Сдам Сам

ПОЛЕЗНОЕ


КАТЕГОРИИ







АДЫГЭ УЭРЭДЫЖЬХЭМ Я ЗЭГЪЭЩIАПIЭ





НЭХЪЫЩХЬЭУ ЩIАЛЭГЪУАЛЭМ ЯIАР ХЬЭЩIЭЩЫРЩ

 

Адыгэ щIэблэм гъэсэныгъэ щагъуэту, нэмысрэ хабзэрэ къызыщIахыу яIар, я еджапIэ нэхъыщхьэу щытар хьэщIэщырщ. Адыгэ хьэщIэщыр хьэщIэ еблэгъапIэ къудейуэ щымыту, зэхуэсыпIэу, хъыбар IуэтапIэу, уэрэд жыIапIэу, хабзэ щIапIэу, нэхъыжьым нэмыс щигъэлъагъуэ щIыпIэу, нэхъыщIэр абы щыдэплъей щIыпIэу яIащ.

Губгъуэ лэжьыгъэ зэманыр зэфIэкIыу цIыхур япIэ итIысхьэжа нэужь, щIалэгъуалэм зэхуэсыпIэу, зэштегъэупIэу яIэр хьэщIэщырт. Къуажэм джэгу, е щIэпщакIуэ, е жэщщыс къэхъуамэ, щIалэгъуалэр абыхэм кIуэрт. Ауэ апхуэдэ щымыIэмэ, е щыIэми, нэхъыбэу здэкIуэ хабзэр къэхъукъащIэ псори къыщаIуэтэж хьэщIэщырт. А пщыхьэщхьэм хьэщIэ къепсыхамэ, абы епщэфIэкIырт, абы къихьа хъыбарымрэ къиIуэтэж таурыхъымрэ едаIуэу щхьэщытт. А хьэщIэм ефэ-ешхэ иращIэкIырти, абы уэрэд щыжаIэрт. Уэрэдыр хьэщIэми, абы бгъэдэсми, хэгъэрейхэми жаIэнкIэ хъурт, зэпрадзыжурэ. Абы жаIэ уэрэдыр абыхэм епщэфIэкIыу, едаIуэу ящхьэщыт щIалэгъуалэм зрагъащIэрт.

Ар зы уэрэд жыIэкIэ лIэужьыгъуэщ - хьэщIэ къэкIуащи къызэхуэсауэ ар ягъэлъапIэ, абы уэрэд жраIэ. Ар адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ Iэмал зимыIэ Iуэхут. Ауэ апхуэмыдэу хьэщIэщым нэгъуэщI уэрэд жыIэкIэрэ уэрэд зэгъэщIэкIэ хабзэрэ щекIуэкIырт.

ХьэщIэ къемыблэгъами, лIыжь губзыгъэ зиIэ унагъуэм я хьэщIэщыр зы махуэ е зы жэщ нэщI хъуртэкъым. «ХьэщIэщым мыпхуэдэ хабзэ щIэлъащ: хьэщIэщыр зей лIыжьыр пщэдджыжьым къотэдж, зехуапэри былым дигъэкIынуми нэгъуэщI зыгуэрхэр ищIэнумикI зэфIегъэкIри, лIыжьыр хьэщIэщым макIуэ. И пщэдджыжьышхэр хьэщIэщым хуахьри зыгуэр кърихьэлIамэ, здегъашэ. ЗырикI имыгъуэтмэ, езыр машхэ. Ар зэфIэкIа нэужь, и шыкIэпшынэр[3] къещтэри уэрэд жиIэурэ пшынэмкIэ дожьу.

НакIуэ, Албахъист уэрэд жеIэри дедэIуэнщ! - жаIэри хьэблэ щIалэр абы макIуэ. Гур дихьэхыу ар зэуэ пшыналъэхэмрэ уэрэдхэмрэ щIалэхэм ягу ираубыдэ. Ахэр псорикI зыщаIуатэр хьэщIэщырщ. Гур дихьэхыу ар зэуэ пшыналъэхэмрэ уэрэдхэмрэ йодаIуэ. Мис а щIыкIэм тету адыгэм яхэлъ уэрэдыжьхэмрэ таурыхъыжьхэмрэ, хабзэхэмрэ лIыгъэхэмрэ абыхэм жаIэжурэ щIалэхэм ягу ираубыдэ. Мис аращ уэрэдыжьхэмрэ жьэрыIуатэхэмрэ тфIэмыкIуэдыжу иджыри къэс хъуамэ щIэхъуар.

Мис апхуэдэу лъэпкъым игъэлъапIэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ къэзыIуэтэжхэр нэхъыжьхэрт, къыщаIуэтэжыр хьэщIэщырт. ЩIалэгъуалэм абы щыгъуазэ зыщащIырт, зрагъащIэрт, яужькIэ къэхъунухэм ирагъэщIэжын щхьэкIэ. Тхыгъэ зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ, нэхъыжьым къиIуэтэжыр зыри дамыутIыпщыкIыу гукIэ зэрызэрагъэщIэным пылът. Нэхъыжьри нэхъыщIэри абы гурыхуэ ищIырт.

Мис апхуэдэут уэрэдыр хьэщIэщым зэрыщагъэзащIэ щIыкIэр.

А зэманым пшынэзэщыхъуэм емыуэфыр зырызэхэт, абы къыхэкIкIэ пшынэзыщыхъуэр хьэщIэщым фIэдзат. ХьэщIэ ирехъу, ауэ зэштегъэууэ къекIуэкIа ирехъуи, дэтхэнэри а пшынэзыщыхъуэм еуэну хуитт. «УзэрыщIыхьэу жыхафэ дыдэм и деж пылъапIэ зытхух хэукIащ. Нэхъ жьантIэIуэмкIэ удэкIуэтеймэ, пылъапIэ зыщыплI блыным хэукIащ. Абы ублэкIмэ шыкIэпшынэ пылът», етхыж Щоджэн Хьэзешэ[4]. Пшынэзэщыхъуэр хьэщIэщым щIэлъу, къыщIыхьэхэр абы Iэзэу еуэфу ижь зэман лъандэрэ зэрыщытар Къанж и къуэ Щауей и хъыбарым дэгъуэу къыхощ. Мис абы жиIэр: «Бабыху дахэр щхьэгъубжэмкIэ къыдэплъурэ а псом гу лъитати, апхуэдэш зиIэнкIэ хъунур зэры-Къанж и къуэ Щауейр къищIэри и дэлъхухэм джакIуэ яхуищIыну къыщIэкIащ.

Къанж и къуэр пхъэпшынэ еуэу хьэщIэщым щIэсти, Бабыху дахэр щыблэкIым къыкIэлъыплъри дагъуэ къыхуищIар пшынэм къригъэкIащ:

- ХьэщIэщ пшынэжьыр сэ си уэршэрэгъущ,

Бабыху дахэу сэ къызатари

Уи, щIакъуэ мащIэти, уи, щIакъуэ нэпцIщ,

Ар сэ си дейкIэ щуIэгъэ мыхъун, - жиIэу.

ПсынщIэу ар Бабыхум зэхищIыкIри игъэзэжащ. И бэлмакъым илъа лъэгурыдз лей лъэныкъуэр къигъэнати, къридзыжри и лъакъуэр зэхуэдэу, щIакъуагъэ имыIэу, етIуанэу къыщыблэкIыжым, аргуэру Къанж и къуэр къыкIэлъыплъри игу ирихьыжа хъунти, пшынэжьымкIэ етIуанэуи къыхуэусащ:

Мы пшынэжьым сэ сригиещ,

Бабыхууэ дахэми сызэхищIыкIщ,

Сэ си гугъапIэри си гугъэпцIщ,

Ар щуIэгъэ схуэхъунри гугъафIэщ, - жиIэу[5].

Зи гугъу тщIа Iуэхугъуэм къегъэлъагъуэ пшынэр сыт щыгъуи хьэщIэщым щIэлъу зэрыщытар, а хьэщIэщым къеблагъэхэр а пшынэхэм Iэзэу, зыхуейр кърагъэкIыфу еуэу зэрыщытар.

 

IЭНЭМРЭ ГУПЫМРЭ

 

«Iэнэм упэрысыху гъащIэм щыщкъым», - жеIэ адыгэ псалъэжь гуэрым. Ар адыгэм жыхуиIэр и закъуэ Iэнэм пэрытIысхьэу шхэуэ щытэджыж дакъикъэр аркъым, атIэ гупым яхэсу, нэмыс зэхуащIу, зэрылъагъуу, зэрыгъэлъапIэу, зэрыгъатхъэу, я гум гъэпсэхупIэ игъуэту Iэнэм щыпэрыс зэманырщ. «Iэнэр зыхуаухуэр лъагъуныгъэрщ», - жеIэ етIуанэ псалъэжьым. Абы къегъэлъагъуэ адыгэм Iэнэм хуищI пщIэр зэрыиныр, Iэнэ къагъэувам хуэфэщэжын пщIэрэ нэмысрэ пэкIуэжын зэрыхуейр. Ар ижь зэман лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ хабзэщ.

Гупу зэгъусэу Iэнэм щыпэрытIысхьэкIэ, а гупым хабзэ гуэр яхэлъын хуейуэ адыгэ хабзэм къегъэув. Гупым щызекIуэ хабзэр адыгэ хабзэм щыщ зы Iыхьэщ. АтIэ, зы гупу ущытын щхьэкIэ, узэгурыIуэн хуейщ, узэгурыIуэн щхьэкIэ, гуп псоми я зэхуэдэу зы хабзэ пхэлъын хуейщ.

Япэ дыдэ хабзэу а гупым ирагъэкIуэкIыр, ар зы къуажэм щыщ гупми, абы нэгъуэщI къуажэ къикIа хьэщIэ яхэтми, нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ Iэнэм зэрыбгъэдэтIысхьэрщ. Адыгэ хабзэмкIэ абы Iуэхушхуэ пылъщ - щхьэж хуэфащэ тIысыпIэ тIысын хуейщ. А хабзэм къыхэкIащ «Хабзэ мыщIэ тIысыпIэ щIэкъущ», «ЖьантIакIуэ емыкIухьщ», «УзыгъэтIыс уиубыжыркъым» жыхуаIэ псалъэжьхэр.

ТIысыпIэр гъэтэмэмыным пыщIа хабзэр икъукIэ лъэхъэнэ жыжьэм къыщежьауэ къогъуэгурыкIуэ. Нэхъыщхьэу абы хэлъыр нэхъыжьыр жьантIэм дэгъэтIысхьэнырщ. Абы зэреджэр тхьэмадэщ. ХьэщIэ щымыIэмэ, нэхъыжьагъэкIэ къыкIэлъыкIуэр тхьэмадэм и ижьырабгъумкIи, сэмэгурабгъумкIи тIыс мэхъу, ауэ хьэщIэ щыIэу щытмэ, ар, хьэщIэр, тхьэмадэм и ижьырабгъумкIэ ягъэтIыс. Езы хьэщIэр хуитщ тхьэмадэм и ижьырабгъумкIэ мыкIуэу и сэмэгурабгъумкIэ тIысыну. Ар езы хьэщIэм зэрызыхуигъэфэщэжщ, тхьэмадэм пщIэ зэрыхуищIщ.

Куэдрэ щытIыс къохъу хьэщIитIым я кум тхьэмадэр дэсу. ХьэщIэ нэхъыжьыр ижьымкIэ, хьэщIэ нэхъыщIэр сэмэгумкIэ игъэтIысу. Ар хьэщIитIыр зэбгъэдимыгъэсын щхьэкIэщ, Тхьэмадэмрэ хьэщIэ нэхъыжьымрэ тIыса нэужь, мыдрейхэр - хьэщIэхэри хэгъэрейхэри - нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ мэтIыс. Ауэ а хабзэр, лIакъуэлIэш къахыхьэмэ, якъуэту щытащ. Пщы лъэпкъ е уэркъ лъэпкъ гупым къахыхьамэ, ар куэдкIэ нэхъыщIэми, жьантIэм дамыгъэтIысхьэу хъуртэкъым, зэрыфIэлIыкIым къыхэкIыу.

Ди зэманым Iэнэм щыпэрытIысхьэкIэ тIысыпIэм щхьэкIэ зоныкъуэкъу. Ауэ иджырей зэныкъуэкъур япэрейм зыкIи ещхькъым. Пасэ зэманым «сэ уи япщэкIэ сыщысын хуейщ», - жиIэу лъы ягъажэу щытамэ, иджы «хьэуэ, сэ схуэфащэкъым, сэ уи япщэкIэ дауэ сыкIуэн, зиунагъуэрэ!» - жаIэу зоныкъуэкъу, абдежым фIэфIыпсу тIысыну пэтми. «Адыгэм и IэнэтIысыныр зэфIэкIамэ, псори зэфIэкIащ» щIыжаIэр аращ иджыри.

Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ щхьэж хуэфащэ тIысыпIэ ягъуэтрэ Iэнэм тIыса нэужь, адыгэ хабзэмкIэ тхьэмадэм бжьэр къищтэу хъуэхъуэн хуейщ. «Хъуэхъум и пэри хъуэхъущ, хъуэхъум и кIэри хъуэхъущ», - жиIащ пасэрей псалъэжьым. Абы къикIращи, Iэнэр къыщызэIупхкIи щызэхуэпщIыжкIи ухъуэхъуэн хуейщ.

Пасэ зэманым адыгэхэр дахэу, шэрыуэу, жьакIуэу, губзыгъэу хъуахъуэу щытащ. Дэтхэнэ зы Iуэхугъуэми - вакIуэ тхьэлъэIуми, нысашэми, щауэишэжми, кхъуейплъыжькIэрыщIэми ехьэлIауэ хъуэхъу щхьэхуэ хужаIэу щытащ. Абы и щыхьэтщ усэ защIэу ди нобэм къэса хъуэхъу дахэ куэдыр.

Аращи, тхьэмадэр мэхъуахъуэри бжьэм йофэ, итIанэ шхыным хоIэбэ. Абы иужькIэщ мыдрей гупыр ефэнуи шхыным хэIэбэнуи хуит щыхъур. А гупыр зэхэсыхукIэ, тхьэмадэм и унафэншэу зыми зыри ищIэркъым. Хъуэхъуэнумэ, тхьэмадэм хуит зыкърегъэщI, щIыбым щIэкIынуми аращ. ЩIыбым щIэкI хьэщIэм (хэгъэрейуэ щытми) хуит зыкърегъэщIри зы нэхъыщIэ дыщIокI. Ахэр къыщIыхьэжа нэужь, езы тхьэмадэм бжьэ ярити мэхъу, е нэгъуэщI зыгуэрым тхьэмадэм хуит зыкърегъэщIри бжьэ ирет. А къыщIыхьэжам а бжьэр ирифынуи хуитщ, зригъэзэкIыу «Хьэгъэбэнэбжьэр зыхуэфащэр уэращ», - жиIэу дыщIэкIа щIалэм иритынуи хуитщ. «Хьэуэ, апхуэдэукъым», - жаIэу къуажэ-къуажэкIэ щызэныкъуэкъуи къохъу.

Гупым емыкIу ящIырт Iэнэм тефыщIыхьыр, «Iэнэр зыухъуэнщIыр». Апхуэдэ емыкIу къимыхьын щхьэкIэ адыгэлIыр гунэщIу, мышхауэ зыщIыпIи кIуэртэкъым. МэжалIэу гупым яхэхуэми, зишыIэфырт. Гупым я нэмыс зэриIыгъыным, гупым я губгъэн къызэримыхьыным дэтхэнэ зыри хущIэкъурт. Зэпкърылэлу шэнтым темысу, Iэнэм тегъэщIауэ пэрымысу, зэщIэкъуауэ, тхьэмадэм «дотэдж» щыжиIэм къэтэджыжын хьэзыру щысхэт.

Гупым дежкIэ емыкIут чэф хъуа къахэкIыныр, абы папщIэ фадэм зэрызыдрамыгъэхьэхыным дэтхэнэ зыри хущIэкъурт. Аращ «хьэгъуэлIыгъуэ» псалъэри къызытекIар. «Гъуэм» зэманщ къикIыр, «хьэуэ» ущытынрэ «лIыуэ» ущытынрэ щызэхэкI зэман жыхуиIэщ. Абы къыхэкIащ «Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ», «Гупыр зыгъэукхъуэр кхъуэм хуэдэщ» жыхуаIэ псалъэжьхэр. Зимычэзу жызыIэр емыкIу ящIырт, тхьэмадэм и Iизыншэу псэлъэну зыри хуиттэкъым. Тхьэмадэм уэрэд къыхидзэрэ зы едзыгъуэ жиIа нэужь, уэрэд фIыуэ жызыIэм иридзрэ жригъэIэ хъурт. Армыруи, «жыIэ уэрэд», - жриIэрэ жригъэIэ хъурт. Уэрэд фIыуэ жызыIэ зытIущ щIэсмэ, абыхэм яридзурэ жримыгъэIэу и закъуэ уэрэдым и кIыхьагъкIэ жиIэныр емыкIут. ЖьакIуэу, губзыгъэу хъуахъуэхэм, дахэу уэрэд жызыIэхэм щхьэкIэ «гуп гъэбжьыфIэщ, гуп гъэдахэщ», - жаIэрт.

«ХьэщIэм и къэкIуэныр езым и Iуэхущ, егъэжьэжыныр бысымым и Iуэхущ», - жаIэ. Ар щIыжаIэр нышым и къытелъхьэгъуэ зэманым и унафэр зыщIыр бысымыр арауэ зэрыщытырщ. Адыгэ хабзэмкIэ, нышыр Iэнэм къытрамылъхьауэ хьэщIэр ежьэжыну емыкIущ. ХьэщIэр нэхъ псынщIэу иригъэжьэжынумэ, нышыр имыгъэгувэу къытрелъхьэ, хьэщIэр нэхъыбэIуэрэ щигъэсыну фIэфIмэ, нышыр къытримылъхьэурэ егъэгувэ.

Нышыр къытрилъхьа нэужь, нышым и гъусэу щхьэр къахь, итIанэ гупым загъэгувэжыркъым. «ХьэщIэпIэрынэр (хьэщIэм зигъэгувэмэ) емыкIущ», - жаIэри, тхьэмадэм щхьэр екъутэ, мэхъуахъуэ, шэсыжыбжьэм йофэри къотэджыжхэр.

 

«Ленин гъуэгу», 1970 гъэм январым и 20.

 

«МЫСОСТЕЙ БЖЬИЩ», «КЪЕТЫКЪУЕЙ БЖЬИЩ»

ЩIЫЖАIАМ И ХЪЫБАРЫР

 

«Мысостей бжьищ» щIыжаIар мыращ: Пщыапщокъуэ и къуэ Къазий (ар езыр Беслъэн ПцIапцIэ и къуэрылъхут, Беслъэн ПцIапцIэ и къуэ Къетыкъуэ и къуэт) къуитху иIащ: ХьэтIохъущыкъуэ (ХьэтIохъущокъуэ лъапсэр къызытепщIыкIар), Щолэхъу, Жамболэт, Мысост, Ислъам сымэ. Я ажалкIэ лIэжами, е къаукIами, сытми Щолэхъурэ Жэмболэтрэ пасэу дунейм ехыжащ.

Къазий щылIэм къыщIэна и къуищым Бахъсэн псыхъуэм и Iэшэлъашэ щIыхэр яхуигуэшащ, мамыру зэдэпсэуну уэсяти къахуищIащ. Къазий лIа нэужь, зэшхэр зэман заулкIэ мамыру зэдэпсэуащ, ауэ фыгъуэн-ижэныр яку къыдыхьэри пщыгъэмрэ мылъкумрэ яхузэрымыгъэгуэшу, зэрымыгъэпщ-зэрымыгъатхъэу зы анэ къилъхуа зэшищыр бий кIэуфIыцI зэхуэхъуащ.

Апхуэдэу зэлъимыхьэу куэдрэ зэбия нэужь, Мысост мурад ищIащ зэшхэр зэригъэкIужыну. И къуэшитIыр къригъэблэгъащ, фадэ Iэнэ къахуищтэри, езыри яхэтIысхьэжащ.

- Дэ зы анэ дыкъилъхуащ, зы быдзыжь дефащ. Ди адэм и уэсятыр ткъутауэ сыт щхьэкIэ дызэбий? Зэш-зэхуефэ дывгъэщIи дызэвгъэкIуж! – жиIэри, я пащхьэм бжьэ зырызыхэ иригъэуващ. Зэшищыр Iэнэм пэрысщ, я щхьэхъумэхэри Iэщэ-фащэкIэ зэщIэхуэпыкIауэ къащхьэщытщ.

ХьэтIохъущыкъуэ нэхъыжьти, хабзэкIэ япэ ефэн хуейр арат, ауэ и къуэшым щхъухь хидзауэ шэч ищIырти, ефэртэкъым. ХьэтIохъущыкъуэ емыфэу Мысост, абы кIэлъыкIуэрти, ефэ хъуртэкъым. Ислъам нэхъыщIэ дыдэти, и къуэш нэхъыжьитIыр емыфауэ ефэну хабзэтэкъым.

Зыкъомрэ зраIуэнтIыхьу щыса нэужь, Мысост къэгубжьащ:

- Уа ХьэтIохъущыкъуэ, ущIемыфэр щхъухь хэздза уи гугъэу аращ, ауэ сэ апхуэдэ напэ сиIэкъым. Нобэ щыщIэдзауэ си IэмыщIэ илъ си блыгущIэтхэм хабзэу яхузогъэув «Мысостей бжьищ» жаIэу гупым къыкIэрыхуар тезыру ирагъэфэну! - жиIэри, ХьэтIохъущыкъуэ и бжьэр къищтэри ирифащ, абы иужькIэ езым и бжьэри ирифащ, а тIуми яужькIэ Ислъам и бжьэри ирифащ.

Апхуэдэу къежьащ «Мысостей бжьищым» и хабзэр.

«Къетыкъуей бжьищым» и хабзэр къыщежьар иужькIэщ.

Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэ зэманым АргуданыщIым щыщIэдзауэ Елъхъуэт нэс, ипщэкIэ асэтинхэр зыщыпсэу къуршым и жьэгъум еуалIэу, а щIыпIэ псори IэщIэлъащ. Асэтинхэр къыдэкIамэ, къызытехьэр Аслъэнбэч ищIт. Абы щхьэкIэ асэтинхэр Аслъэнбэчым къеубзэн хуей хъурт.

Арати, зэгуэрым асэтин алдар Къэбан и къуэм Аслъэнбэчыр хьэщIэу иригъэблэгъащ. Аслъэнбэч Мамхэгъхэ ящыщ щIалэ и пщафIэ гъусэу кIуащ.

Къэбан и къуэр зи ныбжьыр илъэсищэм щIигъуа лIыжьт. Iэнэ къыхузэIуахри, Къэбан и къуэжьыр къэтIысащ. Аслъэнбэчыр хьэщIэти, и ижьрабгъумкIэ, жьантIэм дришейуэ игъэтIысыну, къелъэIуащ. Аслъэнбэч адыгэ хабзэм фIыуэ щыгъуазэт, езыри хьэщIэу, пщыгъэкIи нэхъ лъагэу щыт пэтми, илъэсищэм фIэкIа лIыжьым ипщэкIэ кIуэуэ тIысын имыдэу и сэмэгурабгъумкIэ щытIысащ. Асэтинхэр къыщхьэщыуващ.

- Си бжьэм къысхуефэ, Аслъэнбэч! - жиIэри лIыжьым Аслъэнбэчым бжьэ къыIэщIигъэуващ. Къущхьэ аркъэ гуащIэр зэрыт фалъэр къызэрыгуэкI бжьэтэкъым. Зы пхъэм къыхэщIыкIауэ фалъищу зэтетт. И щIагъым итым щефэкIэ, адрей тIури абы къилъадэрти, ирифын хуейт. Аслъэнбэч и лIыгъэр осетинхэм гъэунэхупIэ ирагъэуват: япэрауэ, Аслъэнбэч хьэщIэт, хьэщIапIэм зыщиIыгъын хуейт, емыкIу къимыхьу. ЕтIаунэу, Аслъэнбэч пщыт, къратам емыфэфмэ, ефэрэ чэф игъуэтмэ, и пщыгъэ напэм екIуртэкъым, и щIыхьыр асэтинхэм я пащхьэм щыкъутэнут. Апхуэдэ напэтех къыщымыщIын щхьэкIэ адыгэлIым зигъэлIэнут. Аслъэнбэч езыр лIышхуэт икIи къарууфIэт. Асэтинхэм къыIэщIагъэува бжьэр ирифри и пащIэр иIуантIэжащ. Фалъэр щахуишиижым, Къэбан и къуэм жиIащ:

- Уи хьэлэлщ, Аслъэнбэч, улIщ, лIыгъэ уиIэщ. А фалъэр си фэеплъу зепхьэну уэ пхуезгъэщIащ.

Аслъэнбэч лIыжьым фIыщIэ хуищIри, фалъэр къыщхьэщыт и пщафIэ щIалэм иритащ.

Аслъэнбэч выгъашхэ къыхуаукIати, выщхьэр гъэвауэ къахьри и пащхьэм кърагъэуващ.

-Уэ ущысу сэ щхьэр дауэ скъутэн! - жиIэри, щхьэр лIыжьым дежкIэ иригъэкIуэтэкIащ.

Ари лIыжьым игу ирихьащ.

Выгъашхэм и щхьэр IэкIэ пхуэкъутэнт?! Сэ щхьэкIэ лIыжьым зыщиплъыхьым, Аслъэнбэч и пщафIэ щIалэ Мамхэгъым и къамэщIэлъысэр кърипхъуэтри хуишиящ. ЛIыжьым сэр Iихри тхьэкIумэр къытригъэжри сапэм пылъу къыщыхуишийм, сэр къыIимыхыжу сапэм пылъ тхьэкIумэр и Iэгур иущIри кърыригъэлъхьащ. Щхьэр зэхиупщIэтэн щхьэкIэ лIыжьыр сэм хуеинут. Ар Аслъэнбэчым игу ирихьащ.

Аслъэнбэч апхуэдэу асэтинхэм къагъэлъапIэу къагъэхьэщIэри къэкIуэжащ, фалъэ къратари къыздихьри.

Мамхэгъыр, и зыIыгъыкIам и пщIэу, Аслъэнбэч уэркъ ищIащ. Тыгъэ къыхуащIа фалъэр щыуэ зэтету зэрыщытым и цIэкIэ «Къетыкъуей бжьищ» жаIэу, гупым къыкIэрыхуар тезыру ирагъэфэну хабзэу и цIыхухэм я деж щигъэуващ. Аращ «Къетыкъуей бжьищ» жыхуаIэр. Аслъэнбэч и адэр Къетыкъуэти, и адэм и цIэкIэ игъэуващ. Аращ хъыбарым жиIэр.

 

ЩХЬЭ ЩIЭЛЪЭНЫКЪУЭ

 

Адыгэ хабзэр зэхуэхьэсыжыным, джыным куэд хэзылэжьыхьа Щоджэн Хьэзешэ сэрэ щхьэ щIэлъэныкъуэм иращIэкIыу щыта хабзэхэр зэIубз зэрытщIар мыращ. Ар адыгэ хабзэхэм увыпIэшхуэ щызыIыгъхэм, хьэщIэ зэрагъэлъапIэм щыщщ.

А хабзэр зэман жыжьэм къыщежьащ, лIэщыгъуэ куэдкIэ зэхалъхьащ. ар тхауэ щымыIэми, адыгэ лъэпкъым псоми я эхуэдэу Iэмал имыIэу зэдагъэзэщIэн хуейуэ яубзыхуащ. Аращ «хабзэмыщIэ емыкIущ» щIыжаIар. Абы къикIыр хабзэр пщIэни бгъэзэщIэни хуейщ жиIэу аращ. «Хабзэр убзэ зыфIэщIым хуэпщIэнум и ныкъуэр къегъанэр», - «сыноубзэу аракъым щIыпхуэсщIэр, хабзэщи аращ, ар къыщыбгурымыIуэкIэ, пхуэсщIэн хуейм и ныкъуэрщ пхуэфащэр» жыхуаIэщ. «Хабзэр бзэгупэкIэ зэрахьэркъым», - хабзэр жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ гъэзэщIэн хуейщ, жыхуаIэщ. А псори иджыпсту щIыжытIэр дэ зи гугъу тщIыну хабзэм ахэр епхащи аращ.

Адыгэхэм я хабзэ дахэ куэдым щыщ зыщ гупыр Iэнэм щыпэрысым и деж щхьэ щIэлъэныкъуэм иращIэкI хабзэр. «Iэнэм упэрысу къэбгъащIэр гъащIэм щыщкъым», жаIэ адыгэхэм. Ар щIыжаIэр адыгэхэр Iэнэм щыпэрысым и деж дуней гугъуехьымрэ гукъеуэмрэ ящыгъупщауэ, хабзэ дахэ яхэлъу, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, зыми губгъэн имыщIу зы тхьэмадэм и унафэм щIэту, тхъэжу Iэнэм пэрысу зэрыщытарщ.

Адыгэхэм Iэнэм иращIэкI хабзэр гупыр щызэхэтIысхьэ дакъикъэм щIедзэ. Нэхъыжьыр тхьэмадэщ, ар мытIысауэ Iэнэм зыри бгъэдэтIысхьэркъым. А тхьэмадэр езыр хахыркъым – псоми нэхърэ нэхъыжьщ тхьэм хихауи, нэхъ щIыхь зыпылъ, нэхъ пщIэ къыщыхуащIын хуей тIысыпIэм мэтIыс. Езы «тхьэмадэ» псалъэр зэрыадыгэбзэм шэч лъэпкъ хэлъкъым. Ар ди бзэм къыхэкIыу, гуп щызэхэтIысхьэкIэ иреджэу, лъэпкъ куэдым къызэращтар «тамада» жаIэущ.

Тхьэмадэм Iэнэр къызэIуех. БгъуэщIэсым (щхьэгъэрытым) кхъуэщын IэлъэныкъуэшхуэкIэ иIыгъ махъсымэр пхъэ фалъэ ин кIы гъуанэ зиIэм изу иригъахъуэрти, тхьэмадэм хуишийрт. Тхьэмадэр ар иIыгъыу гупыр щIызэхэтIысхьа гуфIэгъуэм техъуэхъухьырти, и сэмэгурабгъумкIэ хьэщIэ къыщысмэ, «хъуэхъуэн си къалэнти, сыхъуэхъуащ, ефэн уи къалэнщи, къефэ», - жиIэрти, абы иритырт. ХьэщIэм зыри жимыIэу абы хэфырти тхьэмадэм къритыжырт. ИтIанэ езы тхьэмадэр «НокIуэ», - жиIэрти, и ижьырабгъумкIэ къыщысым еджэрт. Зэджам «КърекIуэ, гъуэгуфIщ», - къыжриIэжырт. Абы иужькIэт тхьэмадэр махъсымэбжьэм хэфу а зэджам щритыр.

Ди зэманым ираф фадэм елъытауэ хабзэми зихъуэжащ. Iэнэм пэрыс псоми я пащхьэм стэчан зырызыхэ итщи, щхьэгъэрытым псом япэу нэхъыжьым ейм ирегъахъуэ, итIанэ - къыкIэлъыкIуэхэм. Тхьэмадэм и стэчаныр къищта нэужь, мыдрейхэми къащтэ. ГуфIэгъуэр зытеухуам елъытауэ тхьэмадэр мэхъуахъуэри хуеймэ йофэ, хуэмеймэ, егъэувыж. Абы и ужькIэщ мыдрейхэм я бжьэр щаIэтыр.

Мы псоми дэ я гугъу щIэтщIар щхьэ щIэлъэныкъуэм и Iуэхум пыщIа хабзэхэм ахэр епхащи аращ.

Адыгэ Iэнэм, ар гуфIэгъуэ гуэрым хуаIэтами, тхьэлъэIуми, иужь дыдэу къытехьэр нышырщ. Нышу яукIыр щынэщ е мэлщ. Ар хабзэ щIэхъуар хьэщIэм и ежьэжыныр бысымым зыкъомкIэ тещIыхьауэ, и унафэу зэрыщытыр арауэ къыщIэкIынт. «КъэкIуэныр хьэщIэм и Iуэхущ, кIуэжыныр бысымым и Iуэхущ», щIыжаIар аращ. ХьэщIэр псынщIэу иригъэжьэжынуми, игъэгувэнуми хуитыр бысымырт. Бысымым и хьэщIэнышыр Iэнэм къытемыхьауэ хьэщIэм ежьэжын Iуэху зэрихуэ хъунутэкъым, хабзэтэкъым. ХьэщIэнышыр Iэнэм къызэрытехьэу, хьэщIэм ежьэжын Iуэху зэрихуэ хъунутэкъым, хабзэтэкъым. ХьэщIэнышыр Iэнэм къызэрытехьэу, хьэщIэм къыгурыIуэрт бысымым яхуищIэнур зэрахуищIар, абы и ужькIэ хьэщIэр ежьэжыну хуит зэрыхъуар. Ди зэманми аращ зэрыщытыр.

Ауэ нышыр Iэнэм къызэрытехьэу абыкIэ Iуэхур зэфIэкIыртэкъым. Щхьэ щIэлъэныкъуэр къахьын хуейт. Ар иджы лым и гъусэу къахь щхьэкIэ, ипэкIэ апхуэдэу щытакъым. Щхьэ щIэлъэныкъуэр лы гъэвам и гъусэу яхьу хабзэтэкъым. Лы гъэвам хашхыкIынур хашхыкIа нэужь, щхьэ щIэлъэныкъуэр нэгъуэщI дэщIымыгъуу тепщэчкIэ яхьырти, Iэнэр къызэIузыхам и пащхьэм хутрагъэувэрт. Абы къикIыр - Iэнэр къызэIузыхам ар зэхуищIыжын хуейт, гупыр ежьэжыну хуит ищIын папщIэ. Ауэ, абы щыгъуэми, а щхьэ щIэлъэныкъуэр ямыкъутэу зыри къэтэджыжыну хуиттэкъым, ар хабзэтэкъым.

Хэт иджы щхьэ щIэлъэныкъуэр зыкъутэн хуейр? Ар зи къалэныр Iэнэр къызэIузыхыу тхьэмадэу гупым яхэса нэхъыжьыфIырщ. Щхьэр нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащI Iыхьэщ. Ауэ мыри зыщыгъэгъупщэн хуейкъым. Нышыр щIаукIар нысашэ е лъэпкъым и нэгъуэщI гуфIэгъуэу щытмэ, щхьэ щIэлъэныкъуэр гупым нэхъыжьу яхэсым хутрагъэувэ, ауэ нышыр зыхуаукIар хьэщIэу щытмэ, щхьэ щIэлъэныкъуэр зейр а зыхуаукIа хьэщIэрщ, абыкIэ хьэщIэм пщIэ хуащIу аращи, абы хутрагъэувэн хуейщ. АрщхьэкIэ езы хьэщIэм нэхърэ нэхъыжь тхьэмадэ гупым яхэсмэ, ар къеплъу щхьэ щIэлъэныкъуэр икъутэну емыкIути, а нэхъыжьым и пащхьэм иригъэувэжырт, нэхъыжьми ар зэрыхуэфащэр ищIэжырти, зыри жимыIэу икъутэрт. Ауэ хьэщIэр нэхъыжьмэ, езы хьэщIэм икъутэрт, имыкъутэнуми, зэрыхьэщIэм щхьэкIэ хуитти, нэгъуэщI гуэрым иритырти иригъэкъутэрт.

Iэнэм тралъхьэр щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьрабгъурат. Зы Iэнэм щхьэ щIэлъэныкъуитI тралъхьэртэкъым, зы унэми щхьэ щIэлъэныкъуитI щIахьэртэкъым. ЦIыхубз Iэнэми щхьэ щIэлъэныкъуэ тралъхьэртэкъым. Ар къызыхэкIыр «щхьэ щIэлъэныкъуэр лIыжь Iыхьэщ», - жаIэу арат, лIыжьым нэмыс ирихуащIу.

Адыгэ хабзэмкIэ щхьэ щIэлъэныкъуэм нэмысышхуэ иIэт, ар адэжьхэм я Iыхьэу зэрыщытым къыхэкIыу. Ар хэт къыпэщIэхуами зэхифыщIэу ежьэж хъунутэкъым. Икъутэн дэнэ къэна, нэхъыжь здэщыс Iэнэм нэхъыщIэр щхьэ щIэлъэныкъуэм еIусэртэкъым. Адэ зиIэм щхьэ ишхыхэртэкъым, и адэм и нэмысыр ихъумэу.

Щхьэр сыт хуэдизкIэ ягъэлъапIэми, лы Iыхьэу Iэнэм тралъхьэртэкъым. А щхьэ щIэлъэныкъуэр уэ узэрыфIэфIым хуэдэу пкъутэмэ, Iэнэм щысхэр къыпщыдыхьэшхынут. Абы хабзэ белджылы иIэщ. Щхьэ щIэлъэныкъуэр къыщахькIэ сэ щIыгъун хуейт, иджы апхуэдэу ямыщIыж щхьэкIэ. Сэри и гъусэу къахьамэ, щхьэ щIэлъэныкъуэр зыкъутэм тхьэкIумэр къытрегъэжри езыр зыфIэфIым ирет, нэхъыщIэхэм ящыщ гуэрым. И пэнцIывыр къыпещIыкIри, и бгъуитIымкIэ щысым нэхъыщIэм ирет. И щхьэпхэтIыгур нэхъыжьым хуеший, ауэ езым ишхынуми хуитщ. Iэнэгум иригъэувэу зыхуейм иригъэшхи хъунут.

Адыгэ хабзэмкIэ, пасэ зэманым щхьэр Iыхьитхуу ягуэшу щытащ. Ауэ иджы нэхъыбэм зэракъутэр Iыхьищущ – пэнцIывыр, нэщIащэр, щхьэпхэтIыгур.

Мыпхуэдэуи къохъу. Щхьэ щIэлъэныкъуэм дэщIыгъуу сэ къахьакъым, ар зыкъутэми сэ иIыгъкъым. Сыт пщIэнур? Япэхэм щыгъуэ щIалэхэм къамэ щIагъым сэ щIэлъу зэрахьэрт. Нэхъыжьым сэ щхьэкIэ зиплъыхьу гу лъатамэ, щIалэхэм ящыщ зым а сэр кърихырти тхьэмадэм иритырт. А сэмкIэ къытрагъэжа тхьэкIумэр сапэм фIэлъу ар къезытам хуишиижырт. Арат «сапэпылъкIэ» зэджэр. ЩIалэр пхъуэуэ ар къыпимычу и Iэгум кърыригъалъхьэрт. Нэхъыжьым тхьэкIумэр, сэр къезытар къигъанэу, нэгъуэщIым иритыну хабзэтэкъым. А щIалэм и сэмкIэ а тхьэкIумэр къилэжьат. Ар щIыхьт, армыхъумэ шхыныгъуэ бэлыхьу аратэкъым.

Дунейм ещхьу, хабзэми зихъуэжурэ къокIуэкI. Щхьэ щIэлъэныкъуэм ехьэлIа хабзэхэми зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтащ. «Къэбублэр хабзэщ», - жиIэгъащ Жэбагъы. Ауэ нэхъыфIыр ди нэхъыжьхэм зэращIу щытам теувэжамэт.

«Адыгэ псалъэ», 1991 гъэм мэлыжьыхьым и 2.

 







ЧТО И КАК ПИСАЛИ О МОДЕ В ЖУРНАЛАХ НАЧАЛА XX ВЕКА Первый номер журнала «Аполлон» за 1909 г. начинался, по сути, с программного заявления редакции журнала...

ЧТО ПРОИСХОДИТ, КОГДА МЫ ССОРИМСЯ Не понимая различий, существующих между мужчинами и женщинами, очень легко довести дело до ссоры...

ЧТО ТАКОЕ УВЕРЕННОЕ ПОВЕДЕНИЕ В МЕЖЛИЧНОСТНЫХ ОТНОШЕНИЯХ? Исторически существует три основных модели различий, существующих между...

Что делать, если нет взаимности? А теперь спустимся с небес на землю. Приземлились? Продолжаем разговор...





Не нашли то, что искали? Воспользуйтесь поиском гугл на сайте:


©2015- 2024 zdamsam.ru Размещенные материалы защищены законодательством РФ.