Сдам Сам

ПОЛЕЗНОЕ


КАТЕГОРИИ







УНЭИДЗЫХЬЭР ХАБЗЭ МЫХЪУМЫЩIЭТ





Унэидзыхьэр - хабзэ Iейуэ адыгэм яхэлъахэм я нэхъ Iей дыдэ зыт. Сыпхуейкъым жызыIэ цIыхубзыр лIыгъэкIэ къыпхуей пщIыну иужь уихьэныр хьэкIэкхъуэкIагъэт! Ар цIыхугъэтэкъым. Дыгъужь хабзэт. Ауэ нэгъуэщI лъэны-къуэкIэ уеплъмэ, сыт хуэдизкIэ Iуэху Iейуэ щыт пэтми, унэидзыхьэр къызыхэкIамрэ ар къызэрежьамрэ адыгэм яхэлъа лIыгъэхэм ящыщ зыуэ къозыгъэлъытэн хэлъу щытащ. Ар адыгэлIым пудыгъэ кърахыу зэримыдэнум къызэрыхэкIар белджылыщ. Псалъэм щхьэкIэ, «уэ лъэпкъкIэ сэ нэхърэ унэхъ пудщ, унэхъ икIэщ», - къыжраIэным лIыгъэ зиIэ адыгэлIыр хуэмышэчу хуабжьу къигъэгубжьт. А псалъэм игъащIэми мыхъумыщIэ къыпыкIыу къэгъуэгурыкIуэт адыгэхэм щхьэкIэ. Унэидзыхьэри а пудыгъэхэм ящыщ зыщ къызыхэкIауэ щытар.

Унэидзыхьэр къызыхэкIар Iуэхугъуэ Iэджэм епхауэ щытауэ жыпIэ хъунущ: адыгэ хабзэм идэу щытакъым, цIыхубзыр езыр зыфIэфIым дэкIуэну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхубз дэкIуэ щыIакъым, атIэ ятрэ ящэрэт щыIар. Ар хуейми хуэмейми яубыду Iыхьлыхэм лIыгъэкIэ зыхуэмейм иратын, иращэныр арат хабзэу яхэлъыр.

ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэпылъурз зэгуакIуэрт, зэрышэнуи зэгурыIуэрт. Ауэ хъыджэбзым езым и унафэкIэ дэкIуэ зэрымыхъунур ищIэрти, щIалэм жриIэрт:

- Сэ уэ псэуэгъуу сыбдэкIуэну си гуапэщ, икIи сыхьэзырщ, ауэ си Iыхьлыхэр зэрыткIийр уэри уощIэ, къыслъыхъуи, сыкъуатмэ, сыхьэзырщ.

Хъыджэбзыр арэзыуэ жэуап къызэрыритам щIалэр игъэгушхуэрти, хъыджэбзым лъыхъун иригъажьэрт. Апхуэдэ Iуэхухэм фIыуэ щыгъуазэ лIы хэплъыхьа къилъыхъуэрти игъакIуэрт хъыджэбзым лъигъэхъуну. Зэрыхабзэти, кIуар хъыджэбзым я деж дэмыхьэу, нэхъ зыхуэфащэ гуэрым бгъэдыхьэрти, «мыпхуэдэм сралIыкIуэщ, мыпхуэдэ фи хъыджэбз цIыкIумкIэ благъэ фыкъащIыну мурад къыфхуащIауэ сыкъагъэкIуащ», - жиIэрти, зекIуэ хабзэм тету Iэджэ къыхуригъэкIуэкIырт.

- Захуэщ, хъыбар зыщIапхъэхэм яжесIэшци, жэуапыр бжесIэжынщ, мопхуэдэ махуэм къакIуэ, - жиIэти, къиутIыпщыжырт. Ар къыжезыIэр анэшынкIэ хъунт, пхъурылъхункIэ хъунт, адэкъуэшынкIэ хъунт.

Абы пхъур зейхэм хъыбар яригъащIэт. «Мыпхуэдэм благъэ фыкъащIыну мурад ящIауэ къыфлъохъу!» - жиIэрти. Хъыджэбзыр зейхэм къыжраIэт:

- Фэрэ дэрэ лъэпкъкIэ дызэхуэдэкъым, дызэфызщIэгъукъым, фэ фхуэфащэ зыгуэр къэвгъуэти къафшэ! - жаIэрти, ауэ къудеи зрагъэпсалъэртэкъым.

Абы лъыхъу щIалэм и щхьэр зэригъэгугъэжымкIэ, а зылъыхъум и дэлъхухэм хуэдэр кIэсу къихьыну лIыгъэ иIэт. Ауэ имыIэр лъэпкъыцIэт. Мобыхэм ауэ зэрыщIэупщIа къудейр я гум темыхуэу къагъэпудат. Къагъэпудыр езы щIалэр армыру, ауэ лъэпкъыцIэкIэ езыхэм нэхъ зыдрашейуэ зэрыщытыр арауэ. ЛIыгъэ зиIэ адыгэ щIалIэр, а езым нэхърэ нэхъ икIэхэм къагъэпуду дауэ игу техуэнт?!

ЩIалэр абы хуабжьу къигъэгубжьырти, и щхьэр абы текIуадэми, хъыджэбзым и дэлъхухэм я щыщ IэщIэкIуа-дэми идэрт, хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихым.

Мис а зэгуэпым къыхэкIыу хъыджэбзыр лIыгъэкIэ къатрихыну мурад ищIырти, иужь ихьэрт. Хъыджэбзыр зыпэщIигъэхуэн щхьэкIэ Iэджэрэ иужь итт.

Пасэрей хъыджэбзхэр къэпхьын хуэдэу дэнэ и дежи къыщыппэщIэхуэртэкъым, дэнэ хуейми ягъакIуэу щытакъым. Ар зэкъуэхуауэ къыпэщIэзыгъэхуэн къилъыхьуэрт. Дауэ хъуми, щIалэм и ныбжьэгъу гуп дэщIыгъуу кIуэрти, хъыджэбзыр къихьырт.

Зы лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым ехъуэпсамэ, етIуанэ лъэныкъуэкIэ хъыджэбзым и дэлъхухэм яхузэгуэпамэ, хъыджэбзыр ауэ хейуэ къелынт? Хъыджэбзыр и Iыхьлыхэм яIэрыхьэжми, кърамытыну Iэмал имыIэу Iэрубыд ищIт.

Хъыджэбз яхьамэ, и Iыхьлыхэр хуабжьу къызэгуигъэпырт. Пхъэрыр кIэлъыщIэпхъуэрти, кIэлъыщIыхьэу щIалэ зыхьыр яукIыуи къэхъут е хъыджэбзыр къыщытрахыжи щыIэт. Ауэ пхъэрыр щIэрымыхьэми, яхьуи къэхъут. Дауэ хъуми, благъэ, ныбжьэгъу жаIэми, хъыджэбзыр зыIэрагъэхьэжти, яхьыжт. «Алыхьым иритами, едмытын, цIыхум иратами, едмытын!» - жаIэрти, тхьэ яIуэрт.

Хъыджэбзым щеупщIкIэ:

- Сэ къысхуей щыIэжкъым, Iуэхур зэрызэфIэкIынкIэ унафэ фщIы! - къажриIэрт. КъажримыIэми, «яхьа» и цIэ щыхъуакIэ, ар хейуэ къызэрызэтемынэр ящIэт. Абы иужькIэ хъыджэбзым зыри къыхуеижынутэкъым зышэну щытахэм ящыщ. Мис абы къыхэкIыу Iыхьлыхэм Iэмал ямыгъуэтыж хъурти, хъыджэбзыр зыхьам иратыжт. Ар зы лъэныкъуэ.

Мыпхуэдэуи къэхъут: щIалэм хъыджэбз гуэр къишэну мурад ищIт. Хъыджэбзым епсалъэрти къишэну мурад зэрыхуищIар жриIэрт.

- Алыхь-алыхь, ауэ уигу къызэрыкIа къудейр сыту фIыт, уэ пхуэдэ дыдэт сэри къэслъыхъуэр, зэрыжыпIэххэу занщIэу сыбдэмыкIуэни! - жиIэрти, хуабжьу къигъэпуду щIалэм жэуап къритт, къызэримыпэсу, езым хуабжьу лъэпкъыцIэкIэ зыдришейуэ.

«Мыр мыпхуэдизу къызэпэгэкIыу, жэуап къудей щызмыгъуэтауэ»,- жиIэрти, щIалэр абы хуабжьу къызэгуигъэпырт. Зэгуэпым къыхэкIыу а хъыджэбзыр къимыхьыну Iэмал имыIэу иужь ихьэрт. Апхуэдэр игъащIэкIэ кърамытынуми, хъыджэбзыр зышэну щытахэм къызэрамыпэсыжу Iумпэм ящищIырт. Ари етIуанэ Iуэхугъуэт.

ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ фIы Iейуэ зэрылъагъуу, зэрышэнуи зэрыгъэгугъауэ, хъыджэбзыр езыр зыхуэмей нэгъуэщI зыгуэрым иратыну зэрахуэ щыхъукIэ, хъыджэбзым зыпылъ щIалэм хъыбар иригъащIэрт:

«ЗалымыгъэкIэ лIы сратыр, лIыгъэ уиIэмэ, уэ пщIэныр уэ пщIэжынщ», - жиIэрти. ЩIалэ зи гурбияныгъуэр абы къигъэгубжьт, «сIэщIокI», жиIэрти, гужьейти, хъыджэбзыр къимыхьыну Iэмал имыIэу иужь ихьэрт. Ари ещанэ лIэужьыгъуэт.

ЩIалэмрэ хъыджэбзымрэ Iей дыдэу зэгуэкIуауэ, Iэджи щIауэ зэпылъу, лъэпкъкIи зэхуэдэу уащрихьэлIэ щыIэт. Ауэ уасэ куэд къыжраIэрэ, щIалэр къулейсызрэ уасэу яритыныр хузэфIэмыкIыу хъыджэбзыр нэгъуэщIым иратын хъумэ, щIалэр абы къигъэгужьейрти, зыгуэркIэ зэфIэкIыжынщ, жиIэрти, гузэвэгъуэм къыхихырти, къихьт. Ар еплIанэ лIэужьыгъуэт. Мис абыхэм яхуэдэ Iуэхугъуэщ хъыджэбз яхьыныр къызыхэкIыу щытар.

Унэидзыхьэм и хабзэр зэрекIуэкIыу щытар:

Хъыджэбзыр къэзыхьыну мурад зыщIа щIалэм и ныбжьэгъу гуп къызэхуишэсырти, тIэкIуи иригъафэт, Iуэхум нэхъ тегушхуэн щхьэкIэ. Абы иужькIэ ахэр къыщIриджар яжриIэрт, «фыкъыздэIэпыкъу!» жиIэрти, ныбжьэгъухэм елъэIут, къуэш хуэдэу къыдэIэпыкъуну зэращыгугъри яжриIэрт. Апхуэдэу игурэ и щхьэрэ зэтелъу щелъэIукIэ, дэтхэнэ адыгэ щIалэрат, «сэ сошынэри сынэкIуэфынукъым», - жызыIэнур? Псори хьэзырт и лъэIур хуагъэзэщIэну. Ныбжьэгъур зымыгъэпэжынрэ, абы щхьэкIэ зи псэр зымытынрэ зыри яхэттэкъым. Пасэрей адыгэхэм ныбжьэгъур къуэш дыдэм хуэдэу ялъытэу щытащ.

- Силъ сщIэжынущи, си бийм сыпэлъэщкъым, накIуи къыздэукI, - жиIэмэ, ныбжьэгъум псалъэ химылъхьэу бгъурыувэнурэ кIуэну щытащ. Абы и лъэIур хуимыгъэзэщIэныр къэрабгъагъэт, лIыгъэншагъэт. АдыгэлIым «къэ-рабгъэщ, лIыгъэншэщ» зыхужримыгъыIэн щхьэкIэ и псэр итынут.

Унэидзыхьэ кIуэнум, ауэ нэуфIыцIщхьэрыуэу гуп иришажьэртэкъым. Япэ щIыкIэ хъыджэбзыр къезыгъэхьын, ар закъуэхуауэ къыпэщIэзыгъэхуэн, зэкIуэлIэну щIыпIэр зэригъэпэщт. ЗэкIуэлIэну щIыпIэр IупщIу иришажьэрт. Ар зэпсэлъа и хэгъэрейми хъыбар къригъащIэрт: «мопхуэдэ пщыхьэщхьэм фыкъекIуалIэ», - жиIэрти. Гур зэщIащIэт, щIалэхэр итIысхьэрти, кIуэрт. А зэпсэлъылIам екIуалIэрти, хъыджэбзыр къапэщIигъахуэрт.

Хъыджэбзым и Iыхьлыхэм псынщIэу хъыбарыр зэхахмэ, пхъэрыр щIэхыу и ужь ихьэт. Пхъэрыр къащIыхьэмэ, хьэлэч зэрыщIти, хъыджэбзри трахыжт.

Пхъэрыр къащIэмыхьэу хъыджэбзыр яхьмэ, зыхь щIалэм я унэм ихьтэкъым. Я унэм ихьмэ, псынщIэу къагъуэтынурэ трахыжынут. Нэмыс зиIэу къуажэм дэс нэхъ лъэрызехьэIуэм и деж ирихьэлIэрти, абы къан хуищIырт. Хъыджэбзыр абы игъэтIысти, езы щIалэри я унэ мыкIуэжу, зыгуэрым я деж кIуэрти, щауэ къан захуищIырт.

ЗэрыхъумкIэ, «къэхьыныр си Iуэхути, къэсхьащ, зэфIэгъэкIыныр уэ уи Iуэхущи, зэфIэгъэкI», - жиIэу игъэтIыса хуэдэт. Арат зэрыщытри. «Къан къыдахьэлIащ», - жаIэрти, зрахьэлIа унагъуэми къажыхьт.

Хъыджэбзыр зрахьэлIам а Iуэхур зэфIимыгъэкIыфу хъыджэбзыр фIахьыжмэ, и напэр текIат, и лIыгъэри къутат, и нэмысри кIуэдат. Абы папщIэкIэ и къарури и гупсысэри Iуэхум иритауэ иужь итт, и напэр имыгъэукIытэн папщIэ.

Япэр арати, зрахьэлIар хъыджэбзыр зейм, къызыхэкIа лъэпкъым щIэупщIэрти зригъащIэрт, я лъэпкъым узыбгъэдыхьэу узэпсалъэ хъуну яхэтыр зригъащIэрт. Къэзыхьам хъыджэбзым и Iуэху лъэпкъ зэрихуэртэкъым, а зрихьэлIам зэрызэфIигъэкIынур, зыгуэр зэрырищIэнури ищIэрти. Псори а зрихьэлIам и пщэ дэхуат. А зрихьэлIам зэреджэр «тешэрэщт».

А зрахьэлIам лIы щхьэпэ къилъыхъуэрти, хъыджэбзым я деж игъакIуэрт.

- Фи хъыджэбз цIыкIур ди деж щыIэщ, фымыгузавэ. ЩIалагъэ хэлъу къызэрывжьэхэфыщIыхьар ди жагъуэ хъуащ. Ауэ Тхьэм зэриухам хуэдэу хъуащи, Iуэхур дахэ Тхьэм ищI, Iуэху угъурлы Тхьэм ищI. «Кхъэм яхь къахьыжкъым», - жыхуаIэр аращи, адыгагъэ хэлъу хабзэкIэ дызэвгъэувалIэ, Тхьэм зэриухам хуэдэу Iуэхум кIэ едывгъэт, фи благъагъэр ди гуапэу аращ Iуэхур зытетщIыхьари, дахэкIэ дызэвгъэувалIэ, жаIэри сыкъагъэкIуащ, - яжриIэрт.

Хъыджэбзыр здэщыIэр къызэращIэу, ар зейхэр къэсырт, хъыджэбзыр яшэжын мурад яIэу. Ауэ хъыджэбзыр кърагъэгъуэтткъым дауэ ящIми. Къуажэм цIыху хуэдэу дэсхэр Iуэхум къыхашэрт.

- Яжьэжь ирадзар къэпхьыжкIэ хуабэ хъужыркъым, - жыхуаIэр аращи, сыту щытми, къахьащ, «яхьащ» и цIэ хъуащ. Зыри кIэрымылъми, ар къабзэ пхуэхъужынкъым. Мыр щыпэублэкъым икIи кIэухкъым, апхуэдэ защIэщ къэхъур. Къэхъуа псом зефлъыти, фыкъызэрынэжыну зыфщI, хабзэкIэ Iуэхур зедывгъэхьэ, адыгагъэкIэ, благъагъэкIэ дызэвгъэувалIэ, - жаIэрти, къэкIуахэм елъэIуу щIадзэрт.

- Ягъэлъхуауэ гущэкъуапэр иIыгъыу щытми, фэдмытын! - жаIэрти, мыдрейхэм зрагъэпсалъэртэкъым.

А зрахьэлIам ауэ джэгу цIыкIукIэ къуитыжынутэкъым ар, мы дунейм цIыхурэ Iуэхурэ щыIэу. Хъыджэбзыр яшэжынути, кърагъэгъуэткъым. А здэщыIэм и нэмысым фIолIыкIхэри Iей зыкъыхуащIу къажьэхэфыщIыхьыфкъым. Iуэхур щагъэткIийм, къуажэм цIыху хуэдэу дэсыр ираутIыпщырти, зэрыхъунумкIэ еуэхэрт.

Адыгэ лIыжьхэм апхуэдэ Iуэху Iэджэ зэфIагъэкIыурэ есати, кIэ ирамыту етIысэхынухэтэкъым. Арати, жылэр тегъуалъхьэрти, и нэчыхьыр ятхт. Псори зэфIэкIыу нысэр зейм ишэжын щыхъукIэ, зрахьэлIам, езым ипхъу яшэ хуэдэу, фызышэу дригъэшыжт.

Апхуэдэм уасэ зекIуэр Iахт. Абы и щIыбкIэ «гъэфIэжу» - жаIэрти, лейуэ зыгуэрхэр Iахт, къызэрахьам щхьэкIэ. Арати, пхъур зейм уаситI Iэрыхьэрт. Ауэ мыпхуэдэуи къэхъут:

- Нысэр фыдот, угъурлы Тхьэм фхуищI! Ауэ хъыджэбзыр ди унэм дымышэжу дунейм теткъым и нэчыхь зэредгъэтхын, - жаIэрэ къыпаубыду. - Хъыджэбзыр къыдэфтыжи, ди ужь иту фынакIуэ нэчыхьытхыр! - жаIэрэ абы яхутемыкIыу. Ари зэманым и хабзэхэм ящыщт. Ар хуамыщIэу мыхъун щыхъукIэ, хъыджэбзыр иратыжырти, ирагъэшэжырт. Ауэ ар щашэжкIэ, зрашэлIа тешэрэщым пхъу ищIти, иригъэшэжт икIи и къант.

Хуэфащэ саугъэти хуищIауэ иригъэшэжт. Нэчыхьытхыр и ужь иту кIуэрти, зэрызэпсэлъам пцIы къыхэмыкIыу и нэчыхьыр ятхт. Ар, зэрыхабзэти, жылэр къагъэгугъэу щыдашыжакIэ, пцIы къыхэкIыжынутэкъым. Хабзэ екIуэкIым тету, зи нэчыхь ятха нысащIэр илъэскIэ дэст къамышэу.

Унэидзыхьэр мы зэрыжытIам хуэдэу дахэ цIыкIуу зэфIэкIтэкъым. Абы гуауэщхьэуэ Iэджэ къыхэкIт. А Iуэхум пхъур зейхэр къызэгуигъэпт, икъукIэ къигъэгубжьт.

Унэидзыхьэ кIуэм и мурадыр къехъулIэну и гугъэу кIуэрт. Ауэ здэкIуам ар зымыдэн зыгуэрхэр къарихьэлIэрти, хьэлэч къызэтрищIэрт. Хъыджэбзыр кIийуэ къыщыдахкIэ, абы и Iыхьлы гуэр къарихьэлIэмэ, зыгуэр имыукIауэ е имыуIауэ яригъэхьынутэкъым. Ар кIийуэ дахыу зыдэн Iыхьлы щыIэтэкъым.

Хъыджэбзым фIэфI дыдэу зригъэхьми, «фIэфIу дэкIуащ,» жримыгъэIэн щхьэкIэ, мыкIиину Iэмал иIэтэкъым. Абы зыгуэр щарихьэлIэкIэ, зыгуэр еуIэ е еукIри, лъэпкъитIыр бий зэхуохъу. Мис а щIыкIэм тету а Iуэхум мащIэ хэкIуадэртэкъым.

Апхуэдэ бэлыхь зи Iуэхум къыхэкIа хъыджэбзри «угъурсызщ» жаIэти, зышэну щытахэми къамыдэж хъути, щIыбагъдэдзэ хъужырт.

Унэидзыхьэм и бэлыхьым къыхэкIыу Инэрыкъуей мыпхуэдэ бэлыхь къыщыхъуауэ щытащ 1914 гъэм:

Зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ зэгуэкIуауэ зэрышэну зэпылът. ЩIалэм къишэну мурад щищIым, хъыджэбзым къыжриIащ:

- УкъыслъыхъукIэ зэфIэкIынкъым, сыхь! - жиIэри. Хъыджэбзым и анэ къилъхуауэ дэлъхуиплI иIэт. Ахэр щыдэмыс зы пщыхьэщхьэ гуэру зыхуигъазэри, щIалэм зигъэхьэзыращ къихьыну. ЩIалэм и благъэ, и ныбжьэгъу гуп зэхуишэсри яжриIащ:

- Мыращ си мурадыр, хъыджэбзымрэ сэрэ дызэгурыIуауэ къэсхьынущи, фыныздэкIуэ! - жиIэри. Зэрыхабзэти, фадэбжьи зэдрафщ, гу зэщIащIэри кIуащ. ЗдэкIуам, пэжу, зэрыгугъам хуэдэу тыншу къапыщIэхуэри, хъыджэбзыр къыщIахащ.

Хъыджэбзыр бжэм къыщIаха къудейуэ, унагъуэр зейм я пхъурылъху зы лIыжь гуэр Iуэху иIэу дыхьащ, зыри химыщIыкIыу. ЛIыжьым сэшхуэжь пцIанэ иIыгът, зыщIыпIэ кърихыжуи, мо зэрызелъафэ гупыр щилъагъум, яхэлъадэри яхэуэу хуежьэри, зы анэм къилъхуауэ тIу яхэтти, тIури иукIащ. Хъыджэбзыр зыхь щIалэм епыджри уIэгъейуэ иуIащ. Абы хъыджэбзыр я Iуэхужынт, хьэдитIри уIэгъейри къыдашыжри къыдэкIыжащ. ИукIа щIалитIым ади, ани, къуэши, шыпхъуи зыри яIэтэкъым ялъ зыщIэжыни, я бжэр хуащIыжащ. Мыдрей щIалэ уIэгъэри абы иужькIэ щIагъуэ дэмыкIыу лIащ. Дауэ хъуми, лIищыр триукIащ.

Ахэр зэрыукIыу Iуэхур зэфIэкIакъым. Къэзыхьыну щIалэм и анэ къилъхуауэ шынэхъыжь иIэт. Абы илъ имыщIэжу игъэгъуну Iэмал иIэтэкъым.

Хъыджэбзым и дэлъхухэм щIалэм и къуэшым и деж къыхуагъэкIуащ: «Бэлыхьыр къытхуэзыхьам Тхьэм къыхуимыгъэгъукIэ, Алыхьым и нэлатыр къытихуэ! Ди Iуэху хэлъкъым, дыщыIакъым. Къэхъуа Iуэхур уэ узэригуауэм ещхьыркъабзэу дэри ди гуауэщ. Бэлыхьыр дяку къыдэзылъхьар, уэ узэрибийм ещхьыркъабзэу, дэри ди бийщ!» - жаIэри. КIэщIу жыпIэмэ, гуауэр зейхэм зэрагуауэм ещхьу езыхэми зэрагуауэмкIэ хабзэкIэ хъыбар кърагъэщIащ. Пэжу, я Iуэху хэлътэкъым, зыри хащIыкIтэкъым.

Лажьэ зимыIэ лъэпкъитIыр бий зэхуэхъуащ, и къуэшми илъ имыщIэжыну Iэмал имыIэу ари къапэплъэ хъуащ. Ауэ хъыджэбзым и дэлъхухэм яхуэзэми я гугъу ищIтэкъым, «абыхэм сыт я лажьэ», - жиIэрти. Ахэр зыукIам и анэ къилъхуауэ къуэш иIэти, абыи и гугъу ищIтэкъым: Ар жейуэ пIэм хэлъащ, сыт и лажьэ», - жиIэрти. Ахэр къэзыукIа дыдэм ещэурэ, къыпыщIэхуэри, еуэри иукIыжащ. А иукIыжам и къуэшым лIыкIуэ хуищIащ:

- Си къуэшыр иукIати, уи къуэшыр сыукIыжащ. Ар умыдэнумэ, уэри абы укIэлъызгъэкIуэну сыхьэзырщ! - жиIэри.

- КъуищIар епщIэжащ, куэдрэ си къуэшми, лей зэрихьати, къыхуэгъуакъым, зыкIи биигъэ пхузиIэкъым! - жиIэри абыкIэ яухащ зэбииныр.

ЦIыхубз хьыным и зэранкIэ а зы цIыхубзым лIиплI текIуэдащ. Езыри «цIыхубз угъурсызщ» жаIэри, ямышэу къыдэнэжри, и ныбжьри хэкIуэтауэ зы лIыжь гуэрым ишэжащ.

Ар зыукIыжар сытым и дежи хуэхьэзырт абы къиукIа лIы бжыгъэм хуэдиз иукIыжыну. Ауэ а IуэхумкIэ лажьэ зиIэ игъуэтакъым, зыукIа закъуэм и нэмыщI. Езым лажьэ зимыIэ иукIыну хуейтэкъым.

Пасэрей фыз къэшэкIэм мис абы хуэдэ гуауэщхьэуэрэ нэщхъеягъуэрэ къыхэкIт. Апхуэдэ бэлыхьхэр къыхэкIыу щIыщытар, цIыхубзыр и щхьэ хуиту, езыр зыфIэфIым дэкIуэ хъууэ зэрыщымытар аращ. А бэлыхь къомым хэмытын щхьэкIэ е хэмытыфу, фыз къыхуэмышэурэ Iэджи лIыжь хъурэ лIэжу щытащ.

Хъыджэбзри уасэшхуэ къыщIахыну я гугъэу къылъыхъум ирамытурэ къыдэнэжти, икIэм, зыхуэмей лIыжь гуэрым иратыжти, хуэмейуэрэ дэпсэурт.

Iыхьлыхэр нэхъ зэплъу щытар уасэ нэхъыбэ къэзытыфын, былым нэхъыбэ зиIэр арат. А зратыр сыт хуэдэми, гузавэртэкъым, быIуэбышэми, делэIуделафэми абы зыкIи еплътэкъым, «ищIэнрэ ишхынрэ щигъуэтынущ», - жаIэрти, арат зэплъыр.

Хъыджэбзыр и шэгъуэ зэрыхъуу щIалэ куэд къызэдежэрти къылъыхъут. Ауэ езы хъыджэбзыр зыфIэфIым ираттэкъым. Хэти уасэшхуэ паубыдт, хэти лъэпкъыцIэкIэ ягъэпудт. Хъыджэбзыр зейхэм зыдрашейуэрэ, къылъыхъур пагъэкIыурэ къылъыхъун дзыхь ямыщIэжу къыдэнэжт.

Хъыджэбзыр и шэгъуэ щыхъуам ирамытурэ и пIалъэр икIа нэужь, дэкIуэни щIали фIэмыIуэхуж хъурти, щIалэхэми къашэну яфIэIуэхужтэкъым, и Iуэхуи зэрахуэжтэкъым.

Куэдрэ къыщыхъу щыIэт: зэкъуэшитIым зыр быIуэбышэу, ныкъуэдыкъуэу, адрей и къуэшыр щIалэ къабзэ зэкIэлъыкIуэу. БыIуэбышэм къыхуашэн зэрыхъуу, и къуэш щIалэ зэкIэлъыкIуэр хъыджэбзым и лъэпкъым ирагъэлъагъурти, хъыджэбзым ирагъадэрт, абы тету нэчыхь ирагъэтхырт. Хъыджэбзыр къашэу хьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкIа нэужь, быIуэбышэр щIагъэхьэжт. Абы и бампIэм хъыджэбзыр ихьт.

КIэщIу жыпIэмэ, цIыхубзыр лIы дэкIуэн щыхъукIэ, зыкIи езым и Iуэху хэлъу щытакъым, зращэм дэкIуэ мыхъумэ. ЦIыхубз уэрэдхэм я нэхъыбэр абы траусыхьащ. Езы хъыджэбзыр дэкIуэну къащIамэ, сыт къратми, а езым фIэфIым иратынутэкъым, «дэ дымыщIэу уэ лIыщэху зошэри», - жаIэрти.

Хъыджэбзыр залымыгъэкIэ ящэу зэрыщытам и щапхъэ куэд къэтхьыфынущ. Абыхэм ящыщ зыщ мыр:

Зы къуажэ гуэрым щыщ зы щIалэ гуэр нэгъуэщI зы къуажэ гуэрым щыпсэу зы хъыджэбз гуэрым лъыхъуу щIидзащ. Хъыджэбзыр езым я къуажэ зы щIалэ гуэрым дэкIуэну ехъуэпсати, а къылъыхъум яхудэкIуэн идэртэкъым. Пэжу къылъыхъур зыдэкIуэ хъуну щIалэт.

Зыгуэрым лъыхъуэу къуамытыныр икъукIэ пудыгъэу ялъытэу щытащ. Абы папщIэкIэ зэ лъыхъуу щIадзамэ, кIэрыкIтэкъым зыгуэр къикIьиху. Арати, дауэ хъуми, цIыху зыбжанэ хагъэхьа хъущ Iэхуми, хъыджэбзыр зейм ирагъэдащ иратыну.

- Мопхуэдэ пщыхьэщхьэм нэчыхьытх фыкъакIуэ! - жаIэри пIалъэ иратащ пхъур зейм хъыджэбз иратынум Iуэхум зыри химыщIыкIыу.

Къуажэм нэхъ лIыжьыфIу дэсхэм ящыщ зыкъом зы молэи яхэту, гуфIэхэри нэчыхьытх ягъэкIуащ, пIалъэм ирихьэлIэу. Ар къызэрищIэу хъыджэбзыр щтапIэ ихьэжри зигъэпщкIуащ, «си щхьэр фIамыхауэ сыдэкIуэнкъым», - жиIэри.

ХьэщIэхэр ирагъэблагъащ. Хъыджэбзым дэлъхуищ иIэти, Iуэхум иужь ихьащ, нэчыхьыр ирагъэтхыну. Хъыджэбзым зыгуэр уэчыл кърагъэщIын хуейти, бгъуэтым къащтэ, шыпхъур ягъуэтыжкъым. Я благъэ щIалэжь Iэджи къызэхуэсауэ щыIэти, гузэващ, «ди шыпхъур дгъуэтыжкъым жытIэу мы лIыжь хъарзынэхэм дауэ яжетIэну», - жаIэри. Сыт ящIэнт, щIалэхэр кIуэри зыри жамыIэу лIыжьхэм ящхьэщыувэжащ. ЛIыжьхэми я нэчыхь тхын къижауэ Iуэхум хуэпIащIэу зэхэст, щIалэхэм къатыну жэуапым пэплъэу. ЩIалэхэри укIытащи зыри жамыIэу зэхэтщ. Щымыхъум, лIыжь нэчыхьытх къэкIуахэр щIэупщIащ:

- ИIэркъэ, тIасэ, щхьэ дывгъэгувэрэ! - жаIэри.

- Уэлэхьи, мырам зэрыщытыр, хъыджэбзым зыгуэр уэчыл къедгъэщIынути, зигъэпщкIуащи дгъуэтыжкъым!

Сыт ящIэжынт, лIыжьхэми я щхьэр къыфIэхуащ. Зыкъомрэ нэщхъея нэужь, лIыжьхэм ящыщ зы хьэжы гуэ'рым ерагъыу зыкъищIэжри:

- Уа, щIалэхэ, дэ фыкъытщхьэщымыту, моуэ зы лIыгъэ гуэр хэфлъхьэ Iуэхум, - жиIащ.

ЩIалэхэр укIытэри щIэкIащ.

- Сыт тщIэнур, ди напэр текIащ, - жаIэри гузэващ. ПцIырыпцIу зэрыгъэIущри, къыщIыхьэжхэри лIыжьхэм жраIащ:

- ЗэфIэкIащ, къэдгъуэтыжащ, мор уэчыл къищIащ, ар уэчыл къызэрищIамкIэ мобырэ мобырэ щыхьэтщ, - жаIэри.

- АтIэ, Тхьэр арэзы къыфхухъу, армыраи хабзэр! - жаIэри, къызэщIэтаджэри, нэчыхьыр ятхащ пцIырыпцIу.

Хъыджэбзым и дэсын ирикъури яшэну фызышэу къыщыкIуэм, «си щхьэр памыупщIауэ сыдэкIуэнукъым» - жиIэу гъуэгыурэ гум ирадзэри ирагъэшащ. Езыри «бампIэм ихьащ» жаIэу куэдрэ мыпсэууэ лIащ.

Апхуэдэ Iуэху пщхьэмыпэхэр къэхъунутэкъым, иджы хуэдэу цIыхубзыр и щхьэ хуиту дэкIуэу щытыгъатэм.

Хъыджэбз гуэр фIыуэ илъагъу щIалэм дэкIуамэ, напэтехыу ялъытэу щытащ, «кIуэсащ, куэпэчщ, къэхьпэщ, лъэпкъ напэр трихащ», - жаIэрти дунейм тет хьэбыршыбырыгъэр кIэралъхьэрт. Дэ ди лъэныкъуэм кIуасэр щыхьэдыгъуэдахэу щытащ. Ауэ Псыжь лъэныкъуэм мыкIуасэу ятыр щыемыкIут, «А Iейм Iыхьлыхэм лIы къыхуамылъыхъуэу езым къигъуэтыжыфакъым», - жаIэрти.

Ахэр зэреплъыр нэхъ тэмэмт, дэ дызэреплъым нэхърэ.

 

Щоджэн Хь., КъардэнгъущI З.

Адыгэ хабзэу щыIахэр. Налшык, 1995. Нап. 109-117.

 

УНЭИШЭ ЦIЫКIУ

 

Унэишэшхуэр ящIа нэужь, унэишэ цIыкIур ящI. Гуащэр нысащIэм щытехьэр унэишэ цIыкIуращ.

Абы джэдкъаз куэду къагъэIэгъуэ, мэл яукIри, хьэблэ фызхэр къызэхуашэс. (Унэишэ цIыкIум лIым и Iуэху хэлъыжкъым).

Iэнэм тепщэч пщыкIуз е, сэ сщIэрэ, пщыкIубл трагъэувэ, зэмыбжэгъуу. Фызыжь къомыр къотIысэкIри, нысащIэр къыщIашэ, щхьэтепхъуэр дэхьеяуэ, и нэкIур плъагъуу. Фызыжьу хъуар абдеж нысащIэм тохьэ, IэплIэ хуащI, йохъуэхъу:

- Мыр уи гуащэм къыпхуищIа псалъапщIэщ, тIасэ. ДяпэкIэ упсэлъэну хуит ухъуащ. ФIыгъуэкIэ Тхьэм уригъэпсалъэ!

Гуащэр абдеж къэтэджу и нысэм бгъэдыхьэркъым, емыкIущ, ауэ щысу къопсалъэр. Техьэр я гъунэгъу, я благъэ, я Iыхьлы фызыжьхэращ. Абыхэми псэлъапщIэ Iыхьэ ят. КърахьэлIам щыщ щхьэхуэу хутрагъэувэу мыпхуэдэу щыжаIи къыхокI:

- Мыр уи гуащэ нысэгъум и псэлъапщIэщи, абыикI уепсэлъэну ухуитщ.

Ар зэфIэкIа нэужь, нысащIэр щIашыжри, фызыжьхэр зыкъомрэ къафэу, ефэ-ешхэу зэхэсхэщ.

Нысэр дыщасэ яшэжа нэужькIэ Iэмал имыIэу псэлъапщIэ къыхуэзыхьауэ хъуам - хамэми благъэми - Iыхьэ зырыз къахуихьын хуейщ. Абы зэреджэр псэлъапщIэ Iыхьэщ.

 

«Анзорей», 1991 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэ, №7.

 

 

ЩАУЭИШЭЖ ХЪУЭХЪУ

 

Пасэ зэманым адыгэхэм хъуэхъу дахэ куэд яIащ. Адыгэхэр сыт хуэдэ Iуэхугъуэми техъуэхъухьырт. Лэжьыгъэ гуэр ящIэну щыщIадзакIэ, «Iуэху пэублэ хъуэхъу» жаIэрт, унэ, псэуалъэ щащIкIэ, вакIуэ щыдэкIкIэ, унэщIэм щыщIэтIысхьэкIэ, мазэщIэ къэунэхуауэ щалъагъукIэ, нысэ къыщашэкIэ, щауэр щрашэжкIэ, сабий къыхуалъхуауэ гущэм щыхапхэкIэ... Куэд хъурт адыгэхэм я хъуэхъур. А хъуэхъухэм щIэблэр щIагъэдэIурт, абыхэм гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ яIэт.

Хъуэхъу дахэр кIыхьу изышыфхэр цIыхухъухэми цIыхубзхэми къахэкIыу щыIэт. Ахэр ягъэхъуэхъуэн щхьэкIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, нысашэ хьэгъуэлIыгъуэхэм ираджэрт. Апхуэдэу ягъэхъуахъуэу щытащ дэ къэтщIэжхэу Агънокъуэ Лашэ, ПащIэ Бэчмырзэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Тамбий Хьэблацэ сымэ. Апхуэдэ цIыху зэчийхэр зэхуашэсурэ щызэпрагъауэ къэхъурт, текIуахэм саугъэтхэр ирату.

Зи гугъу тщIа адыгэ хъуэхъу куэдым ящыщ зыщ «щауэишэж хъуэхъур». Пасэм щыгъуэ нысэ къашамэ, къэзыша щIалэр щауапIэ кIуэрт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, хьэгъуэлIыгъуэм и дауэдапщэр дэкIыху и ныбжьэгъу гуэрым деж екIуалIэрти, абы щыIэт. Нысашэ хьэгъуэлIыгъуэм иращIэкI Iуэхугъуэ псори зэфIэкIа нэужь, лIыжьхэр къызэхуэшэсыжырти, Iэнэ къыхуагъэувырт, ирагъафэрт, ирагъашхэрт. А лIыжь гупым кърагъэблэгъэжын хуейт «щтапIэ» кIуэжа щауэр.

Адрейуэ щауэр зэкIуэлIам фадэ-пIастэ Iэнэ къыхуигъэувырт, и ныбжьэгъухэр къызэхуишэсырти, яужь дыдэу абы щызэбгъэдигъэсырт. ИтIанэ, ар щауапIэм кърашыжырт, уэрэдхэр жаIэу, фочхэр ягъауэу, лIыжьхэр зыщIэс унэм щIамышэу бжэм деж ягъэувырт. И ныбжьэгъухэм махъсымэбжьэрэ абы хуэфэщэн ерыскъырэ яIыгът, къызыхыхьэ лIыжь гупым къыхуахьауэ. ЛIыжь гупым ящыщу нэхъ щIыхь зиIэу, нэхъ жьакIуэу зы къэтэджырти, махъсымэбжьэ иIыгъыу мы хъуэхъур жриIэрт:

- Уей, ди шынэхъыщIэу лIэщIыгъуэр зей!

Бажэ уещэм, щыхь къэбукIыу,

ХъыкIэ уещэм, дыщэ къихъуэу,

Уи ныбжьымрэ уи бжьыгъуэмрэ кIыхь ухъу!

Мыр лъэпкъ лъэужьым къыдежьа лъэгъущ.

Уи жьы хъугъуэм дамэгъу дэгызэщ.

Уи нузырым хъерыр хуэIэгъуэщ.

Уэ ныбжьэгъухэр уи «щтапIэ» гъусэщ.

ХамитIым я лъыр лъэпкъыр зейм хуогъагъэ.

Дунейм я фIыгъуэр гъуэрыгъуэ шэнтщ.

Пэрыт Iэдэмым и мылъку пэIущIэщ.

ГъащIэхэм я щIэрэщIапIэщ.

ЩIапIэхэм я дыгъэ-мазэщ.

Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ.

ГуфIэгъуэшхуэр лъэпкъым къыщихъуэкIэ

Хъуэхъушхуэр къызэхуашэс,

«Жумарт нэсым» къуита псэуэгъущ,

Тхьэшхуэм и саугъэтщ.

Уи ныхьмэт Iыхьэщ,

Псэ Iыхьэ лъапIэщ.

ХъуэхъупIэ махуэщ.

Махуищэ я уасэщ.

Псэхэр мэгуфIэ,

БлагъэфIхэр мэпэкIу.

ЛIыжь къэкIуахэр уэ къоджэ,

КъыпкIэлъыджэм уагъуэтыркъым.

Узыхэтыр къытхуэщIэркъым.

КъыдэпщIари догъэгъу.

Уи кIуэдэгъухэр мэтут,

Зи ярэтхэр уэ къожьэ.

Ди фадэбжьэр мэсыс,

Уи нэмыс дыпоплъэ!

ДыпIуплъэну дыножьэ,

Ди фадэбжьэр убыд!

Уи адэм и щIапIэр гъэдахэ,

Уи анэм дахэу епсалъэ!

Уи лъабжьэм дохъуэхъу,

Тхьэм и хъерым долъэIу,

КъолъэIу гупым къахыхьэ,

Уакъыхэмыхьэмэ,

Гъуэгу темыхьэр бэнакIуэщ,

ХьэуазапIэм укъыщыхэкIакIэ,

ДариикIэм щыжей,

«Сожей» жыпIэу ухэмыжае!

Абы иужькIэ щауэр и ныбжьэгъуитIым яку дэту щIыхьэрти, махъсымэбжьэр къаIихырт, ефэрт. И ныбжьэгъухэм къахьа махъсымэбжьэмрэ ерыскъымрэ лIыжьхэм я Iэнэм хутрагъэувэрти къыщIэкIыжырт, щауэри хуит хъужати, и пщIантIэм къыдэнэжырт.

 

«Ленин гъуэгу», 1984 гъэм августым и 11.

 

 

ТIОЛАКЪ

ЦIыхубзым бэлыхьрэ пудыгьэрэ зэрырахыу щыта Iуэхугъуэхэм я нэхъ Iей дыдэт «тIолакъ» жыхуаIэр. Ар зэрыщытри зищIысри иджырей ди цIыхухэм я нэхъыбэм ящIэркъым. «ТIолакъ» жыхуаIэр зищIысыр мырат: фызыр и лIым дэпсэу мыхъуу, лIым сыт хуэдиз мыхъумыщIагъэ кIэрылъми, ар цIыхубз дэпсэу мыхъунуми, лIы мыхъуми, и фызыр икIыжыну хуиту щытакъым, и лIым хуит имыщIу, ауэ лIым и фызыр иригъэкIыжыну хуитт, фызым. зы дагъуэ имыIэми.

Ауэ щхьэусыгъуэ гуэркIэ, гурыщхъуэпцIкIэ, бзэгукIэ зыгуэр яку дыхьэу, лIым и фызыр иригъэкIыж хъуамэ, и фызыр хьэрэм ищIын хуейт. Абы иужькIэ а тIур ауэ къудей зэIуплъэ хъужынутэкъым. Аурэ зэман зыкъом дэкIа нэужь, фызри лIы дэмыкIуэурэ лIыми фыз къимышэурэ «сэ нэхъыфI умыгъуэтмэ, сыкъэшэж», - жыхуиIам хуэдэу, лIыри фызри щIегъуэжрэ зэрышэжыну мурад ящIмэ, фызыр къыхуэхьэрэмщи, лIыр абы Iуплъэ хъунукъым, епсалъи хъунукъым. Ауэ фызыр зыгуэрым ишэрэ къригъэ-кIыжмэ, итIанэ Iуплъи, къишэжи хъунущ, хьэлэл къыхуэхъужащи.

А щIыкIэм тету лIымрэ фызымрэ езы тIур зэIуплъэ мыхъуу лIыкIуэкIэ зэрышэжыну зэгурыIуэмэ, шэрихьэткIэ зы щIалэжь гуэр нэчыхь хуатхырти, жэщым фызым и деж щIагъэхьэжт. Жэщым нэху къекIа нэужь, щIалэжьым шэрихьэткIэ хьэрэм ирагъэщIыжырти, фызыр къабзэ хъужат, хьэлэли хъужати, и лIым ишэжи дэкIуэжи хъунут.

Ауэ абы нэгъуэщI зы Iуэху пщхьэмыпэ къыщыхэкIи къэхъут: жэщым щIагъыхьэжа щIалэжьымрэ фызымрэ ягу зэрихьрэ, фIыуэ зэрылъагъурэ, и лIым дэкIуэж нэхърэ абы дэпсэум нэхъ къищтэу хъурэ къызэхуэнэу, и лIыр ауэ гъэпкIауэ къанэу. ШэрихьэткIэ я нэчыхь тхащ, зыри пхуещIэнукъым.

Ар адыгэ хабзэм шэрихьэтым къыхилъхьа хабзэт, армыхъумэ фыз игъэкIыжыр ди хабзэм хэлъакъым. Дэ ди хабзэу щытар: фызым къимылэжьын къилэжьарэ губгъэн хуащIамэ, и лъакъуитIыр шы мыгъаситIым кIэращIэрти, зэкIэщIатхът. Ауэ фыз игъэкIыжыныр ди адыгэм япэ ды дэ къыщызыублар Къэзэнокъуэ Жэбагъыуэ жеIэр IуэрыIуатэм.

Е щIалэжьым зыIэщIимыубыдэу къиутIыпщыжмэ, и лIу щытам ишэжыну хуит хъуати, щIэрыщIэу нэчыхь хуатхт, иратыжти, фызыр зеям къыхуэнэжт. Мис аращ «ТIолакъ» жыхуаIэу щытар.

Мыпхуэдэуи къэхъуу щытащ Iэджэрэ: щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэрымыцIыхуу, я гъащIэми зэтемыплъауэ зэрагъашэрт. Апхуэдэ зэрымыцIыхуитIым я зэхуакум бзэгу Iэджэ къыдыхьэрт. Iэмал имыIэу зым зыр хуаубт. ЩIалэ зратар: «набгъэу, дэгуу, мэхыу, къытехьэ иIэу, абы къы-щытехьам щIиукIыхьынкIэ, щIитхьэлыхьынкIэ хъуну», - жраIэрти, хъыджэбзыр ягъэгужьейрт. «Ар зылъымыхъуа мы хэкум искъым, къыдэкIуэн игъуэтакъым. Уэ уагъэунэхъуащ, тхьэмыщкIэ», - жаIэурэ и фIэщ дыдэ ящIт.

Хъыджэбзыр зэрашауэ, щIагъэлъхуауэ, яшэну зэрамыпэсу къыдэнэжауэ, цIыхум зэрыдэпсэун акъыл имыIэу, къагъапцIэри къылърагуауэ, ягъэунэхъуауэ щIалэм жраIэрт.

Мис апхуэдэурэ хъыджэбзыр ягъэшынэрт, псэ къыхэмынауэ ягъэгужьейрт. А зэманым иджы хуэдэу, цIыхухэр зэрыцIыхутэкъым, зэнэсэIуасэтэкъым, уеблэмэ, къуажэкIэ, къуажапщэхэр щызэрымыцIыху щыIэт. ЖраIэхэр, кIэралъхьэхэр я фIэщ хъурт. Псом хуэмыдэу, зэрымыцIыхуу зэратаитIыр зэщышынэрт «сыт хуэдэу пIэрэ сызратар», «сыт хуэдэу пIэрэ къызатар», - жаIэрти, гужьеяуэ егупсысырт. ЩIалэм хыхьэхэкI иIэу, дуней и пIалъэ ищIэу щымытмэ, хъыджэбз Iуэхухэми зыри химыщIыкIыу, джэгум кIуамэ, жыжьэу къэуджхэм еплъ нэмыщI, и гъащIэм хъыджэбз блыпкъ иубыду къэмыуджам, жыжьэу илъагъу нэмыщI и гъащIэм цIыхубз емыпсэлъам, Iэщ я куэдрэ и гъащIэр былымым къахэмыкIыу уэтэртесу щытам, «Iэщ я куэдщи уасэ куэду къыдатынщ», - жаIэу кърата хъыджэбзым и деж щIаутIыпщхьэрт, щауэкъуэтыр и гъусэу. Щауэ, адрей, мыдрей къинэмыщI, жаIэурэ зыри хэзымыщIыкI щIалэжьыр ирагъэзэшарэ зыри къыгурымыIуэжу, хэгужьеихьауэ, зыри имыщIэжу нэхъри хэзэрыхьт. Хъыджэбзми бзэгуу щIалэм щхьэкIэ къыхуахьа къомыр и гум илъти, гужьеяуэ, щIыIэтехьэгъуэр къытехьауэ мэкIэкуакуэ.

ЩIалэжьым дэнэ и деж къыщыщIидзэнуми ищIэркъым, сыт ищIэнуми къыхуэгупсысыркъым.

- Дауэ фыщыт, ди шыпхъу, укъыздикIахэр псори узыншэкъэ? - жиIэрти, абы къыщыщIидзэрт, нэгъуэщI жиIэн имыщIэу.

И псэлъэкIэхэмкIэ щIалэжьым тIэкIу зэрыхухэтым нысащIэм гурыщхъуэ ищIти, нэхъри гузавэу щIидзэрт. А къыжраIари нэхъри и фIэщ хъурт. «А кIэралъхьэхэр пэж дыдэ мыгъуэу пIэрэ?» - жиIэрти, гузэвэгъуэм ихьт.

Абы лей къызыгурымыIуэм сыт хуэдэ хабзэрэ нэмысрэ иIэу бгъэдыхьэну а цIыхубз мыцIыхури? Езыри: «фыз къыпхудошэ!» - жаIэурэ, лIыжьхэм я деж щIалъафэ, къыщIалъэфыжурэ лъэзэхэпхъэ хъуауэ, ищIэнри илэжьынури ищIэжкъым, и щхьэр хэунэзыхьащ.

НысащIэри «унэишэ, къишэж» жаIэурэ зэралъафэурэ, мо мыцIыху куэдым и щхьэр ягъэунэзащ, а лIы къыщIыхьэжынум егупсысурэ и акъылыр фIэкIуэдащи, дунейр кIагъэпшагъэ хуэдэу нэмыщI и нэм илъагъуркъым, зы бэлыхь къыщыщIыну фIэщIу гужьеящ.

Мис апхуэдэ щытыкIэм иту, щIалэжьыр къыхущIинэр-ти щауэкъуэтыр къыщIэкIыжырт.

ЩIалэжьым хабзэ къекIуэкIхэм хищIыкI щыIэкъым, бгъэдыхьэкIи, бгъэдэкIыкIи, былымхэм я хабзэм нэмыщI. ЩIалэжьыр и закъуэу къызэрыщIэнэу, нысащIэм жьэхэфыщIыхьти, игъэшынэрт. Мо быIуэбышэр нысащIэм имычэзууэ щыжьэхэфыщIыхькIэ, «мыр зэрыжаIэ дыдэм хуэдэщ, сунэхъуащ, сыщIитхьэлыхьынщ», - жиIэрти гужьейти, нысащIэр шынауэ нэху къекIт.

«ЩIэхыу, нысащIэр сымаджэ хъуащ, шынауэ нэху къекIащ», - жаIэрти, молэр къраджэрт. Молэм дыуэ хуитхт, дыуэпс иригъафэрт, епщэт.

- Мыбы и Iуэхум бзаджэнаджэ Iуэху хухэтщ, щIэхыу жин Iэзэ къыхуэфлъыхъуэ! - жиIэрти, молэм унафэ къахуищIт.

Фыз Iэзэр хьэзырыххэт, и «жинхэр» и гъусэу къэсырти, еплът-къеплъыжт.

- Алыхь-алыхь, си дахэ цIыкIу мыгъуэ, укъэмыс щIыкIэ узыфэ Iейр дэнэ мыгъуэм къипха, дэнэ мыгъуэм къыпхуиукI? - жиIэти, нэхъри игъэгужьейрт. - Узыр хэмытIасэу, и Iэпкълъэпкъ псоми зримыгуашэ щIыкIэ, сыту фIыуэ псынщIэу гу лъыфта, - жиIэурэ, еIэзэну щIидзэрт. - Алыхь-алыхь, си дахэ цIыкIу мыгъуэ, мыбы бзаджэнаджэ къебгъуэуащ, жин фIыцIэ зэран къыхуэхъуащ, цIэ къемыгъэтыну Iэмал иIэкъым! - жиIэрти, лажьэ зимыIэ нысащIэр игъэгужьейрт.

- ЦIэ къэт, - жаIэрти, лажьэ зимыIэр зэрахуэу щIадзэрт. ИмыщIэм сыт къитынт, дэнэ кърихыу къитынт? Ар жыхуаIэр выми шыми ищIэртэкъым. Зыри къащыхуимыткIэ, нысащIэр яубэрэжьу щIадзэрт, ягъэшынэу кърагъэтыну. Ари щымыхъукIэ, нысащIэм и Iэхэр япхти, мафIэм ирагулIу щIадзэрт. А мафIэмкIэ ягьэшынэу цIэ кърагъэтыну. АрщхьэкIэ, цIэри бжьыдзэри ищIэртэкъым а зэрахуэм. Мо ягъэгужьеяр, мэгурымри мэIущащэ, апщIондэху, жин Iэзэм зыгуэрхэр итх хуэдэу ищIурэ мафIэм пэредзэр.

Мис а щIыкIэм тетурэ, лажьэ зимыIэр ззхаубэражьэрт, игъэгужьейрти, сымаджэ дыдэ ящIырт. Мис апхуэдэ бэлыхьхэр къикIт, цIыхубзхэр зыхуэмей е имыцIыхум залымыгъэкIэ иратыным, мылъкукIэ иращэным

 

Щоджэн Хь., КъардэнгъущI З.

Адыгэ хабзэу щыIахэр. Налшык, 1995. Нап. 105-108.

 

АДЫГЭ «ЩIАКIУЭ КIАПЭМ» И IУЭХУКIЭ*

 

«Жыхьэнэмэм уритет нэхърэ жэнэтым уриунэIутым нэхъыфIщ», - жеIэ адыгэ псалъэжь гуэрым. Абы къикIыр гурыIуэгъуэщ: «Iуэху Iейм уриунэфэщI нэхърэ, IуэхуфIым уриIуэхутхьэбзащIэм нэхъыфIщ», - жыхуиIэщ. Зэуэныр сыт хуэдизу Iуэхугъуэ Iейуэ щыт пэтми, зэманым гъащIэм зэбиитIыр зэмызэуэну, зэрымыукIыну Iэмал имыIэу ирихулIэрт. Апхуэдэу щыхъукIэ, абыи зы унафэ гуэр иIэн хуейт, зы хабзэ гуэр хэлъын хуейт, зэбиитIым яку дэлъ зэныкъуэкъур иригъэзакIуэу. Мис аращ адыгэм я «щIакIуэ кIапэр» къызыхэкIар. Ар адыгэ хабзэм щыщ зы Iыхьэщ.

Адыгэ «щIакIуэ кIапэр» зэращIу щытам занщIэу хыболъагъуэ ар лъэныкъуитIымкIи зэхуагъэ зыхэлъ зэзэуэкIэу зэрыщытар. Пасэрей адыгэхэм къащIэнауэ ди зэманым къэсащ абы теухуауэ псалъэжь куэд: «ЛIы пхам еуэркъым», «Щылъым еуэркъым», «ЛIыр гъэпцIагъэкIэ Iэрыубыд пщIыну емыкIущ». Абыхэми къыжаIэри аращ - уи бийми ет уэ зэптыжым хуэдэ хуитыныгъэ, лIыгъэ уиIэмэ! Нарт хъыбархэми, таурыхъыжьхэми къахощыж зэбиитIыр хьэлэлу къарукIэ зэпэуврэ, чэзууэ зэIэурэ щIым зэрыхэтIэу щытауэ. Абы зэреджэр «хэтIэхэсэт». Ар хьэрэмыгъэншэу, захуагъэ зыхэлъ зэзэуэкIэу щытт. Ауэ, апхуэмыдэу, зэбиитIым языр хъуагъэщагъэ екIуэрэ, гъэпцIагъэкIэ, хьэрэмыгъэкIэ и бийр иукIамэ, арат лъыщIэжыныр Iэмал имыIэу къызыхэкIыр.

Сосрыкъуэ и бийм щыхуэзам хъуагъэщагъэ хуекIуэу пIалъэ къызэрыIырихар, иужькIэ хабзэм тету къару хьэлэлкIэ пэмыуву, удыгъэ хилъхьэу ТIотIэрэшыр зэриукIарщ нартхэр Сосрыкъуэм бий щIыхуэхъуар. Сосрыкъуэ ТIотIэрэшым зэрезэуа щIыкIэр зыми игъэзэхуакъым.

Нэгумэ Шорэ итхыж хъыбарыр пэжу щытмэ, адыгэ пелуан Редадэрэ Тмутаракъаныпщ Мстиславрэ (Владимир Святой жыхуаIэм и къуэрщ) я Iэщэхэр зыпщIэхахыу, хьэлэлу къарукIэ зэбэныну щызэрыубыдам щыгъуэ, сыхьэт зытIущкIэ зэрызекъуащ, зэрытемыгъадзэу. Абы щыгъуэ Мстиславыр сэкIэ къемыпыджауэ щытамэ, Редадэр къыхигъэщIэфынутэкъым. АтIэ, Нэгумэм зэритхыжымкIэ, Мстислав хьэрэмыгъэкIэ Редадэр къызэриукIарщ, иужькIэ адыгэхэр кIуэуэ Тмутэрэкъаныр щIызэхакъутар, я пелуан Редадэ и лъыр щIащIэжар.

Мы зыри щапхъэу къэтхьыжынщ: ХьэтIохъущокъуэр дэмысу, Шужьеипщ езым и пелуан Хъусен Лъэгубгъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэм и пелуан Къуалэ Созэрыхьэрэ залымыгъэкIэ зэригъэбэну, и пелуан Хъусен Лъэгубгъуэр къыщыхигъащIэм, Шужьеипщ ябгъэдэлъадэу Созэрыхьэ и псэфылъэм хьэджасэ хихуэу зэриукIар арщ ХьэтIохъущокъуэм Шужьеипщ щIиукIыжар.

АтIэ, апхуэдэу гъэпцIагъэрэ хъуагъэщагъэрэ, хьэрэмрэ зэхэмылъу щыта зэуэкIэ хабзэщ «щакIуэ кIапэр». Иджырей зэманым къэсауэ щыIэщ псалъафэ «щIакIуэ кIапэ дызэдытеувэнщ» жиIэу. Абы къикIыр «дызэпэувэнщи, дызэхуэдэу лIыгъэкIэ дызэзэуэнщи, текIуэр псэунщ, зытекIуар иукIынщ» жиIэу арт.

Мыбдежым, Iэмал имыIэу, нэгъуэщI зы упщIэ къоув: гъэпцIагъэ хэмылъу, хьэлэлу лIыгъэкIэ зэзэуэнымрэ «щIакIуэ кIапэмрэ» сыткIэ я Iуэху зэхэлъ? Сыт абы «щакIуэ кIапэкIэ» щIеджэр? - жиIэу. «ЩIакIуэ кIапэкIэ» абы щIеджэр зэбиитIыр щIакIуэм теувэрти, щIакIуэ кIапэ зырызым тету, а щIакIуэ кIапитIым яку дэлъым фIэкIа зэпэжыжьагъ ямыIэу, нэхъри гъунэгъуу зэбгъэдыхьэну хуиту, ауэ а щIакIуэм къытебэкъуэкIыу щIым теувэну хуимыту, зэзауэрти, аращ «щIакIуэ кIапэ» цIэр къызытекIар. Ахэр зэзэуэнкIэ хъурт джатэкIэ, е къамэкIэ, ауэ зэбиитIым я Iэщэхэр зэхуэдэу щытын хуейт: зым къамэ иIыгъмэ, адрейми къамэ иIыгъын хуейт.

Пэжи, пцIыи, зэгуэрым пащтыхьым и лIыкIуэр къакIуэри къэбэрдеипщхэр зы Iуащхьэ джабэ гуэрым щызэхуишэсащ. «Псори фыпщу, зыр зым фемыдэIуэжу псэуа фыхъункъым. Си унафэм щIэту, сэ нэхъ къызбгъэдыхьэу, псоми фипщу зы фиIэн хуейщ», - къажриIащ. Ауэ псори хуейт пщы япщыжу щытынуи зыми зыри жиIэртэкъым, дэтхэнэми езыр хахым и фIэфIти, зэплъыжу щысхэт. ИкIэм, ХьэтIохъущокъуэр къэтэджщ, Iуащхьэм дэкIри и щIакIуэр иубгъуащ. И джатэр кърихри щIакIуэ кIапэм теуващ: «ЛIыгъэ зиIэм пщыгъэри ейщ. «Сэ лIыгъэ сиIэщ!» жызыIэр кърекIуи къытреувэ. КъыстекIуэмэ, пщы япщыжу дгъэувынщ», - жиIэри. Мис абы щыгъуэ пэувын къахэмыкIыу ХьэтIохъущокъуэр пщы япщыж хъуауэ жеIэ хъыбарым. Ари «щIакIуэ кIапэщ». «А «щIакIуэ кIапэ» зэзэуэкIэ хабзэр икъукIэ ткIийуэ адыгэм яхэлъащ. Ар зыхуэдэу щытар куэду IупщIу къыхощыж Хъаным и къуэмрэ НапцIэ и къуэмрэ «щIакIуэ кIапэ» зэдытеувэу зэрызэзэуа хъыбарым.

IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, НапцIэ и къуэр лIы лъэрызехьэу хэкум зэрисым и хъыбарыр Хъаным и къуэм зэхихырти, ар иукIын мурад иIэу къэкIуащ. А зэманым НапцIэ и къуэм и къуажэр иджы мы ди къалэкIэу Александровкэр зэрыс щIыпIэм исащ. Махуэ гуэрым НапцIэ и къуэм шыр псафэ дишауэ Хъаным и къуэр къакIуэу зэхуэзэри, къиукIын мурадкIэ къызэрыкIуар къыжриIащ. ЗэмызэункIэ Iэмал имыIэ хъуащ.

- АтIэ, Хъан и къуэ, дызэмызауэу мыхъуну щыбгъэувкIэ дэ ди хабзэмкIэ дызэзэуэнщ, «щIакIуэ кIапэ» дызэдытеувэнщ, - жиIэри, щIакIуэр яубгъури теувахэщ. - Уэ ухьэщIэщи, япэ уэгъуэр уэстынщ. (Мыбдежым пауэр НапцIэ и къуэм лъысын хуеящ, зэуакIуэ къэкIуар Хъан и къуэр арауэ зэрыщытым щхьэкIэ, ауэ НапцIэ и къуэм абы хьэщIагъэ ирихащ). Ди зэзэуэкIынур мыпхуэдэущ: си IэпхъуамбэжьакIэр нэсшиинщи, уэ ар къамэкIэ пыбупщIынщ. КъыкIэлъыкIуэу уэ уи IэпхъуамбэжьакIэр къэпшиинщи, сэ ар къыпызупщIынщ. Апхуэдэщ, чэзууэрэ ди Iэпхъуамбэхэр зэрыухмэ, ди Iэблэхэм, ди лъакъуэхэм дынэсынщ, дызэрыухыху дызэзэуэнщ. Зыр япэ къэдзыхэмэ, мыдрейр хуитщ епыджу иукIыну, - жиIащ НапцIэ и къуэм.

Хъан и къуэри абыкIэ арэзы хъури щIадзащ. НапцIэ и къуэм и Iэпхъуамбэ етIуанэр пригъэупщIащ. Хъан и къуэм и чэзути, и Iэпэр къишияуэ НапцIэ и къуэр щеуэм, Хъан и къуэр шынэжри Iуипхъуэтыжащ. ЗэрызэраухылIам ипкъ иткIэ, НапцIэ и къуэр епыджри Хъан и къуэр иукIащ.

Зэрынэрылъагъущи, зэзэуэкIэр куэд хъурт, зэрызэраухылIэт, ауэ Iэмал имыIэу щIакIуэм тетын хуейт, ар я зэхуакуу.

 

«Ленин гъуэгу», 1967 гъэм январым и 22.

 

АДЫГЭМ IЭЗЭУ ЯIАХЭР

 

Пасэм щыгъуэ цIыхур дунейм къытезыгъэхьэу щытар фызгъалъхуэрт. ЛIэнур зымыгъалIэу къызэтезыгъэувыIэр молэрт. Хуабэуз зэфыкIыу зи щхьэр зэIыхьар нэхъри сымаджэ зыщIыфыр «жин Iэзэрт». Абыхэм нэхърэ нэхъ «Iэзэшхуэ» дэнэ къикIынт?

ЦIыхубзыр лъхуэн хуей зэрыхъуу, «щIэхыу» жаIэрти, фызыжь гуэр, фызгъалъхуэр, къраджэрт. Лъхуэну, фызыр тасыжь гуэр иригъэтIысхьэрти, и Iуэхур зэфIэкIт. Къалъхуам и бынжэр пиупщIт.

ЦIыхум хуабэ уз ефыкIыу хэIухь-хэвыхьу зэрыхуежьэу, «щIэхыу» жаIэрти, «жин Iэзэр» къашэрт.

- Алыхь-алыхь-алыхь, щIалэр фукIащ, и узыр хэвгъэужьынащ. Апхуэдэ телъыджэ цIыхум ищIэрэ? Щхьэ зыгуэрым гу лъывмытарэ, хьэдэгъуэдахэ? - жиIэрти, зигъэбэлыхьу захузэкIэщIишт.

- Мыр дэнэ щыIа, мы узыр дэнэ къыщыжьэхэуар, сыт хуэдиз щIа? Бзаджэнаджэ къебгъэуащ, жин фIыцIэ зэран къыхуэхъуащ. ЩIэхыу джэд гъуэжь, пыIэ щхьэрыгъыу, къэвгъуэт, мы дунейм тетмэ!

А жыхуиIэр къалъыхъуэрти, къыхуахьт. Джэд гъуэжьыр сымаджэм и щхьэм траубыдэу







ЧТО И КАК ПИСАЛИ О МОДЕ В ЖУРНАЛАХ НАЧАЛА XX ВЕКА Первый номер журнала «Аполлон» за 1909 г. начинался, по сути, с программного заявления редакции журнала...

ЧТО ТАКОЕ УВЕРЕННОЕ ПОВЕДЕНИЕ В МЕЖЛИЧНОСТНЫХ ОТНОШЕНИЯХ? Исторически существует три основных модели различий, существующих между...

Что будет с Землей, если ось ее сместится на 6666 км? Что будет с Землей? - задался я вопросом...

Что делает отдел по эксплуатации и сопровождению ИС? Отвечает за сохранность данных (расписания копирования, копирование и пр.)...





Не нашли то, что искали? Воспользуйтесь поиском гугл на сайте:


©2015- 2024 zdamsam.ru Размещенные материалы защищены законодательством РФ.