Сдам Сам

ПОЛЕЗНОЕ


КАТЕГОРИИ







ХЬЭЩIЭМ КIЭЛЪЫЗЭРАХЬЭ ХАБЗЭХЭР





 

ХьэщIэр лIэужьыгъуэ Iэджэм тету мэхъу. ГъэхьэщIэкIэхэри а хьэщIэ лIэужьыгъуэхэм ятеухуат, н.ж. хьэщIэр бысымым къриджауэ къэкIуэнкIи хъурт, имыщIэххэу къэкIуэнкIи мэхъу. ГъэхьэщIэн IуэхукIэ а тIум я емыкIур зэхуэдэтэкъым бысымым дежкIэ.

- ХьэщIэу къысхуэкIуэ! - жиIэу къриджамэ, и къару ехьэлIауэ игъэхьэщIэн хуейт, гугъу зыдригъэхьу. Ау эимыщIэххэу къэкIуа хьэщIэм апхуэдэу гугъу зыдримыгъэхьми емыкIутэкъым. «ХьэщIэ хьэзыр щхьэкIэ, бысымыр хьэзыр?» - жыхуаIэр арати, унагъуэр зыхуэхьэзырымкIэ игъэхьэщIэрт. «Унэ зиIэм унэ и пIалъэ ещIэ»,- жыхуаIэу, езы хьэщIэми емыкIу къыхуищIынутэкъым, хуэфэщэн хуэдизкIэ имыгъэхьэщIэми.

ХьэщIэр цIыхухъууи цIыхубзуи хъункIэ мэхъу. ЦIыхухъу хьэщIэр нэхъыбэрэ къызэрыкIуэр шууэт. ЦIыхубзыр гукIэт. Шу хьэщIэм и фащэр мырат: щIакIуэ-бащлъыкъ щыгът, дохъутейм илъу адыгэ фоч, щIакIуэм и щIыIукIэ, пщIэхэлът. Къамэ, сэшхуэ, фочкIэщI кIэрыщIат. Шу хьэщIэр пщIантIэм зэрыдыхьэу, шы фIэдзапIэм екIуалIэрт. Шур емыпсых щIыкIэ бысымыр къэсырт. Шум сэлам къитырт. Бысымым сэламыр къыIихти, шум и ижьырабгъумкIэ бгъурыхьэрт. Бысымым и Iэ ижьымкIэ хьэщIэм и шхуэмылакIэр иубыдт, и Iэ сэмэгумкIэ лъэрыгъыпсыфэр иубыдти, хьэщIэр къригъэпсыхырт. Къепсыха нэужь, бысымым «фIэхъус апщий!» жиIэрти, сэлам ирихт, «дауэ фыщыт, сыт фи узыншагъэ?» жиIэрти щIэупщIэрт. Бысымыр езым нэхърэ нэхъыжьмэ, «Жьыщхьэ махуэ ухъу, дыхъарзынэщ, лажьэ щыIэкъым»,- жиIэрти, жэуап къритт. Бысымыр хьэщIэм нэхърэ нэхъ щIалэмэ, «Тхьэм уигъэпсэу, насыпыфIэ ухъу», къыжриIэрти, я фIэхъусри, я сэламри абыкIэ зэфIэкIт. Сэламым иужькIэ хьэщIэм и шыр бысымым пхъэлъантхъуэм фIидзэрти, хьэщIэм и щIакIуэ, и бащлъыкъ, и фоч, и къамышыхэр бысымым къыIихырти, «еблагъэ!» жиIэрти, бысымыр хьэщIэм и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыувэрти, иришажьэрт.

ХьэщIэр унагъуэм я Iыхьлы гуэру щымытмэ, хьэщIэщымкIэ иригъэблагъэрт. Ауэ хьэщIэр унагъуэм я Iыхьлыуэ щытмэ, «уэ ухьэщIэщ хьэщIэкъым», жиIэрти, унэм иригъэблагъэрт.

ХьэщIэр щрагъэблагъэкIэ, бысымым нэхърэ нэхъапэ унэм щIагъыхьэрт. Ауэ, унэм къыщыщIэкIыжкIэ, бысымыр япэ къыщIэкIт. Ахэр хабзэ щIащIар хьэщIэр и ужь итмэ, хьэр къыжьэхэмьпхъуэн, къыщыщIэкIыжкIэ, хьэщIэм бий сыт иIэмэ, бысымыр япэ Iууэн щхьэкIэт.

ХьэщIэм и фочыр бысымым къыщыIрихам и деж къыщыщIэдзауэ ежьэжыху, и пщIантIэм дэкIыжыху, бысымыр хьэщIэм щхьэкIэ хъумакIуэт. И пщIантIэм дэту хьэщIэм зыгуэр къыщыщIмэ, бысымым и напэр текIат, и лIыгъэри къутат.

А хабзэр икъукIэ зэман жыжьэм къыщожьэ. Мис абы щхьэкIэ Нэгумэ Шорэ итхыжар: «ХьэщIэкIэ адыгэхэр фIыуэ зэрыщытам и фэеплъыр а зэманым щыIа хабзэу хъыбарыжьхэм яхъумащ. ТхьэмыщкIагъэмрэ политическэ зэхъуэкIыныгъэ куэдхэмрэ щхьэкIэ къэмынэу, а хьэлыфIыр иджыри къамыгъэлэлауэ яхъумэр. Ди дежкIэ ди унэ бжэщхьэIум къебэкъуа гъуэгурыкIуэр псом нэхърэ нэхъ лъапIэ дыдэщ. Абы нэщхъыфIэу IуощIэ, гуапэу ягъэхьэщIэ, нэхъ пIэ тыншым ягъэгъуэлъ, щIыхь ин хуащIу ирагъэхьэж, и щхьэр хъума хъун папщIэ, зым адрейм Iэрылъхьэ хуещI. Хамэм и щхьэр хъумэнымкIэ унагъуэр зейр лъэпкъ псом и пащхьэм щыжэуаптакIуэт, икIи хэт и хьэщIэр мыгъуагъэм щимыхъумэфами, е ар дэнэ къэна, и жагъуэ ящIамэ, апхуэдэу зыщIам суд тращIыхьырт икIи хуагъэгъуртэкъым. ХьэщIэм и гъащIэр ихъумэн папщIэ, абы хуей хъууэ щытмэ, унагъуэр зейм и псэр щIитын хуейт». ХьэщIэм щхьэкIэ бысымыр хъумакIуэт, адыгэ хабзэкIэ жэуаплыт.

КъэкIуар фыз хьэщIэмэ, къызэрыкIуэнур выгут. Зэрыхабзэти, выгум гущхьэ телът, гущхьэм упщIэ теубгъуат, щIигъанэу, упщIэр щагъэ хужь бгъуэшхуэкIэ тепхат зэпрыдзауэрэ. ПщIантIэм къызэрыдыхьэу гум и IумпIэр бысымым иубыдти, гур къызыщыувыIэн хуейм и деж ишэрт.

Ауэ фыз хьэщIэр гум къишынри егъэблэгъэнри зи Iуэхур цIыхубзт. ЦIыхубзыр сыт хуэдэ хьэщIэми, хьэщIэщым ирагъэблагъэртэкъым. ЦIыхубзыр хамэми благъэми унэ хьэщIэт.

Хамэ цIыхухъур хьэщIэщым щIыщагъэхьэщIэр унагъуэм ис цIыхубзхэр щыукIытэн щхьэкIэт. Езы хьэщIэри цIыхубз зыщыIэбэ-зыщылъабэм щытынштэкъым, хуиту зыщигъэпсэхутэкъым.

Ауэ цIыхубзыр и къарусызыгъэмрэ и нэмысымрэ щхьэкIэ хьэщIэщым щIадзэртэкъым, лъэныкъуэегъэз ящIыну хуагъэфащэртэкъым.

ЦIыхухъумрэ цIыхубзымрэ яку илъ нэмысым теухуауэ хьэщIэщыр зыщагъэуври цIыхубзхэм я зекIуапIэу щымыт щIыпIэт. Дауэ хъуми, сыт хуэдэ хьэщIэми щхьэж зэрыхуэфэщэнкIэ ягъэхьэщIэрт.

ХьэщIэ зыхуэкIуэ зи хабзэ адыгэ унагъуэм IэнэщI зимыщIу, хьэщIэм хуэмыбэлэрыгъыу щытт. Адыгэр хьэщIэм щхьэкIэ, псом япэу, махъсымэ щыщIэртэкъым. Абы щIыхуэсакъыр, а зэманым фадэу щыIэр махъсымэти арат. Иджы хуэдэу узэрыдэжу фадэр къэпщэхуну бгъуэту щытакъым. ЗыщыукIытэн хьэщIэ къыхуэкIуамэ, махъсымэ лъыхъуэ хэт и деж кIуэнт? ХьэщIэм Iэджэ бгъэдэсын хуейт. Ауэ нэщIу щигъэсыну бысымым дежкIэ нэмысыншагъэт, лIыгъэншагъэт. Мис абы щхьэкIэ махъсымэ зы-щамыгъащIэу щытащ.

Пэжщ, махъсымэр куэдрэ щымыту зэкIуэкIыу щытащ. Ауэ, а зэманым, махъсымэр щIэх зэмыкIуэкIын щхьэкIэ, Iэджэуи зэтегъэпщIыкIауэ яIыгът, щытыхункIэ нэхъри ефIакIуэу, нэхъри къару игъуэту. Абы хуэIэзэу махъсымэр быдэу фокIэ ягъэIэфIырт, илъэскIи, илъэситкIи, нэхъыбэкIи зэмыкIуэкIыу щыт хъууэ.

Махъсымэр лIэужьыгъуэ куэд хъурт: махъсымэ къызэрыгуэкI, фо махъсымэ, махъсымэ пIащIэ, махъсымэ Iув, мэрэмэжьей. Ахэр псори зэтегъэпщIыкIауэ яхъумэрт, щхьэж хуэфащэ щыкъум иту. Абыхэм ирагъафэри езы хьэщIэ кърихьэлIам зэрыхуэфащэкIэт.

ХьэщIэм и гъэхьэщIэкIэм хабзэ зыбжанэ ехьэлIат.

Адыгэ гъэхьэщIэкIэм адыгэ шхыныр быдэу пыщIат. ХьэщIэм адыгэхэм нэмысышхуэ, хабзэшхуэ кIэлъызэрахьэрт. ХьэщIэр къызэрысу лэкъум, хьэлывэ, хуагъажьэрт, самовар хуагъэувти фошыгъу шей ирагъафэт. АбыхэмкIэ хьэщIэ бгъэхьэщIэну сытым щыщ,- жаIэнщ иджырейхэм. Ауэ а зэманым абыхэмкIэ икъукIэ хьэщIагъэ ирахыуарат. Сыту жыпIэмэ а зэманым фошыгъу шей ирафу щытакъым ди адыгэхэм. Фошыгъу шей ирафу къызэраублэрэ куэд щIакъым. Самоварыр гъуэтыгъуейт, лъапIэт, цIыхухэм яIэтэкъым, фошыгъури арати, къежьагъащIэт. Апхуэдэ зэманым самоваркIэ хьэщIэм фошыгъу шей хуэбгъэвэныр щIыхьт. «Самовар къищэхуащ»,- жаIэу яфIэгъэщIэгъуэну цIыхур плъакIуэ щыхуэкIуэ зэмант.

Мис а зэманым самовар зиIэм къыщIихрэ бжэIупэм щигъэуву щытащ, дунейр икъутэжа фIэщIу. Ари хьэщIэ дыдэ къыхуэкIуамэ. Самовар ягъэувауэ жыжьэу къаплъэрэ ялъэгъуамэ, хьэщIэ зэраIэр ящIэт, самоварыр ауэ джэгуу зэрамыгъэувамкIэ.

ХьэщIэр апхуэдизкIэ щIэщыгъуэт, гъэщIэгъуэнти, кIуами здэкIуами зыгуэр къэхъуа яфIэщIыжт. ХьэщIэ ямыIэмэ, езым я щхьэм щхьэкIэ самовар ягъэувынутэкъым. Я фIэщ кърагъэкIмэ, щаищ иратынурэ зы фошыгъу джэронкIэ къащэхуну арат.

Ар зэрыщIэщыгъуэм хуэдэу а зэманым гуэдз лэкъумри щIэщыгъуэт. Абы щыгъуэми лэкъум ягъажьэу щытащ, ауэ нартыху лэкъумт, щэ дагъэкIэ е кIапэ дагъэкIэ гъэжьауэ. Шейм хакIэну шэ е шатэпс Iэнэм трагъэувэрт. Варенэ яIэн дэнэ къэна, езыр яцIыхуххэртэкъым, ялъагъуми ящIэнутэкъым. Абы и гъусэу тралъхьэрт: кхъуей, лы гъур гъэжьа, хыв шатэ щIэгъэпщтхьа хуэдэхэр. Япэ дыдэ кърагъахъуэ шейр бысымым хутрагъэувэрт, шейудз вахуэ кърихмэ, хьэщIэм лъамыгъэсын щхьэкIэ. Мы жытIахэмкIэ хьэщIэм и мэжэщIэлIагъэр ирагъэкIыу арат.

ХьэщIэр хьэщIэ хэгъэрейрэ я нэIуасэу щытмэ, джэд-къаз, кхъуейжьапхъэ, жэмыкуэ жаIэми абыхэмкIэ фIагъэкIт.

Ауэ нэхъ ягъэлъэпIэн хуейуэ хамэ хьэщIэмэ, Iэмал имыIэу, ныш хуаукIт. Нышу нэхъыбэрэ яукIыр щынэт, «хьэщIэ ныш», жыхуаIэри арат. Щынэ имыIэм е щынэр къаймэщIэкIынумэ, гъэлъэхъу, мэл яукIт, Iэмал имыIэмэ, бжэн. Ауэ кIапэ зыпымытыр ныш лъапIэ дыдэу ялъытэртэкъым.

ХьэщIэхэр гупышхуэрэ, Iэщ цIыкIур къаймэщIэкIынумэ, выщIэ, жэмыщIэ хуэдэ хуаукIырт. Абыи къыщымынэу, быдэу ягъэлъэпIэн хуей пщы хьэщIэу щытмэ, езыхэри гупышхуэмэ, шэ ефэ шыщIэ хуаукIырт. ШыщIэм нэхърэ нэхъ лъапIэ нышым яхэттэкъым. Абы нэхърэ нэхъ IэфIи лы щыIэкъым. ПщьI хьэщIэм Iэмал имыIэу арат нышу хуаукIыу щытар. Ауэ абы хьэщIэ нышкIэ еджэртэкъым. «ХьэщIэ ныш» зыфIащыр Iэщ цIыкIур арат. Пщы хьэщIэр нэхъри ягъэлъэпIэнумэ, бланэшкIэ е бланэ къыхуаукIырти Iэнэм хутралъхьэрт[1]

Унагъуэм щхьэкIэ мыпхуэдэ къохъу: гъатхэ хъуарэ щынэм имычэзууэ, мэлыр уэду, псэфымрэ мыпсэфымрэ белджылы мыхъуауэ, езым хьэщIэ къыхуэкIуарэ ныш имыIэну Iэмал имыIэу. «Гъатхэ унэ гъуанэщ», жыхуаIэр арати, зыми и мычэзууэ. Абы щхьэкIэ хьэщIэ къэкIуэн щигъэтыжын? Адыгэ унагъуэм ищIэрт абы хуэдэ зэман къызэрыкIуэнури, абы хуэбэлэрыгътэкъым, IэнэщI дыдэу зригъэхьэлIэртэкъым. Абы Iэмалу иIэр мырат: адыгэ унагъуэ хуэкъулейм Iэмал имыIэу бжьыхьэм «бжьыхьэ укIын» жиIэрти, мэл зыбгъупщI иукIырт. Абыхэм я лыр игъэгъурти, игъэтIылъыжт. Ахэр щIымахуэ шхынти, щIымахуэм икIуадэрт. Абыхэм я щхьэ-лъакъуэхэр фIыуэ ягъэлыгъуэрт, быдэу ягъэкъабзэрти, ягъавэрт. Чейм къундэпсэу иракIэрти щхьэ-лъакъуэ гъэвахэр а чейм халъхьэрти, ягъэувыжырт. Ар илъэскIэ щытами зэкIуэкIынутэкъым.

Абыхэм нэмыщIу, выжь, жэмыжь хуэдэ зыщымыгугъыжхэр пшэр хъухункIэ быдэу ягъашхэрти, яукIыжт. Абыхэм я лыр чейм ирашыуэрти, ягъэувыжырт. Ари зэмыкIуэкIыу зэман кIыхькIэ щытт.

Абыхэми нэмыщIу, лы пшэрыр зэхаупщIатэрт щабэ хъуху, абы бжьын, бжьыныху хаубэрти, кIэтIийм иракудэрти, ягъэгъурт. Ари фIыуэ щылъынут зэмыкIуэкIыу. Абы адэкIэ, шыл яшхыу щытащ, кърым тэтэрхэм къытрахауэ. Шыл пшэрым щыщ фIыуэ бжьыныхукIэ шыуауэ кIэтIийм ирагъэжэхырти, быдэу ягъэгъурти ягъэтIылъыжт. Ар «шыкъазы» жыхуаIэр арати, абы нэхърэ нэхъ IэфI щыIэтэкъым. Мис ахэр зиIэ унагъуэр гъатхэми гузавэртэкъым. Абыхэм емыIусэу гъатхэ нэсыху яхъумэрт, хьэщIэм хуэсакъыу. А зи гугъу тщIахэр пасэрей лIыжьхэм сыт хуэдэл нэхъри нэхъ къащтэрт. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри ныш нэхърэ нэхъ ягъэикIэртэкъым.

Чейм иралъхьэу ягъэтIылъа щхьэ-лъакъуэхэр арат «щхьэфIэIукIэ» зэджэр. ЩхьэфIэIур апхуэдизкIэ пасэрей лIыжьхэм яфIэфIти, сыт хуэдэ ныш нэхъри нэхъ къащтэрт. Уеблэмэ, щхьэфIэIу яшхын щхьэкIэ, ар зиIэм я деж кIуэрт, хамэ къуажэу щытми. Сыт хуэдэ хьэщIэ къахуэкIуами, Iэнэм щхьэфIэIу хутралъхьамэ, сыт хуэдэ ныш нэхъри нэхъ къащтэрт, ныш хуаукIа пэлъытэуи ябжт.

Иджы хуэдэу, япэ щIыкIэ Iэнэр ягъэуву, итIанэ шхыныр тралъхьэу щытакъым. Iэнэм тралъхьэну псори тралъхьэрти, ягъэувт. Iэнэ хъурей цIыкIум пIастэр хъурейуэ кърагъэтIылъэкIти, шыпсыр и кум ирагъэувэрт, шыпсылъэ цIыкIукIэ. ПIастэм и щIыIум телъу лыри хъурейуэ кърагъэтIылъэкIыжт. Шыпсыр шху шыпсуи лэпс шыпсуи хъункIэ хъунут.

Ауэ Iэнэр яхьыным ипэкIэ, Iэмал имыIэу, тас-къубгъан яхьти, хьэщIэхэм зрагъэтхьэщIт. ЗатхьэщIа нэужь, Iэнэр умыхьу бгъэгувэныр емыкIут. Абыхэм ящIэрт зыщIрагъэтхьэщIар Iэнэ яхьыну арауэ зэрыщытыр.

Iэнэр яхьырти, ягъэувырт. Абы иужь иту махъсымэр яхьт, Iэлъэныкъуэ кхъуэщынкIэ е пэгункIэ.

Адыгэхэм Iэнэм я пэрысыкIэр: хьэщIэхэр зытIущ нэхъ мыхъумэ, зыбгъэдагъэтIысхьэр зы Iэнэ хъурей цIыкIут, лъакъуищ щIэукIауэ.

Псори шэнт щхьэгуэ цIыкIу тесу хъурейуэ къетIысэкIауэ Iэнэм бгъэдэст зэрыхуэпам хуэдэу, я къамэ-бгырыпххэри зэращIэпхам хуэдэу.

Гупым Iэмал имыIэу зы тхьэмадэ яIэт. А тхьэмадэр хэгъэрейхэм ящыщу щытынут. ХьэщIэр сыт хуэдизкIэ ягъэлъапIэми, гуп тхьэмадэ ящIтэкъым. Хабзэтэкъым. Бысымыр псомкIи унафэщIу, хьэщIэр абы и унафэ щIэтын хуейуэ зэрыщытыр арат, хьэщIэр тхьэмадэ щIамыщIыр. «ЗэгъунэгъуитI я мэл бжыкIэ зэщхькъым»,- жыхуаIэм хуэдэу, щIыпIэм щыхабзэхэр хьэщIэм имыщIэнкIэ хъунут.

Махъсымэр ирагъахъуэти, гуп нэхъыжьым иратт. Нэхъыжь зратар Iэнэми хьэщIэми теухуауэ хъуахъуэрти, нэхъыщIэхэм ящыщ зыгуэрым иритырти, иригъафэрт. Хъуахъуэрэ езыр ефэжмэ, адыгэ хабзэкIэ емыкIуу щытащ. Иджы нэхъыжьыр мэхъуахъуэ, ар ефэху, мыдрейхэр ефэркъым. Нэхъыжьыр зытехъуэхъухьу нэхъыщIэм ирита бжьэр, нэхъыжьым къыIэрыхьэжа нэужь, езы нэхъыжьым и сэмэгумкIэ хьэщIэ къыбгъэдэсу щытмэ, езы нэхъыжьыр емыфэ щIыкIэ а хьэщIэр иригъафэти, итIанэт езы нэхъыжьыр щефэр. Апхуэдэу щIащIыр, махъсымэр зэрекIуэкIыр ижьырабгъумкIэти, нэхъыжьыр зэрефэу ижьымкIэ ириутIыпщхьэкIын хуейт. Абы щыгъуэм махъсымэм гупыр хъурейуэ къикIухьыху хьэщIэм и деж къэмысурэ псоми яужь къинэнути, ^ар иужь кърамыгъэнэн щхьэкIэт. Къе-кIуэкIыу псори зэрызэ ефа нэужь, шхзным щIадзэрт. Нэ-хъыжьыр хэмыIэбауэ зыри Iэнэм хэIэбэртэкъым. Гупым ящыщу махъсымэбжьэр зыIыгъым игъэувыну хуиттэкъым. Махъсымэбжьэ бгъэувыну адыгэ хабзэтэкъым.

Iэнэм пэрыс псоми а зы шыпсылъэ цIыкIум ирагъэпщIт.

Iэнэм телъыр былымылу щытмэ, адыгэ хабзэкIэ, шыпсым пIастэ ирагъэпщIкъым, ирагъэпщIыр лыр аращ. Ауэ Iэнэм телъыр Iэщ цIыкIуу щытмэ, пIастэр иригъэшщIыну хуитщ. Ауэ хабзэр зытеухуар пIастэр егъэпщIын хуэмейуэ аращ.

Махъсымэр зэрырафыр къамыл шыплъэт е пхъэ шынакъ кIыгъуанэт. Чэзууэ ефэурэ хъурейуэ кърагъэкIуэкIыу зэрефэр а зы шынакъырт. Ефам езым и ижьрабгъумкIэ къыщысым иритурэ ирагъэкIуэкIт. МащIэу изыфынри хуитт, куэду изыфынри хуитт, зыри иримыфу, ауэ и Iупэр хищIэ хуэдэу ищIурэ, езыгъэкIуэкIынури хуитт.

Ауэ, Iэмал имыIзу, махъсымэр зыIыгъыр щефэм и деж, емыфэ щIыкIэ, зритыну и гъунэгъум еджэн хуейт, «нокIуэ», жиIэу. Ар щефэнум и деж зритынум емыджамэ, е еджарэ зэхимыхамэ, зритынум Iихынутэкъым, «укъызэджакъым, къызэджи ефэ!» - жиIэрти, къригъэгъэзэжти, етIуанэу иригъэфэжт. А зэджами жэуап кърет: «гъуэгуфIщ, уэ укъелмэ, сэ сыщыIэщ»,- жиIэрти.

Апхуэдэу ефэу здэщысхэм, гупым ящыщу махъсымэбжьэр зыIыгъым «зэ езгъэфарэт», жиIэу гупым ящыщ зыгуэр лейуэ иригъэфэну мурад хуищIмэ, иригъэфэну хабзэт. «Си бжьэ укъысхуефэну си гуапэщ»,- жиIэрти иритт. Iихти, хуэфащэкIэ къехъуэхъути, ефэти къритыжт.

Ауэ нэхъыжьым кърита бжьэм нэхъыщIэр техъуэхъухьтэкъым, быдэуи ефэртэкъым, ауэ тIэкIу и Iупэр хищIэ хуэдэу ищIти, хуишиижт. Ефэнуи хабзэтэкъым. Ауэ бжьэр езыта нэхъыжьым гу къылъетэ щIалэр зэремыфами, «ефапэт, шынэхъыщIэ!»,- жиIэти, къригъэгъэзэжт. Абы щыгъуэм сыт хуэдиз ирифынуми, щIалэр хуит хъуащи, фIыуэ йофэри иретыж.

Iуэхур псори зэрекIуэкIыр гупым я нэхъыжьым и унафэт. Абы еупщIурэ хуитыныгъэ къыIахт.

Апхуэдэ къабзэу щхьэгъырыти яIэт. Щхьэгъырытхэри ирагъафэрт, хуашийуэрэ.

Адыгэ хабзэкIэ бысымрэ хьэщIэрэ, зэдэшхэу щытмэ, бысымыр япэ хэмыIэбэу, хьэщIэр хэIэбэныр емыкIут. Абы мыпхуэди хэлът: абы зы щхъухь гуэр, зы шынагъуэ гуэр зэрыхэмылъыр бысымыр зэредзэкъамкIэ хьэщIэм быдэу и фIэщ хъурт. Ар фадэу щытми, бысымыр япэ ефэн хуейуэ хабзэт.

Фадэр, зэрыжытIам хуэдэу, хъурейуэ къекIуэкIыурэ ефэрт, «фадэр гуакIуэрыефэщ», - жаIэрт къэбэрдейхэм, джылахъстэнейхэм «фадэр зыфIэфIрыефэщ», - жаIэрт. ЗэрыжаIэти, щхьэж зыфIэфIым хуэдиз ирифырт.

Адыгэр дахэу, екIуу, Iэдэбу Iэнэм пэрыст. «Iэнэм упэрысу къэбгъащIэр гъащIэм щыщкъьш», - жаIэрт. Ар адыгэхэр Iэнэм зэрыпэрыс зэман мащIэр гухэхъуэу, дахэу зэрагъакIуэр арат.

Махъсымэ фалъэр хъурейуэ тIэу-щэ къекIуэкIа нэужь, нэхъыжьым уэрэд ищIэмэ, къыхидзэрт, имыщIэмэ, зыщIэм къыхидзэну хуит ищIырти, жрагъэIэрт. Гупыр псори абы ежьурт.

Абы иужькIэ, хьэщIэм уэрэдыщIэ къыздихьамэ, къа-жриIэну елъэIурт. ХьэщIэр къыздикIа щIыпIэм уэрэдыщIэ къыщежьауэ, ар хьэщIэм къыздихьамэ, къыхидзэрти, зы едзыгъуэ жиIэрт, абы иужькIэ и ежьури жиIэрт. ЕтIуанэ едзыгъуэр жиIа нэужь, гупым ежьур ящIауэ, хьэщIэм и уэрэдыщIэм псори ежьыуфырт.

Гупым уэрэд щыжаIэкIэ, уэрэдыр къыхэзыдзам и кIыхьагъкIэ жиIэртэкъым, атIэ зы едзыгъуэ жиIэрти, «зыщIэм и дежкIэ нокIуэ!», - жиIэрти, яхиутIыпщхьэрт. Ар нэгъуэщIым къипхъуатэрти, пищэрт. Апхуэдэурэ а зы уэрэдыр зэпрадзыжу цIыху куэдым жаIэрт.

Пасэм щыгъуэ псоми уэрэд ящIэрт, псоми уэрэд жаIэрт, яфIэфIу. Мис а щIыкIэм тету ефэурэ, бысымыр тIэкIу къэгумащIэрэ, хьэщIэр тIэкIу нэхъыбэIуэ иригъэфэн мурад ищIмэ, е щIагъуэу емыфэ фIэщIмэ, унафэ ищIырти бжьакъуэ къригъэхьырт. БжьакъуэмкIэ япщурэ ирафу щIадзэрт. Ар «гъэкIыкъиефэ» жыхуаIэр арат. Абы къэбэрдейхэр «изырафэкIэ» еджэрт, джылахъстэнейхэр «гъэкIыкърафэкIэ» еджэрт. Бжьэ щIыфIащар а бжьакъуэмкIэ ефэу зэрыщытар арат. Шыплъэри а зэрекIуэкIыу щытам хуэдэу екIуэкIыу, бжьакъуэмкIи иригъафэурэ бысымым игу игъэзагъэрт. Бжьакъуэм къибнэIауэ къыпIахыжыртэкъым езы бжьакъуэр итIауэ бгъэувыж хъуртэкъым.

Ауэ сыт хуэдиз уефэми, адыгэ хабзэкIэ чэф бгъуэтыныр емыкIут. Псом хуэмыдэу хьэщIэм чэф игъуэтыныр емыкIушхуэт. А зэманым махъсымэ зэрыраф пщалъэу стакан яIакъым, пщалъэу зэрырафыр бжьакъуэт. «Си бжьэ къефэ!» жыхуиIэр, «си бжьакъуэ къефэ», жиIэу арат.

ХьэщIэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ ящхьэщыту жыхафэм щхьэгъырыт зыкъом темытыну Iэмал иIэтэкъым.

Iэнэм щыс нэхъыжьхэм махъсымэбжьэ къыхуашийуэрэ а щхьэгъырытхэри ирагъафэрт. Бжьэ зыхуашийуэ зрагъэфам, Iэмал имыIэу, пIастэ Iыхьэрэ лы Iыхьэрэ зэтеубыдауэ иратти, (абы зэреджэр «лыIут») едзакъэрти, я Iэр я лъейм щахуэжырт. Я Iэр я лъейм щахуэжыныр хабзэу аратэкъым, абыкIэ ялъэщIыжу арат.

Махъсымэр къизыгъахъуэ бгъуэщIэсыр етIысэх имыIэу ящхьэщытт. Ар гупым ятеплъэкъукI хъунутэкъым. Арат гуп Iуэхур псори зыгъэтэмэмыр, хэт ефами, хэт емыфами, хэт къемызэгъын илэжьами. «Уефэнумэ, бгъуэщIэсым еджэ», - жыхуаIэр арат. «БгъуэщIэсыр ебгъафэмэ, уригьэфэжынщ», -жыхуаIэт. Абы псынщIэу илъагъун хуейт махъсымэ зэрыраф шынакъым щимытыжыр.

Iэнэм пэрыс нэхъыжьхэм ящыщ щIэкIын хъумэ, жыхафэм тет щхьэгъырытхэм ящыщ дыщIэкIын хуейт, Iэмал имыIэу. Ауэ Iэнэм пэрыс хьэщIэхэм ящыщ щIэкIын хъумэ, езы Iэнэм щысхэм ящыщ дыщIэкIырт. Абы щхьэкIэ къамыгъанэу, жыхафэм тет щхьэгъырытхэм ящыщи ядыщIэкIырт, хьэщIэр ягьэлъапIэу. КьыщыщIыхьэжкIэ, хьэщIэр япэ иту, хэгъэрейр и ужь иту къыщIыхьэжырт. Сэламыр къэзытри япэ итыр арат.

- Гуп махуэ апщий! - жиIэрти, къызэрыщIыхьэжу, сэлам къитырт.

- Упсэу апщий, къеблэгъэж! - жаIэрти, псори зэщIэтаджэрт, хьэщIэм щIыхь хуащIу, тхьэмадэ закъуэм инэмыщI къэмынэу. Ауэ тхьэмадэр тэджтэкъым. Бжьэр зыIыгъым сэлам къэзытам иритырт. Ар «сэламчэтыбжьэ», «гупмахуэбжьэ» жыхуаIэр арат. Абы ирата бжьэр езым иримыфу, езым и ужь иту къыщIыхьэжам ириту езыгъафэ зи хабзи щыIэт, езым ирифу зи хабзи щыIэт. Псалъэм щхьэкIэ, Джылахъстэней лъэныкъуэм бжьэр зратам езым и ужь иту къыщIыхьэжам иретри ирегъафэ. Дапщэ и ужь итми, бжьэр зритыр езым къыкIэлъыкIуэ дыдэр аращ. Ауэ Къэбэрдей лъэныкъуэм езы бжьэр зратам иреф. Фадэр кърагъэхъуэжри бжьэр къезытам иритыжырт. Ар зэфIэкIыху гупыр псори мытIысу зэхэтт, хьэщIэм пэплъэу. Ар зэрызэфIэкIыу хьэщIэр и пIэм ягъэтIысырти, псори щхьэж и пIэм тIысыжырт.

Гуп махуэбжьэу зы фIэкIа щыIэкъым, тIощI къыщIыхьами, а зы бжьэр аращ хуашийр. Гуп нэхъыжьыр щIэкIми арат хабзэр. Гупым я нэхъыжьыр щIэкIмэ, къыщIыхьэжыхункIэ унафэр и IэмыщIэ илъыну зыгуэр и пIэм къринэрт. Нэхъыжьыр къыщIыхьэжу сэлам къыщиткIэ, гупыр псори мэтэдж, хьэщIэм пщIэ зэрыхуащIым ещхьыркъабзэу. Гуп нэхъыжьыр къыщIыхьэжамэ, гуп махуэбжьэр кърату, зэрыжытIам хуэдэу иригъэкIуэкIыу, бжьэр къезытам иритыжыху, гупыр псори мытIысу зэхэтт, гуп тхьэмадэм пэплъэу. Псори зэфIигъэкIыу нэхъыжьыр и пIэм зэритIысхьэжу, псори тIысыжт.

Гупым ящымыщ зыгуэр нэхъ иужьыIуэкIэ къыщIыхьамэ, зэрыхабзэти, гупым ящIэрыхьэжын щхьэкIэ «Мысостей бжьищ» е «Къетыкъуей бжьищ», - жаIэрти, зэкIэлъыкIуэу щэ ирагъафэрт. Ар адыгэ фадафэ хабзэт. А бжьищыр ирифа нэужькIэт щагъэтIысыр[2].

Ауэ «сэламчэтыбжьэми», «гуп махуэбжьэми» техъуэхъухьтэкъым.

Адыгэ фадафэм зэрыщыхабзэти, гуп зэхэсыр техъуэхъухьрэ зыгуэрым и узыншагъэкIэ бжьэ къаIэтмэ, а зи узыншагъэкIэ хъуэхъу жаIам, абыхэм къыщаIэтым езым и бжьэр къимыIэту, езым щхьэкIэ ефэныр ефа нэужь:

- Фэ си узыншагъэкIэ фефащи, берычэт бесын! Иджы сэ фэ фи узыншагъэкIэ сефэнщ! - жиIэрти, гупым еухъуэхъурти, ефэрт.

Адыгэм хьэщIэр нэхъыжькIи нэхъыщIзкIи къамыгъанэу ягъэлъапIэрт.

ХьэщIэр щIалэу щытми, «хьэщIэ щIалэ щыIэкъым», жаIэрти, нэхъыжьхэр здэщысым и деж драшейрти бгъурагъэтIысхьэрт.

Гуп зэхэсым я ешхэн-ефэныр зэфIэкIа нэужь, Iэнэр Iуахыжырти, жыхафэм щыт щхьэгъырытхэм хуагъэувт. Абыхэм я кIэр зэщIакъуэрти, хьэмбыIуу Iэнэм къетIысэкIырти, къытенахэм хэшхыхьырт. Ар, зэрыхабзэти, емыкIуи хэлътэкъым. Iэнэр здэщытам и дежыр жыхапхъэкIэ къапхъэнкIыжт, тас, къубгъан къахьырти, зрагъэтхьэщIыжырт.

ХьэщIэр пщы хьэщIэу щытмэ, абы и Iэнэм цIыху дэтIыстэкъым, дэтIысынуи хуиттэкъым. Езы пщым нэхърэ нэхъыжьми нэхъыщIэми псори щхьэщытын хуейт, шхэн иухыху. Ауэ езы пщым унафэ хуищIрэ игъэтIысмэ, дэшхэну хуитт. Абы «къэтIыс!» зыжриIэнури лъхукъуэщауэ лIыхъу гъусэрт. Ар пщым и бейгуэлт. Ар жыхуаIэр, пщым и мыпщылIу, ауэ пщым и унафэкIэ псэууэ, пщыр ежьэмэ, дежьэу, абы дэщIыгъууэ къэзыкIухьыр арат.

Ар пщы гъусэу зэрыщытым щхьэкIэ лIакъуэлIэшым нэхърэ нэхъ ягъэлъапIэрт. Абы «уэркъщауэ», «лIыхъу гъусэкIи» еджэрт. Утыку Iуэху сыт хъуами лъхукъуэщауэр нэхъ ягъэлъапIэрт, нэхъ дзыхь хуащIт, унафэр нэхъ IэщIалъхьэрт. ПщылIыр IуагъэкIа щхьэкIэ, пщы хабзэр якъутакъым революцэр къэсыху.

Адыгэ хабзэкIэ ущышхэкIэ Iэнэм къытумынэIауэ ушхэну емыкIут, ныбэ благъэт, «IэнэкIэ имыщIу шхащ, мэхти», къыпхужаIэрт. Ар хабзэ щIэхъуар Iэнэр къыIуахыжым, щхьэгъырытыр зыгуэр едзэкъэн хуейуэ арауэ къы-щIэкIынт. ХьэщIэр сыт хуэдизкIэ ирагъафэми, чэф игъуэтыну емыкIуу ялъытэрт. ХьэщIэр дэнэ къэна, адыгэ хабзэкIэ, чэф зыгъуэтым емыкIу хуащIт. Ди лъэныкъуэми хуэмыдэжу, Псыжь лъэныкъуэхэмкIэ щыхьэдыгъуэдахэ дыдэу щытащ зыгуэрым чэф игъуэтыныр. Уеблэмэ, чэф игъуэтауэ ялъэгъуамэ, цIыхуфэ ирамыплъыжу щытащ и нэмысыр фIэкIуэду.

Сыт хуэдэ тхьэлъэIууи щрет, сыт хуэдэ хьэщIэ Iэнэуи щрет, Iэнэм иужь дыдэкIэ тралъхьэр нышыр арат. Ар хабзэ щIэхъуар, хьэщIэм и ежьэжыныр бысымым зыкъомкIэ тещIыхьауэ зэрыщытыр арауэ къыщIэкIынт. ХьэщIэр игъэгувэнуми игъэщIэхынуми бысымыр хуитт. Бысымым и хьэщIэнышыр Iэнэм къытемыхьауэ хьэщIэр тэджыжыну хуиттэкъым. ХьэщIэнышыр Iэнэм къызэрытехьэу, хьэщIэм къыгурыIуэрт бысымым яхуищIэнур зэрахуищIар, абы иужькIэ ежьэжынумэ, хьэщIэр хуит зэрыхъуар.

Ауэ лыр къызэрытралъхьэу зэфIэкIтэкъым, щхьэлъэныкъуэр къахьын хуейт. Щхьэлъэныкъуэр лым дэщIыгъууэ яхьу хабзэтэкъым. Лым хашхыкIынур хашхыкIа нэужь, щхьэр нэгъуэщI лы дэщIымыгъуу тепщэчкIэ яхьырти, трагъэувэрт. Щхьэр Iэнэм къытехьа нэужь, абы къикIырт, «фежьэжынум хуит фыхъуащ», - жиIэу. Ауэ щхьэр ямыкъутэу ежьэжыну хуиттэкъым. Щхьэр якъута нэужь, шхэн яухати, лэпс къахьырт. Абы иужькIэ шхэ щыIэжкъыми, тэджыжыну хуит хъуат.

Щхьэр уэ узыфIэфIым хутебгъэувэну ухуиткъым. Нышыр щIаукIар нысашэ, нэгъуэщI тхьэлъэIу гуэру щытмэ, щхьэр гуп нэхъыжьым хутрагъэувэрт. Ауэ нышыр зыхуаукIар хьэщIэу щытмэ, щхьэр зейр а зыхуаукIа хьэщIэр арати, абы хутрагъэувэрт. НэгъуэщIым хутебгъэувэну ухуиттэкъым. Щхьэм хуитыр хьэщIэр арауэ хутрагъэува пэтми, езым икъутэнуи, нэгъуэщIым ириту иригъэкъутэнуи хьэщIэр хуитт. Нэхъ тэмэмыр, гуп тхьэмадэм хутригъэувэу абы иригъэкъутэну арат.

Iэнэм тралъхьэр - щхьэлъэныкъуэ ижьрабгъур арат. Зы Iэнэм щхьитI тралъхьэртэкъым. Зы унэми щхьитI щIахьэртэкъым.

ЦIыхубз Iэнэм щхьэ тралъхьэртэкъым. Ари къызыхэ-кIыр, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, «щхьэр лIыжь Iыхьэщ», - жаIэу лIыжьхэм нэмыс хуащIу аращ.

Адыгэ хабзэкIэ щхьэм нэмысышхуэ иIэт, адэжьхэм я Iыхьэу зэрыщытым щхьэкIэ. Ар хэт къыпыщIэхуэми зэхифыщIэу ежьэж хъуртэкъым. Щхьэр сыт хуэдизкIэ ягъэлъапIэми, лы Iыхьэ папщIэу Iэнэм тралъхьэртэкъым. Лым хашхыкIыцур хашхыкIа нэужь, щхьэхуэу щIахьри арат.

Адэ зиIэм щхьэ ишхтэкъым, и адэм и нэмысыр ихъумэу.

Щхьэр уэ узэрыфIэфIу пкъутэмэ, къыпщыдыхьэшхынут. Абы хабзэ белджылы иIэщ. Щхьэр къыщахькIэ сэ дэщIыгъуу къахьын хуейщ, иракъутэн щхьэкIэ. Иджы нэхъыбэу зэрахьыр сэ имыгъусэущ. Сэри дэщIыгъууэ къахьамэ, тхьэмадэм япэ дыдэ тхьэкIумэр къытреупщIыкIри, езыр зыфIэфIым ирет, е нэхъ тэмэмым ухуеймэ, езым и сэмэгурабгъумкIэ къыбгъэдэсым ирет, и пэнцIывыр къыпещIыкIри и ижьрабгъумкIэ къыбгъэдэсым ирет. И нэщIащэр кърехри езым ишхынуи хуитщ, тепщэчым ирилъхьэу зыфIэфIым ишхынуи хуитщ. Адыгэ хабзэкIэ щхьэр тхууэ къутэн хуейуэ ялъытэр, абы тету зыкъути щыIэщ. Ауэ щхьэр зыкъутэ лIыжьым и къарууншагъэм тращIыхьри, Iэмал имыIэу щыуэ къутэн хуейуэ ялъытэр, тхьэкIумэр, пэнцIывыр, нэщIащэр.

Ауэ щхьэм дэщIыгъуу сэ къахьакъым. Щхьэр зэрикъутэн сэ лIыжьми иIыгъкъым. Абыхэм щыгъуэм псоми я къамэм сэ щIэлъу щытащ къамэщIэлъысэкIэ. еджэу. Жыхафэм тет щIалэ жанхэм абы гу щылъатэкIэ, ахэм ящыщ зы щIалэ гуэрым и къамэщIэлъысэр къыщIепхъуэтри щхьэр зыкъутэнум ирет. Япэ дыдэ тхьэкIумэр къытреупщIыкIри, сапэм пеIури, сэр къезытам хуеший. Аращ «сапэпылъкIэ» зэджэр, сэр къезытар къигъанэу тхьэкIумэр нэгъуэщIым иритыну хуиткъым адыгэ хабзэкIэ. Абы и сэмкIэ тхьэкIумэр къилэжьащ.

ИпэкIэ мэл яукIамэ, гъунэгъухэм лы Iыхьэ хуагъэхьу щытащ. Ауз гъунэгъур лIыжьрэ щхьэлъэныкъуэ хуэфащэмэ, хуагъэхьу щытащ щхьэлъэныкъуэ сэмэгур, щхьэ ижьрабгъур унэм ирахыу щытакъым адыгэ хабзэкIэ. Ауэ унагъуэ хьэщIэм ижьрабгъур арат хутралъхьэр.

Нышым (Iэщ цIыкIум) щыщу нэхъ лы Iыхьэ пэрыту ялъытэхэр: дзажэ дакъэ, шхужь, куэпкъ, блэгъухэр арат. Ауэ пщы хьэщIэу щытмэ, IэфракIэ хутралъхьэрт. «ЗылъэмыкI IэфракIэ и Iыхьэщ», - жаIэу псалъэжьи диIэщ, ауэ пщыми Iыхьэу хутралъхьэрт, нэхъ Iыхьэ икIэу ялъыти ны-шым хэлъкъым.

Джэдкъазу щытмэ, щхьэлъэныкьуэу ябжыр и нэгэгъурщ. Ауэ абы и нэгэгъур мэлыщхьэм хуэдэу щхьэхуэу тралъхьэркъым. Ауэ лым хэлъу нэгэгъур зэрылъ тепщэчыр нэхъыжьым хуагъазэ. Къазу, бабыщу щытмэ, нэхъыжь Iыхьэр куэр, пщэкъур, кIапэр, бгъэлыгубэхэр аращ. Джэду щытмэ, и куэ зэщIэтыр, и бгъэлыгубэр. Гуэгушу щытмэ: куэпкъыр, бгъэлыгубэр, кIапэр, нэгэгъур. Гуэгушым и кIэбдзым нэхърэ нэхъ ягъэикIэ хэлъкъым.

Сыт хуэдэуи щрети, иреджэдкъаз, иреIэщ, адыгэм лыр яшха нэужь, лэпсыр трафыхьыжыр. Ауэ абыхэм я лэпсым хабзэ щхьэхуэ яIэт.

Джэдкъаз лэпсу щытмэ, шынакъым къыпхуракIар умыухыу къибнэну емыкIут, «джэд лэпс, къаз лэпс сыт и къинэж!» - жаIэу псалъэжыщ. Ауэ Iэщ лэпсу щытмэ, ухуеймэ зэ-тIэу нэхъ уемыIубу увыIэж, ухуитщ, ухуеймэ, зыри къыумынэ, ухуеймэ, уемыIубыххэ.

Сыт хуэдэ хьэщIэуи щрети, хьэщIэм нэхъыбэIуэ ишха, ирифа зэрыхъуным иужь итщ бысымыр. Езы бысымыр шхэну хуэмейми, «хэIэбэ, хьэщIэ!» - жиIэурэ хьэщIэр тригъэгушхуэн щхьэкIэ, езы бысымыр кIыхьлIыхьурэ машхэ. Бысымыр хуэмейуэ щIэшхэр мыращ: бысымыр увыIэжа нэужь, хьэщIэр шхэну емыкIущ, къемызэгъ хуэдэуи мэхъу. Ауэ щыхъукIэ, хьэщIэм шхэн иухыу увыIэжыху, хуейми хуэмейми, бысымыр шхэн хуейщ, хьэщIэмыгъашхэ мыхъун щхьэкIэ.

Нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ зэдэшхэми аращ, нэхъыщIэм шхэн иухыху, хуейми хуэмейми, нэхъыжьыр шхэн хуейщ. Нэхъыжьыр увыIэжа нэужь, нэхъыщIэр шхэну емыкIущ икIи укIытэгъуэщ.

ХьэщIэми, нэхъыщIэми, шхэныр нэхъыжьым нэхърэ нэхъапэ иухын хуейщ. Бысымыр апхуэдэу хуэсакъыу имыгъашхэмэ, «хьэщIэмыгъашхэкIэ» йоджэ.

Апхуэдэ къабзэу шхэн щыщIадзэми бысымыр нэхъапэ хэIэбэн хуейщ, апхуэдэ къабзэу нэхъыжьрэ нэхъыщIэрэ зэдэшхэми, нэхъыжьыр нэхъапэ хэIэбэн хуейщ.

ХьэщIэм нэмыс кIэлъызэрахьэу, ямыгъэзэшу ягъэхьэщIэрт. Ауэ хьэщIэр сыт хуэдизкIэ езэшами, «зыдывгъэпсэху» жиIэнутэкъым, тхьэмахуэкIэ зэхэсами, зишыIэнут.

ХьэщIэр езэшауэ зигъэпсэхун хуей хуэдэу» къащыфIэщIым «пэублэ зиIэ дэтхэнэ зыми кIэух иIэщ», жыхуаIэр аращ, ди хьэщIэри езэшащ, зрегъэпсэху», - жаIэрти хьэщIэм бгъэдэсхэр тэджыжырти, «уи хьэщIэгъуэ фIы ухъу, нэхулъэфI укъикI», - жаIэрти, щIэкIыжырт.

Iэнэр Iуахыжт, Iэнэр здэщытар къапхъэнкIыжырт, хьэщIэм зрагъэтхьэщIыжырти, бысымым хьэщIэр щIыбым щIишт.

ХьэщIэм къубгъан ирихьэжьамэ, къыщыкIуэжкIэ бысымыр пежьэрти, хьэщIэм иIыгъ къубгъаныр къыIрихти, хьэщIэм и сэмэгурабгъумкIэ къыбгъурыувэрти, къишэжт. Ауэ, хьэщIэм зимыгъэинын щхьэкIэ, къубгъаныр бысымым иримыту, езы хьэщIэм иIыгъыу щыщIыхьэжи щыIэт.

ХьэщIэр зэрыщIашу, цIыхубз щIыхьэрти, хьэщIэм и пIэр ищIыжт. Ар хьэщIэщми унэми, хамэ цIыхуми, благъэ хьэщIэми, Iэмал имыIэу пIэр щащIыжынум деж, хьэщIэр щIыбым щIашт. ХьэщIэр щысу зэи и пIэр ящIыжтэкъым. Ар зэфIэкIыу, «фыкъыщIыхьэж!» - жаIэху, хьэщIэр щIыбым дэтт. Ар дэни зэрыщыхабзэти, емыкIутэкъым, хьэщIэми ищIэрт а зэманым и деж щIэкIын зэрыхуейр. Хуит зэращIу хьэщIэр къыщIашэжт.

Шэр зыщIыжам хьэщIэм и вакъэ-лъейхэр хулъихырти, щIэкIыжт. Е хуабжьу зыщукIытэ зыгуэру щытмэ, зыкъримыгъэлъагъуххэу пIэр зэрищIыжу къыщIэкIыжт. ЦIыхубз щыту хьэщIэм зитIэщIыну емыкIути, абыи щыукIытэрт. Абы щыгъуэм хьэщIэм и вакъэ-лъейхэр бысымым хулъихырти игъэгъуэлъыжт.

Ауэ хьэщIэр зэрыгъуэлъыжу, бысымыр къыщIэжыжтэкъым. Абы щхьэщыувэжырти, хьэщIэ гъуэлъыжам зыкъомрэ дэуэршэрт, хьэщIэм и жеин къакIуэу «кIуэ иджы, зыгъэпсэху!» - жиIэу хуит къищIыжыху. Абы щыгъуэм бысымыр хуит хъуати, «нэхулъэфI укъикI», - жиIэрти, къыщIэкIыжт, хьэщIэми зигъэпсэхут.

ХьэщIэр цIыхубз хьэщIэу щытмэ, и пIэр щащIыжым и деж щIыбым щIаштэкъым, сыт хуэдэ хьэщIэу щытми. Унагъуэ зиIэ цIыхухэм хьэщIэм щхьэкIэ яхъумэу тепIэн-щIэлъын къабзэ тIэкIу яхъумэу щытащ.

ХьэщIэхэр зэрагъэхьэщIэр псори зэхуэдэтэкъым. ХьэщIэр хьэшIэ хамэ цIыхурэ, ауэ жэщырыпщ щрихыу ежьэжынумэ, шыгъу-пIастэрэ фадэкIэ ягъэхьэщIэрт. Я благъэ дыдэу щытми, и ныбжьыр хэкIуэтамэ, абы и гъэхьэщIэкIэри арат.

Ауэ къэкIуахэр зи щIалэгъуэрэ я благъэу щытмэ, Iэмал имыIэу джэгу хуащIт. Апхуэдэм джэгу хуащIын щхьэкIэ щIалэгъуалэхэр къызэщIагъэвэн хуейт.

 

Щоджэн Хь., КъардэнгъущI З.

Адыгэ хабзэу щыIахэр. Налшык, 1995. Нап. 33-48.

 







Что способствует осуществлению желаний? Стопроцентная, непоколебимая уверенность в своем...

Система охраняемых территорий в США Изучение особо охраняемых природных территорий(ООПТ) США представляет особый интерес по многим причинам...

Что делает отдел по эксплуатации и сопровождению ИС? Отвечает за сохранность данных (расписания копирования, копирование и пр.)...

ЧТО ТАКОЕ УВЕРЕННОЕ ПОВЕДЕНИЕ В МЕЖЛИЧНОСТНЫХ ОТНОШЕНИЯХ? Исторически существует три основных модели различий, существующих между...





Не нашли то, что искали? Воспользуйтесь поиском гугл на сайте:


©2015- 2024 zdamsam.ru Размещенные материалы защищены законодательством РФ.