щолэхъупщым ахэр Тэрч иришри абы и ижьрабгъу лъэныкъуэм щытIысащ. А Iуэхугъуэр екIуэкIащ зы пщы гуэрми и пэрыуэныгъэ хэмылъу, Iэпхъуахэр зэрытIысхьа щIыпIэм иджыри ДжылахъстэнейкIэ е ТалъостэнейкIэ йоджэ».

Мис абы дежым къыщежьащ «Къэбэрдеишхуэмрэ» «Къэбэрдей цIыкIумрэ». Талъостэнхэ Щолэхъупщым Джылахъстэнейм тепщэ зыхуищIри Джылахъстэн и бынхэм ижэгъу яхуэхъуащ.

АдэкIэ Нэгумэм етх: XIII лIэщIыгъуэм (мыбдежым Нэгумэр щоуэ, Щолэхъу щыпсэуар XVI-XVII лIэщIыгъуитIыр щызэпыхьэ илъэсхэрщ) зыIэзыбжьэу, пэмыплъэххауэ къалмыкъхэмрэ тэтэрхэмрэ цIыху мини 3 хъууэ Къэбэрдейм къытеуащ: къуажэхэр ягъэсащ, шы табынхэр дахуащ, цIыху куэд гъэру ирахужьэри ежьэжащ. А Iуэхугъуэр етIуанэ махуэм къэбэрдейхэм къыщащIэм, хэплъыхьауэ шу мин, Джылахъстэнейм шу щитху къыхашащ, Щолэхъупщ пагэм IэщIалъхьэри бийм кIэлъаутIыпщащ. МаджаркIэ зэджэ щIыпIэм деж бийм зыщагъэпсэхуу щысу пщым и шуудзэр абы лъэщIыхьащ. Щолэхъупщыр абыхэм кIий-гуо шынагъуэкIэ яхэлъэдащ. Къэщта къалмыкъхэм къахъунщIахэмрэ езым я хьэпшыпхэмрэ хыфIадзэри щIэпхъуэжахэщ. Щолэхъупщым бийм къытрихыжа мылъкум шу щитху и гъусэу Къэбэрдейм къиутIыпщыжри езыр шу миныр и гъусэу щIэпхъуэжа бийм якIэлъежьащ. ЕтIуанэу губгъуэшхуэм щащIыхьэри зауэ гуащIэм щIадзащ, цIыху куэди яхиукIыкIащ. Махуэ зыкъом дэкIауэ къалмыкъхэм дзэщIэкIэ зыкъызэрагъэпэщыжри къэбэрдейхэр къаувыхьащ икIи абыхэм я нэхъыбэр а щIыпIэм щыхэкIуэдащ, Щолэхъупщри абы ящIыгъуу. А зауэм псэууэ къелахэм Къэбэрдейм къагъэзэжащ. Зыкъомым зэрыжаIэмкIэ, а зауэм Щолэхъупщыр гъэр щыхъури, иужькIэ къащэхужащ, адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, ар зауэм щаукIащ.

Щолэхъупщыр 1614 гъэ пщIондэ тхыдэм къыхощ. МыдэкIэ дэ пытщэнщи, XVI-XVII лIэщIыгъуитIыр щызэпыхьэ илъэсхэм пщы нэхъыжьу щытащ. Нэхъыжьхэм хъыбару къаIуэтэж псоми зэрыжаIэмкIэ, Щолэхъупщыр жьы дыдэ хъууэ и нэм имылъагъужыху псэуащ. Ар «Мудар и кхъэнэпцI» хъыбарым къыхощыж.

Щолэхъу теухуа хъыбархэр Нэгумэм и тхылъым итми, и уэрэдыр абы къыщихьыркъым. Щолэхъу и уэрэдыр езыр псэууэ, зэрагъафIэ, зэрагъэлъапIэ уэрэду хуаусащ. Мыр шу гуп къызэрырашэкIыу щыта лIыхъужь уэрэдщ.

 

ЛIЭУЖЬЫМРЭ IЭУЖЬЫМРЭ

 

Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам и щIыхькIэ екIуэкIыну махуэшхуэр ирырагъэлъэпIэн папщIэ, СССР-м и Правительствэм къиутIыпща ахъшэм щыщ Iыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым къылъысати, ар зэман кIэщIым къимыгъэсэбэпу хъунутэкъым. Апхуэдэу щыхъум, институтым и лэжьакIуэхэр зэбграгъэкIащ, адыгэ фащэхэр зэрагъэщIэращIэу щыта дыщэидэхэр, адыгэхэм хьэпшыпхэм, унэлъащIэхэм, псэуалъэхэм, сынхэм, Iэмэпсымэхэм тращIыхьу щыта тхыпхъэщIыпхъэхэр зэхуахьэсыжын папщIэ. Абыхэм щIапщытыкIащ Къэбэрдейри, Шэрджэсри, Адыгейри, щыIащ шапсыгъхэм, мэздэгу адыгэхэм я дежи. Абы къыдэкIуэу Ленинград, Краснодар, Армавир, Мейкъуапэ, Орджоникидзе, Налшык къалэхэм дэт музейхэми щылэжьахэщ. Зэман кIэщIым зэхуэхьэса хъуа псори иту «Адыгэ-къэбэрдей-шэрджэсхэм я лъэпкъ IэщIагъэхэр» зыфIаща тхылъыр къыдигъэкIащ институтым. Ар къыдигъэкIат Москва щыIэ тхылъ тедзапIэм, сурэт дахэхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ. Тхылъым елэжьахэт Шортэн Аскэрбий, Дадэ Адэлбий, Шыкъ Тамарэ, Панаид Акритас сымэ. Абы ихуа сурэт 217-р ягъэхьэзыращ Капчук Н.Г., Овчинников В.С., Орленкэ В.С., Половицкий К.В., Стефановский А. А., Шейблер М.С. сымэ.

ЕпIэщIэкIыу, хъунщIэ-псынщIэету къыдэгъэкIа зэрыхъуам къыхэкIыу, абы ихуэн хуея сурэтхэм ящыщ куэд къэнащ. АрщхьэкIэ, абы елэжьахэр бгъэкъуаншэ хъунукъым. Зэманыр къаймэщIэкIт, лэжьыгъэр инт. Зи гугъу тщIы тхылъым и ужькIэ, 1960 гъэм Азэмэт Минкъутас Мейкъуапэ къыщыдигъэкIащ «Адыгэ тхыпхъэхэр» тхылъышхуэр. Абы итщ тхыпхъэщIыпхъэу 400-м щIигъу. Ар куэдкIэ йофIэкI ди институтым игъэхьэзырам: тхыпхъэщIыпхъэхэр нэхъыбэщ, Iэужьхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу зытеухуа елъытауэ, гупсысэ хэлъу гуэшащ. А тхыпхъэщIыпхъэхэр зытепсэлъыхь, зытегъэпса Iуэхугъуэхэри нэхъыбэщ куэдкIэ.

Азэмэтым и тхылъ купщIафIэм наIуэу къыщыгъэлъэгъуащ адыгэхэм я гупсысэм и кууагъыр, и дахагъэр, ижь зэманым къыщыщIэдзауэ нобэм къэсыху, ди псэукIар зыхуэдэр, ди хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ яIэ дахагъэр. А тхылъым теухуауэ щытащ Азэмэтым и кандидат лэжьыгъэри. Ар абы цIэрыIуэ ирихъуащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, апхуэдиз щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьа ди институтым и лэжьакIуэхэм зэхуахьэсар Минкъутасым и лэжьыгъэм и зэхуэдитIми нэсыркъым. Апхуэдэу зэтехуэркъым тхылъитIми ярыт тхыпхъэщIыпхъэхэр. Ар и щыхьэтщ адыгэхэм тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ зэфIэкIышхуэ яIэу зэрыщытам, ар лIэщIыгъуэ минкIэрэ лъэпкъым къызэрыдекIуэкIым.

Сыт хуэдэу дыщымытхъуми, ди институтым къыдигъэкIа «Адыгэ-къэбэрдей-шэрджэсхэм я лъэпкъ IэщIагъэхэр», Азэмэтым и «Адыгэ тхыпхъэхэр» тхылъитIми щыщIэныгъэхэри яIэщ. Щыгъын, псэуалъэ, Iэмэпсымэ хуэдэхэм темыухуауэ, къызэрыгуэкI тхыпхъэщIыпхъэ щхьэхуэу ярыхуар мащIэ дыдэщ. ИтIани, «Зы гъэм къэкI удзыр зы вым ихъуркъыми, къэхъуну псор зы лIым ищIэркъым», - жиIащ адыгэ псалъэжьым, а тхылъ гъэщIэгъуэным папщIэ фIыщIэ хуэщIыпхъэщ Минкъутас.

Зи гугъу тщIы тхыпхъэщIыпхъэхэр дахащэу, гъэщIэгъуэну зыщIхэр ди зэманми щыIэщ. Мы ди тхыгъэр нэхъыбэу зытеухуари апхуэдэ цIыху телъыджэхэрщ - Къэрэмырзэхэ я Iэужьхэрщ.

Зи хъыбар сщIа тхылъыр къыщыдэкIа лъэхъэнэм сэ институтым сыщылэжьакъым, абы къыхэкIыу си гуащIэ а лэжьыгъэм хэслъхьэну Iэмал сиIакъым. Ауэ, 1959 гъэм институтым къэзгъэзэжа нэужь, хъыбархэмрэ уэрэдыжьхэмрэ зэхуэсхьэсыжу къыздэскIухьым, сыщIэупщIащ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр зыщIыф ди зэманым щыIэмэ къэсхутэн мурадкIэ. Зы, тIу нэхъыбэ зыщIыф сримыхьэлIэурэ къыздэскIухьым, Псыгуэнсу щыщ Лъостэнхэ я нысэ гуэрым тху схуищIащ, цIыхубз щыгъынхэр зэрагъэщIэращIэу щыта дыщэидэм и тхыпхъэу. Си гугъэр зыхэсхыжыну щыта Iуэхум абы нэхъри сытригъэгушхуэжащ, адэкIэ Iуэхум пысщащ. 1960 гъэм Куба къуажэм сыкIуауэ уэрамым сыздрикIуэм, щэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэм къыдэкIыжу сыхуэзащ куэд лъандэрэ си ныбжьэгъу Къэрэмырзэ Мухьэмэд.

- Мыр дэнэ укъикIа? Еблагъэ, зи хьэщIэгъуэр схуэмыгъуэт! - жиIэри Мухьэмэд къысщыгуфIыкIащ.

- ФIым дыхуиблагъэ, мис, зэрыплъагъущи, къызоджэдыхь, лэжьыгъэ IуэхукIэ, - щыжысIэм, - Къэбджэдыхькъым, къокIухь, уэ зепхуэ Iуэхур лъэпкъым дежкIэ щхьэпэщ, фIыщ, - къыспидзыжащ абы.

Мухьэмэд сэ нэхърэ ныбжькIэ нэхъыщIэми, зэманыфI лъандэрэ дызэрыцIыхут. Зэгуэрым, экспедицэ сыкIуэу Куба сыкъыщыувыIэн хуей хъури, жэщ щисхын къэслъыхъуэну къуажэ Советым секIуэлIат. Мис абы щыгъуэ цIыхугъэ дызэхуэхъуауэ къекIуэкIырт. Абы щыгъуэ Мухьэмэд и деж сыщыIат, икIи и пшынэбзэ дахэмрэ уэрэдхэмрэ сыщIигъэдэIуат. СыщIэдэIуа щхьэкIэ, стхыну сыхунэмысу сыкъыдэкIыжат. Иужьым композитор Шейблер Т.К. сшэри, Мухьэмэд и уэрэдхэр нотэкIэ итхащ, а нотэхэм псалъэхэр гъусэ хуэсщIыжащ.

1957 гъэм Москва «Музыкальная культура автономных республик» жиIэу къыдигъэкIа тхылъым мыпхуэдэу иритхат Шейблер: «Куба къуажэ щэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Къэрэмырзэ Мухьэмэд иусащ «Волга-Дон», «Линэ» уэрэдхэр, частушкэхэр, цIыхухэм ягу ирихьа нэгъуэщI куэдхэри».

Ауэрэ, дыуэршэрурэ Мухьэмэдхэ я куэбжэм дынэсащ. Сэ зэуэ гу лъыстащ абы и унащхьэм тет цIыху сурэт пхъэм къыхэщIыкIам.

- Мо уи унащхьэм тет цIыху сурэтым къибгъэкIыр сыт? – сеупщIащ сэ абы.

- «Хэти си деж цIыхугъэ щигъуэтынщ» жыхуэсIэщ, - пыгуфIыкIащ Мухьэмэд.

- Хэт зи IэдакъэщIэкIыр?

- Сэращ.

Абдежым сигу къэкIыжащ ди институтым къыдигъэкIа тхылъым Мухьэмэд и анэ Мэс ищIауэ дыщэидэу тху зэритыр. ИкIи унэм дызэрыщIыхьэу, Мухьэмэд и анэм сыщIэупщIащ.

- Ди анэр диIэжатэми... Абы пхуищIыфынут тхыпхъэщIыпхъэ куэд. Ди анэр адыгэ фащэхэмкIэ дэрбзэрышхуэу щытащ, гъэщIэгъуэну дахэу щыгъынхэр хидыкIырт. Ауэ иджи сыт Iэмал… - жиIащ нэщхъейуэ си псэлъэгъум.

- Къысхуэгъэгъу, сщIакъым, Тхьэм укIэлъигъэпсэу. Абдежым сигукIэ сызыхуэхъущIэжащ. «Аращ угукъэкIыншэмэ, япэм сыкъыщыкIуам гукъэкI сщIырэ нанэм зыхуэзгъэзамэ, тхыпхъэ гъэщIэгъуэн куэд схуищIат. Иджы нанэм ахэр адрей дунейм здихьащ».

- Ди анэм ищI тхыпхъэхэр псори пасэрейт. Сэри сощI, ауэ сэ къыхэзбзыкIхэр иджырей тхыпхъэщIыпхъэу жыпIэ хъунущ. Сэбэп къыпхуэхъунумэ уэстынщ, - жеIэ Мухьэмэд.

Абы пхъуантэм къыдихри тхылъ гуэр къысIэщIилъхьащ. Сеплъмэ, ар щытхъу тхылът. «Грамота самодеятельному художнику-орнаменталисту М.Х. Карамурзову. За творческие успехи и активное участие в республиканской выставке работ самодеятельных художников-рабочих, служащих и членов их семей Кабардинской АССР. Удостоен первой премии за аппликационные варианты кабардинского современного орнамента. 1952 год», - сыкъыщеджащ а тхылъым.

Щытхъу тхылъыр къыщIрата тхыпхъэщIыпхъэхэу 21-рэ къызитащ Мухьэмэд. Ахэр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэныщэти, зэрыжыпIэнури пщIэртэкъым. «Мыр дауэ къызэригупсысар, апхуэдиз акъыл дэнэ къриха?» - упщIэхэр къэувырт.

ЛIэужьым Iэужьыр ирокIуэ, дауи. «Мыхэр уи анэм удеплъейуэрэ пщIагъэнщ», - щыжысIэм, «Дауи, - жиIащ абы, - Iэужьыр гупсысэкIэ зэпыщIащ. Зыгуэрым удэмыплъеяуэ зыри пхуэщIынукъым».

Къэрэмырзэ Мухьэмэд Хьэмид и къуэр 1926 гъэм Куба къуажэм къыщалъхуат. ЗэрыжытIащи, лIэужьым Iэужьыр ирокIуэ. Мухьэмэд къуажэ еджапIэм классибл къыщиуха нэужь, и анэ Мэс и лъагъуэм ирикIуэну мурад ищIри, Налшык къакIуэри дэрбзэр IэщIагъэм илъэситIкIэ хуеджащ. Иджыри лIыпIэ имыува пэтми, ар къуажэми районми щыцIэрыIуэу дэрбзэрышхуэ хъуат.

Мухьэмэд илъэс 15-м иту Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Ар, и ныбжь зэрыримыкъуам къыхэкIыу, дзэм ирамыджауэ дэсу къуажэм фашистхэр къыдыхьащ. Зэманыр щIымахуэ уаети, партизанхэр щыгъын хуабэ хуэныкъуэт. Арати, дэрбзэр щIалэщIэм зыкъыпащIэри, унэ гъэпщкIуам щIэсу Мухьэмэд абыхэм яхуэдащ, фашистхэр дахужыху. Къуажэр хуит къызэрыхъужу щIалэщIэм дэрбзэр лъэщапIэр къызэIуихыжри бзакIуэу лажьэу щIидзэжащ. А зэманым къуажэм щэнхабзэмкIэ и унэм и лэжьыгъам теухуауэ НэщIэпыджэ Ибрэхьим къыдигъэкIа «ГъащIэм и курыкупсэм» тхылъым мыпхуэдэу щетх, Мухьэмэд щхьэкIэ: «Арати, райкомым и секретарым и кабинетым дэрбзэр лъэщапIэм и бзакIуэ щIалэ жан, гушыIэрей, нэгуфIэ Къэрэмырзэ Мухьэмэд ириджэри къыжриIащ: «Къуажэм щэнхабзэм епха лэжьыгъэ щебгъэкIуэкIыну уи пщэ итлъхьэмэ, дауэ къыпщыхъурэ?».

- Хъунщ, - жиIащ Мухьэмэд, укIытэу икIи хузэфIэмыкIынкIэ шынэу.

- ПлъэкIынщ, уэ щIалэгъуалэм фIыуэ укъалъагъу. Комсомол щIалэгъуалэр зэщIэгъэуIуи, клубыр зэфIэвгъэувэж, лэжьэни щIэвдзэ.

Абдеж къыщыщIидзащ Къэрэмырзэ Мухьэмэд лъэпкъ щэнхабзэм ирипха лэжьыгъэм, ауэ и дэрбзэр IэщIагъэр зэи IэщIыб ищIакъым.

Мухьэмэд пшынэ къищэхущ, нотэхэр зригъащIэри пшынэр игъэбзэрабзэрэ дежьуужу уэрэдхэр жиIэу зригъэсащ. Зи гугъу тщIа «ГъащIэм и курыкупсэм» тхылъым адэкIэ мыпхуэдэу итщ Къэрэмырзэм теухуауэ: «А зэманым Мухьэмэд нотэ жыхуаIэр ищIэу щытакъым, ауэ ерыщагъымрэ Iэзагъэмрэ къыхэкIыу, щIалэм и гур зыхуеIэм и Iэр лъигъэIэсащ. Иджы Мухьэмэд нотнэ щIэныгъэр фIыуэ ещIэ, пшынэ лIэужьыгъуэ куэдым Iэзэу ироджэгуф».

АдэкIэ къыпещэ: «Илъэс 14-м щIигъуауэ а къулыкъум Мухьэмэд иролажьэ. Щэнхабзэ лэжьыгъэр Куба къуажэм лъагэу къызэрыщиIэтам и фIыщIэу, Мухьэмэд 18-рэ щытхъу тхылъхэр къратащ».

Апхуэдэ цIыхут иджыпсту сэ къызбгъэдэс, си ныбжьэгъу Къэрэмырзэ Мухьэмэд. Ар дэрбзэр Iэзэт, пшынауэшхуэт, иджырей тхыпхъэщIыпхъэ куэд гъэщIэгъуэныщэу къыхибзыкIырт, уэрэдхэр дахэу иусырт, макъ щабэ гуакIуэкIэ езыр дежьууэ и пшынэм къригъэкIт.

Мухьэмэд и уэрэдхэри хэту Москва «Музгиз» тхылъ тедзапIэм къыщыдэдгъэкIыну Шейблер сэрэ дызэщIыгъуу тхылъышхуэ дгъэхьэзырауэ щытат. АрщхьэкIэ, Шейблер Трувор Карлович илъэс 50 ныбжьым иту зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Арати, «ив лIэри и дзей хэкIыжащ» жыхуаIэм хуэдэу ди Iуэхури хъуащ. Ди лэжьыгъэшхуэр абы и щхьэгъусэ Марие къыдимытыжу Москва Iэпхъуэжри IэщIэкIуэдащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мухьэмэд и уэрэдхэри кIуэдащ.

Мухьэмэд ипхъу Фаризэ игу къигъэкIыжурэ мы частушкэ цIыкIур ттхыжащ:

Сэ частушкэ нывжесIэнщ:

Зигу ирихьыр фыкъедаIуэ,

Иримыхьу къыфхэкIIами,

Фыкъэтэджи фыщIэкIыж!

 

Дэ ди къуажэм дэтщ тыкуэн,

Ущэхуэну ущIыхьамэ,

Ахъшэ дапщэ иумытами,

Зы кIэпIейкIи къуамытыж!

 

Дэ ди къуажэм дэтщ зы ГЭС,

Махуэм маблэ, жэщым кIыфIщ,

Жэщым сышхэу къыстеункIыфIэри,

Си жьэм блэсхри си пэм схьат!

 

Дэ ди къуажэм дэтщ зы чайнэ,

УмэжалIэу ущIыхьамэ,

Жыпу уиIэр яунэщIри

ЗумыгъэнщIу уотэджыж!

 

Дэ ди къуажэ уэрамыбгъухэр

Шэду, щхъуантIэу ефэкIащ,

Абы жэщым цIыхуу хэнэр

ВертолеткIэ къыхахыж!

 

Ди шоферхэу щIалэ жанхэм

Гъуэгу утету уахуэзам,

Зы бжьэ уасэ яхуумышиймэ,

Топ бгъэуами, къомыплъын!

 

Дэ зы щIалэ ди гъунэгъущ,

Жэщи махуи губгъуэм итщ,

Махуэм къишэр трудоденщ,

Жэщым къишэр трудоночщ!

Зауэм и пэ зэманми, зауэ нэужьми Куба къуажэр и зэфIэкIкIэ, республикэм и мызакъуэу, къэрал псом щыцIэрыIуэу щытащ. А къуажэм и ехъулIэныгъэхэрт «Кубам и блэкIамрэ и нобэмрэ» зыфIища тхылъышхуэр Мамбэт Хьэлым зытритхыхьар. А тхылъым итщ Къэрэмырзэ Мухьэмэд теухуа псалъэхэри. ЖыIэн хуейщ, Куба къуажэр апхуэдэу лъагэу зыIэтахэм, и цIэр фIыкIэ зыгъэIуахэм Мухьэмэд зэращыщыр

Къэрэмырзэр зигури зи псэри сытым дежи лэжьыгъэм ета цIыху лэжьакIуэшхуэу, цIыху зэчийрэ Iуэху псоми хэзагъэу, хьэл щабэ иIэу, гуапагъэрэ гулъытэрэ хэлъу, гущIэгъулыуэ дунейм тетащ. Ар 1972 гъэ пщIондэ и къуажэжьым лъэпкъ щIэнхабзэр къыщыIэтыным, ар егъэфIэкIуэным хуэлэжьащ. Иужьым, и бынхэр нэхъ еджа хъун папщIэ, Налшык къэIэпхъуащ. Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 54-м иту дунейм ехыжащ, и Iэужь телъыджэхэр лъэпкъым къыхуигъанэри.

Апхуэдизу си ныбжьэгъуа, лэжьыгъэшхуэ къызэзынэкIа Къэрэмырзэ Мухьэмэд щхьэкIэ псалъэ гуапэ зытIущ стхыуэ къытрезгъэдзэн щхьэкIэ, и сурэт сылъыхъуэурэ, ипхъу Фаризэ къэзгъуэтащ. Мыр и анэшхуэми, и адэми тхыпхъэщIыпхъэ щIынкIэ ятекIуэжащ. Фаризэ иджыри къэсыхукIэ адыгэхэм ямыщIэу, ямылъэгъуауэ, яхуэмыгъуэту къагъуэта налкъутналмэсу жыпIэ хъунущ. Мыбы и IэдакъэщIэкIхэр апхуэдизкIэ телъыджащэщи, псалъэкIэ къызэрыпхуэIуэтэн щыIэкъым. Фаризэ и гупсысэр инщ, лъэныкъуэ куэдкIэ убгъуащ. Абы ищI тхыпхъэщIыпхъэхэр уегупсыскIэ щхьэм къыпхуигъэтIасэркъым, зэрыпхужыIэн псалъэ бгъуэтыркъым.

Мыхэр зылъагъухэм жаIэнкIэ хъунщ: «Мыпхуэдэ адыгэ тхыпхъэщIыпхъэ тлъэгъуакъым», - жаIэу. Пэжщ, мыр иджыри къэс адыгэм димыIа тхыпхъэщIыпхъэ телъыджэщ. Мыр Фаризэ и анэшхуэм, адэм ядилъэгъуа, гъащIэм къыхэкIа, адыгэхэм я зыужьыныгъэм къигъэщIа фIыгъуэщ. Мэс и тхыпхъэщIыпхъэхэр зыщыпсэуа зэманым елъытат. Абы и къуэ Мухьэмэд и анэм и Iэужьым зригъэужьащ, езыр щыпсэу зэманым елъытауэ. Фаризэ и тхыпхъэщIыпхъэхэр япэм щыIа адыгэ дэрбзэрышхуэ, шу кIуэрыкIуэм бзыпхъэ тезыхыу, уэгум ит тхьэрыкъуэм дэнлъэч хуэзыщIу щыта, къан хъыджэбзхэу таурыхъхэм хэтхэр нобэ зи IэужьымкIэ нэрылъагъу тщызыщI адыгэ пщащэ къызэрыгуэкIым и IэдакъэщIэкIщ.

Фаризэ и Iэужьхэр плъыфэ зырызыххэ яIэу щхъуэкIэплъыкIэу зэщIэлыдэу иригъэтIылъэкIауэ уащыхэплъэкIэ, таурыхъ хьэлэмэтыщэ гуэрым ухешэ.

Апхуэдэу Фаризэ ищIахэр пщIыкъым, тIощIкъым, щэкъым, атIэ 200-м щIегъу. Ар компьютер мыхъумэ, щхьэм къигъэтIэсэгъуейщ. Мыхэр тхылъу къыдэкIауэ щытамэ, дуней псом щагъэщIэгъуэнт адыгэ цIыхубз цIыкIум и гупсысэр зэрыиныр, и псэр зэрыдахэр, и акъылыр зэрыжаныр, и лъэкIыныгъэр зэрыиныр ялъагъунт. Мыбы и Iэужьым мыхьэнэшхуэ иIэнут. Мыхэр къагъэсэбэпынт хэзыдыкIхэм, алэрыбгъухэкIхэр зыщIхэм, нэгъуэщIхэми. Фащэ зыдхэм, хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIэзыгъэкIхэм, апхуэдэу архитектурэм, псоми, псоми, псоми къыщагъэсэбэпыфынут. ИкIэм-икIэжым мыхэр лъэпкъ гъуазджэм и лъагапIэр нэрылъагъу зыщI Iэпэщысэщ, художникхэм я гупсысэр адэкIэ зыгъэкIуэтэну Iэужьщ.

«Тхылъу къыдэкIарэт!» - жытIэ щхьэкIэ, абы текIуэдэн мылъку ди институтым иIэкъым. Езы Фаризи спонсор гуэрхэм къагъэгугъэм къыфIэкIкъым. Сэ си фIэщ мэхъу, сыт хуэдиз темыкIуэдами, а тхылъыр дунейм къытехьатэмэ, а текIуэдам нэхърэ нэхъыбэ зэман кIэщIым къызэрилэжьыжынур. Дауэ мыхъуми, Фаризэ и Iэужьхэм щыгъэгъуэзапхъэщ адыгэ лъэпкъыр, къилъхьапхъэщ утыку абы и IэдакъэщIэкI тхыпхъэхэр.

 

«Адыгэ псалъэ», 1995 гъэм щIышылэм и 5.


* ГъукIэмыхъу Iэбубэчыррэ КъардэнгъущI Зырамыкурэ зэгъусэу ягъэхьэзыращ.

[1] БланэшкIэхэр зи хьэщIэныш, бланэшэхэр зи Iэпэшыпс, - жеIэ «ХьэтI Мыхьэмэт и уэрэдым». Арыкъыжьым и бланэ пшэрыр пщы дадэм и хьэщIэнышт, - жеIэ «Хъымсад и уэрэдым».

[2] Еплъ «Мысостей бжьищ», «Къетыкъуей бжьищ» щIыжаIам и хъыбарым».

[3] Пасэм щыгъуэ псори шыкIэпшынэ еуэфу, емыуэфыр зырызыхэу щытащ.

[4] «ХьэщIэщ» - къэзыIуэтэжар Щоджэн Хьэзешэщ. Щитхар 01.06.1969. КъБЩIКъИ-м и фондым хэлъщ.

[5] «Къанж и къуэ Щауей, Нэрыбгейм и къуэ закъуэ» - КъэзыIуэтэжар Къуэшкъан Хьэзрэтэлийщ. КъБЩIКъИ-м и фондым хэлъщ. Зытхар Акъсырэ Залымхъанщ, щитхар 1949 гъэрщ.

* Мыр дыдэр январым и 22-м, 1967 гъэм къыдэкIа «Ленин гъуэгу» газетым къытехуащ. Ар гъэкIэщIауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ, теддзэр КъардэнгъущI З.П. и архивым къыхэтхыжа Iэрытхырщ.







Что способствует осуществлению желаний? Стопроцентная, непоколебимая уверенность в своем...

Что будет с Землей, если ось ее сместится на 6666 км? Что будет с Землей? - задался я вопросом...

ЧТО ТАКОЕ УВЕРЕННОЕ ПОВЕДЕНИЕ В МЕЖЛИЧНОСТНЫХ ОТНОШЕНИЯХ? Исторически существует три основных модели различий, существующих между...

Что делать, если нет взаимности? А теперь спустимся с небес на землю. Приземлились? Продолжаем разговор...





Не нашли то, что искали? Воспользуйтесь поиском гугл на сайте:


©2015- 2024 zdamsam.ru Размещенные материалы защищены законодательством РФ.